Ныбжьэгъужьым уи щIыб хуумыгъазэ
2021-02-27
- Плъагъу мыхъу цIыхуми гущIэгъурэ цIыхугъэкIэ декIуэкIыпхъэщ.
- Псалъэ дыджым гущIэгъур гум къреху, гущIэгъур гум имылъыжмэ цIыхугъэр гугъу йохь.
- ЦIыхум хуэпщIэм-хуэпщIэурэ зэ хуэмыщIэгъуэм псори кIуэдыжмэ, умылъыхъуэ — бгъуэтыжынукъым.
- Тхылъ емыджа цIыхум дунейр здэжэри зыхуэжэри ищIэркъым.
- Лъагъуныгъэ нэпцIыр жьэм къыщипсэлъкIэ, шыгъуи фошыгъуи зыхэмылъ хъудырыпс хьэ Iусым ещхьщ.
- Дзэ зэхуакум дэна шхыным бзэгур зэреныкъуэкъум ещхьу, цIыхум пцIы щиупскIи бзэгум имыдамэ арат.
- Узыдэуэршэр цIыхур хущхьэу хуежьамэ, уи псалъэм кIэщI зегъэщI.
- ЖыхапхъэщIэр къабзэу пхъанкIэу жаIэ, ауэ абыхэми яхэтщ тIэкIу зэгъэзэхуэжын хуейхэр (нысэ гъэсэкIэм теухуащ).
- НыбжьэгъущIэ къэзгъуэтащ жыпIэу ныбжьэгъужьым уи щIыб хуумыгъазэ.
- ЦIыху щыIэкъым, хэлъ псори хьэлыфI защIэу, ауэ хьэл Iейр игъэпщкIуфрэ фIыр къигъэлъэгъуэфмэ хъарзынэщ.
- ЧЭГЪЭДУ СэIихьэт.