Къайсэр адыгэбзэ щадж
2023-04-01
- Адыгэбзэр ди къэралым и хэгъэгу зыбжанэм къэралыбзэу къызэрыщалъытэм нэмыщIкIэ, дунейпсо мыхьэнэ иIэу жыпIэ хъунущ ар нэгъуэщI къэралхэм я курыт школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ зэрыщрагъэджыр къэплъытэмэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, анэдэлъхубзэр щадж Тыркум и къалитIым — Къайсэррэ Дюзджэрэ. Иджыблагъэ ди газетым тетащ Къайсэр дэт Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм щылажьэ ди лъахэгъу, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, доцент Инчы Иринэ «Адыгэ псалъэм» кърита интервьюр. Абы и гъусэу Эрджиес университетым щолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу иджыри зы адыгэ бзылъхугъэ. Ар бзэщIэныгъэхэмкIэ кандидат Къумыкъу Маринэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2021-05-20
- Къэхъун курыт школ №2-м щекIуэкIащ «115-нэ къэбэрдей шуудзэм и лIыгъэ мыухыж» телелъэмыж видеоконференцыр. Абы хэтащ Ростов щIыналъэм щыщ Большая Мартыновкэ къуажэм дэт школымрэ Къэхъун школымрэ я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2019-08-14
- Ди гуапэ зэрыхъущи, йофIакIуэ хэкурысхэмрэ хамэ щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дяку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр. Абы и щыхьэтщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къызэрыкIуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2019-08-08
- Налшык щыIэ «Долинск» зыгъэпсэхупIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Иордание, Тырку, Израиль къэралхэм, ди гъунэгъу Ставрополь щIыналъэм щыщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр къегъэблэгъэным теухуа зэхыхьэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2019-07-27
- Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр дахэу щагъакIуэхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща «Адыгэ вагъуэзэшибл» зэхыхьэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2018-11-20
- УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт ДыщэкI Тамарэ цIыху насыпыфIэу зелъытэж. 2018 гъэр а бзылъхугъэм и дежкIэ фIэрафIэ дыдэщ, сыту жыпIэмэ абы егъэлъапIэ зэуэ махуэшхуитI: фIыуэ илъагъу «Ногай давысы» лъэпкъ газетым зэрыщылажьэрэ илъэс 50 зэрыхъумрэ и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъумрэ. ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа Тамарэ ноби жыджэрщ, хэлъэт иIэщ, Iуэху дахэ куэдым я жэрдэмщIакIуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2018-11-17
- ЩэкIуэгъуэм и 12 — 15-хэм Налшык къалэм щекIуэкIащ «Щэнхабзэр зэгурыIуэм и лъабжьэщ» зэхыхьэр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, Осетие Ипщэм, Абхъазым я лIыкIуэхэр (библиотекэхэм, музейхэм я лэжьакIуэхэр, художественнэ гупхэм я унафэщI-хэр, н).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2018-10-30
- «Рифмы на Рице» фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ Абхъазым щекIуэкIа фес-тивалыр щIэныгъэлI, тхакIуэ Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъум хуэгъэпсауэ щытащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2018-09-25
- «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIащ Тыркум щыпсэу хэхэс адыгэхэм я щIэблэ сурэтыщI Бзаджэ Эргун, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым и лIыкIуэхэу Хьэпай Бильгиерэ Токъу Несринрэ.
-

-
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъухэр хигъэгъуэзащ редакцэм и тхыдэмрэ и лэжьыгъэмрэ зыхуэдэм.
- Бзаджэ Эргун и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Налшык щигъэлъэгъуащ. А сурэтхэм ящыщщ абы ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тыгъэ къыхуищIар. Апхуэдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Щоджэн Iэминати зы сурэт къритащ, и лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпын папщIэ. Мухьэмэд хьэщIэхэм яритащ «Кабардино-Балкария» сурэтылъэ-альбомыр, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIар.
- Хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ гуапэу зэбгъэдэсащ, я Iуэху зыIутымкIэ зэщIэупщIащ, дяпэкIи зэрыщIэну, зэкIэлъыкIуэну зэгурыIуащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
-
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2018-05-17
- Ди газетым зэрытетащи, Осетие Ищхъэрэ — Аланием и «Растдзинад» («Пэж») лъэпкъ газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу иджыблагъэ Владикавказ къыщызэрагъэпэщат конференц гъэщIэгъуэн.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2017-11-29
-
Ставрополь крайм хыхьэ Къурей (Курской) щIыналъэм щыщ Серноводскэ къуажэм иджыблагъэ ще кIуэкIащ адыгэ щэнхабзэм хуэгъэпса «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» зыфIаща фес тивалыр. Ар къызэрагъэпэ — щат КъБР-м Граждан жылагъуэ инс титутхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэмрэ Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэмрэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2017-10-18
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ-къэр къэрал университетым щызэхэтащ Урысейм и геральдмейстер нэхъыщхьэ, Къэрал Эрмитажым и унафэщIым и къуэдзэ, еджапIэ нэхъыщхьэм щIыхь зиIэ и профессор, абы и ПсапащIэ советым хэт Вилинбахов Георгийрэ гуманитар, правовой къудамэхэм щIэс студентхэмрэ я зэIущIэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2017-10-18
- Иджырей журналистикэм и урысейпсо зэIущIэу гъэ къэс «Дыгъэмыс» хьэщIэщым щызэхыхьэм хэту екIуэкIащ Лазаревскэ районым (Сочэ къалэ) теухуа гъэлъэгъуэныгъэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2017-02-10
- Дагъыстэн Республикэм и махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нобэ къыщызэIуах. Абы хуэгъэпса зэIущIэхэм хэтыну ди республикэм къэкIуэнущ цIыху 200-м нэблагъэ. Дагъыстэныр ящыщщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу Урысейм и хэгъуэгухэм, абы и щIыналъэм исщ цIыху мелуани 3-м щIигъу. Илъэс куэд щIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми щопсэу дагъыстэнхэм я лIакъуэ зыбжанэм къыхэкIахэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр
2017-01-31
- АР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ КъумпIыл Мурат Адыгэ Республикэм и Правительствэм и Унэм щахуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщокъуэ Рэмэзан, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я Хасэм щIыхь зиIэ и унафэщI ТIэш Мурдин, Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид сымэ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ди лъэпкъхэгъухэм запыщIэнымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр сымэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр