2020-06-27
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм «Зи щхьэ хущыт жылагъуэ мониторинг» зэгухьэныгъэр и гъусэу видеоконференц жыпхъэм иту иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуа IэIэтым ехьэлIауэ зэбграгъэкI хъыбар нэпцIхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2019-04-09
- Иджыблагъэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ лъэпкъхэм, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэм я зэхущытыкIэхэр гъэтэмэмынымкIэ лэжьакIуэ гупым я зэIущIэ. Абы щыхэплъащ республикэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэнымкIэ, дин Iуэхухэр тэмэму зэтегъэувэнымкIэ мы зэманым екIуэкI лэжьыгъэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2018-04-12
- ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ шей Iэнэм пэрысу зэпсэлъащ. Мыпхуэдэ зэIущIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм илъэс еплIанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ. Зи сабиигъуэм фашист гъэрыпIэм итауэ иджыпсту республикэм псэууэ къинэжар цIыху 42-рэщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2018-02-27
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щедэIуащ УФ-м и Президентым и саугъэтхэр зыт фондым 2017 гъэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щытекIуахэм ягъэзэщIэну лэжьыгъэхэр зытеухуам. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэхэу Аттаев Жэмал, Федченкэ Людмилэ, граждан жылагъуэм, лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и тхьэмадэ Маслов Николай, республикэм мылъку къэлэжьыным темыщIыхьауэ щылажьэ IуэхущIапIэхэм (НКО) я лIыкIуэхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2017-12-26
- Дауэ лэжьа Жылагъуэ палатэр 2017 гъэм?
-
Ди газетым зэрытетащи, КъБР-м и Парламентым дыгъэгъазэм и 22-м щызэхэтащ республикэм и Жылагъуэ палатэм и IX пленарнэ зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ IуэхущIапIэм 2017 гъэм зэфIигъэкIахэмрэ етIанэгъэ къыпэщылъхэмрэ. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2017-09-23
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ хэкупсэ мыхьэнэ зиIэ «Равнение на героев» урысейпсо Iуэхум хыхьэу къызэрагъэпэща зэхуэсыр. Запасым щыIэ офицерхэм я «Мегапир» цIыхубэ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщI Аттаев Жашарбек и жэрдэмкIэ, абы кърагъэблэгъат Урысейм и ЛIыхъужьхэм я ассоциацэм хэтхэу Куков Валерий, Алимов Владимир, Федотов Евгений сымэ, «Перекличка поколений» фондым (Москва къалэ) и унафэщI Лисицкая Ольгэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2017-06-28
- Урысейм и Жылагъуэ палатэм и еханэ хэхыгъуэм КъБР-м къыбгъэдэкIыу хаха Нэхущ Заурбий иджыблагъэ хэтащ палатэм и япэ пленар зэхуэсым икIи ар къызэрыщыхъуар ди корреспондентым къихуиIуэтэжащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2014-03-26
-
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ зэIущIэ щхьэпэ. Ар теухуат ди республикэр зыхущыщIэ IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зыхуэдэм. Экономикэ зыужьыныгъэмрэ хьэрычэтыщIэхэр дэIыгъынымкIэ комиссэм и унафэщI Мэзло Руслан депсэлъылIащ щIалэгъуалэр лэжьыгъэ IэнатIэм къешэлIэн папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэм теухуауэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2014-03-12
- Украинэм иужь зэманым щекIуэкIхэм темыгузэвыхьынкIэ, зэгуимыгъэпынкIэ, ахэр я жагъуэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым тэмэму гупсысэ цIыху псори. Дэ сыт и лъэныкъуэкIи ди гъу-нэгъу къэралым конституцэм тету щыхаха унафIэщIхэр я IэнатIэм IэщэкIэ зэщIэузэдауэ цIыхухэм традзри, тетыгъуэр яубыдащ лъэпкъ зэхэгъэж зыщI бзаджэнаджэхэм. Абыхэм «я тетыгъуэр яублащ» залымыгъэ ткIийм и хабзэр ягъэувынымкIэ. Лъыгъажэ зэхаублащ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хаутащ. Украинэм куэду щыпсэу урысхэр урысыбзэкIэ псалъэ мыхъуну ягъэуващ, оппозицэм щыIэ политикэ партхэр зэбграхуащ, Iуэхум нэгъуэщIу егупсысхэр зэхэзехуэн ящI.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2014-03-05
- «2013 гъэм КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр
- Республикэм и жылагъуэ щытыкIэмрэ я IуэхукIэ» республикэм и Жылагъуэ палатэм и
- етIуанэ хэхыгъуэм и етхуанэ пленар зэIущIэм Тау Пщыкъан къыщипсэлъар
-
- ПщIэ зыхуэсщI Ануар Ахъмэт и къуэ!
- ПщIэ зыхуэсщI Алексей Иван и къуэ!
- Жылагъуэ палатэм хэтхэу, хьэщIэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Иджырей Урысейм щыIэ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ граждан жылагъуэмрэ къэрал властым и органхэмрэ тэмэму зэрызэдэлэжьэну Iэмалхэр зэтегъэувэныр, цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэр къэлъытауэ, социальнэ, экономикэ, къинэмыщI къалэнхэр щыубзыхуа унафэхэр гъэхьэзырыныр. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуащ демократием и иджырей лъэхъэнэм политикэ лэжьыгъэр Правительствэм пымыщIа зэгухьэныгъэхэр хэмыту, абыхэм я Iуэху еплъыкIэр къэмылъытауэ ебгъэкIуэкIыну уи нэгу къызэрыпхущIэмыгъэхьэнур. Президентыр зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ граждан жылагъуэм куэд зэрелъытам икIи иужьрейуэ абы Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзар япэрейхэм абыкIэ къащхьэщокI. Путиным зэрыжиIамкIэ, жылагъуэ палатэхэр цIыху гуп псоми я гупсысэхэр къыщаIуатэ утыку хъун хуейщ. «Иджырей Урысейм жылагъуэ зэпсэлъэныгъэхэр зыубгъуауэ щегъэкIуэкIыпхъэщ икIи абыхэм Iуэху тэмэмхэр къарикIуэу, абыхэм япкъ иткIэ, жылагъуэ жэрдэмхэр къэрал политикэм щыщ Iыхьэу уву, ахэр гъэзэщIа зэрыхъум жылагъуэр кIэлъыплъу щытыпхъэщ», — къигъэлъэгъуащ абы.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2013-11-20
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къеблэгъат Урысей Федерацэм и IуэхущIапIэ ар зи къудамэм и лIыкIуэхэр. Политикэ партхэм я хэхыныгъэхэр тэмэму къызэгъэпэща хъунырт ахэр къызытекIухьари, абы ехьэлIауэ яIэ Iуэху еплъыкIэхэр утыку кърахьащ, хэгъэрейхэм я жэрдэмхэри къалъытэну къагъэгугъащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
2013-07-10
-
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIа ещанэ пленар зэIущIэм республикэм и Iэтащхьэри кърихьэлIащ. ЗэIущIэр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ зыщегъэужьыным.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм