|
Зытеухуар 'Фэ фщIэрэ'
2021-03-23
- Дунейм щызекIуэ махуэгъэпс псори лIэужьыгъуитIу зэщхьэщокI: мазэм тещIыхьахэмрэ дыгъэм декIуэкIхэмрэ. Археологхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, пасэрей адыгэхэм а тIуми яжь къыщIихуащ икIи зэман къэбжыкIэ щхьэхуэ къадекIуэкIыу щытащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
2020-10-27
- «Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» иризэпытщIэу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
2019-03-16
- Iэужь. Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм яхэлъа хабзэщ. ЛIым щхьэгъусэ къыщишэм деж, нысащIэм зы жэм тыгъэ хуищIырт. А жэмри абы къыщIэхъуэхэри а цIыхубзым ейт, абы и унафэншэу ар зыми итыну, ищэну хуиттэкъым. Хабзэр къыщекIуэкIар пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманырщ.
- IэщэгъэтIылъыж. ЗекIуэм ехьэлIа пасэрей адыгэ хабзэщ. Япэм щыгъуэ цIыхухъухэр зекIуэм хэтыныр лIыгъэм и щапхъэу ябжырт. IэщэкIэ зэщIэузэда адыгэлIым гъуэгуанэ кIыхь зэпичыфырт, лIыгъэщIапIэ ихуэми, и пщIэр имыгъэкIуэду къикIыжыфырт.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
2018-08-23
- Щхьэм и Iыхьэхэр
- Щхьэ — голова.
- Щхьэ къупщхьэ (мыр къупщхьэ щхьэхуэ 32 зэгуэгъухэу егуэшыж, шэрыпI псэущхьэ псоми я зэхуэдэу. 33-рэ зиIэр кхъуэ закъуэращ — и пэ бетакъым и лъабжьэр къыхохьэри) — череп (он ещё подразделяется у всех млекопитающих на 32 парных костей, у свиньи — 33 за счет основания пятачка).
- Щхьэц — волос головы.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
2018-01-13
- Дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, япэ адыгэ газетыр Дым Iэдэмрэ Цагъуэ Нурийрэ 1917 гъэм къыдагъэкIын щIадза «Адыгэ макъ» зыфIащаращ. Абы къыкIэлъокIуэ 1924 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м япэу дунейм къытехьа «Къэрэхьэлъкъыр». Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, газет Iуэхум Налшык иджыри Граждан зауэм и зэманым зэфIэувэн щыщIидзат, зи гупыжри совет тхыдэм и нэфI зыщымыхуа «офицер хужьхэращ». Абы щыгъуазэ дещI Налшык хужьхэм я унафэм зэрыщIэтам теухуауэ «Къэрэшейм къиIуэтэжахэр» зи псалъащхьэ тхыгъэм, Жансит Уэсмэн и кандидат лэжьыгъэм щыщ пычыгъуэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
2016-09-26
- Баклан японский — япон хыбабыщ
- Глухарь — хъунгъар, бзудэгу
- Лунь степной — жьец, мэкъупIэжьец
- Мухоловка-пеструшка — жьыкъанкъуэлэн
- Лысуха — псыджэд, къамылджэд Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
2016-09-03
- Урымхэм я япэ мазэу щыта мартым укъыдэбжэмэ, сентябрыр ебланэ мазэщ. «Септембе» псалъэм латиныбзэкIэ «блы» бжыгъэцIэр къикIыу аращ.
- Адыгэхэм а мазэм ехьэлIауэ фIэщыгъэцIэ зыбжанэ къагъэсэбэп: Iуэгъуэ (время молотьбы колосовых), бжьыхьэпэмазэ (начальный месяц осени), гъубжэдэх (название празника в честь окончания уборки проса). Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
2013-09-07
Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ
|