|
Зытеухуар 'Тхыдэ'
Атэлыкъ хабзэр
2023-08-22
- Пушкин Александр нимытхысахэм ящыщщ «Тазит» поэмэр. Абы и Iыхьэ щхьэхуэхэр 1829 гъэм и кIэм 1830 гъэм и пэм Кавказым теухуауэ итхахэм я гъусэу Iэрытхыр и Iэдакъэ къыщIэкIат, ауэ а зыр и кIэм нимыгъэсауэ къэнат. ТхакIуэшхуэр дунейм ехыжа нэужь, абы и поэмэр къритхыкIыжащ Жуковский Василий. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ зэтемыхуэ щIыхэтми ар щхьэусыгъуэ хуэхъуагъэнущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ЛIыгъэр пасэм къазэрыгурыIуэу щытар
2023-08-17
- Нобэ лъэпкъ хабзэкIэ дызэджэр зэман гуэрым «Уэркъ хабзэу» щытыгъащ икIи абы тетт зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэри. ЩIалэ гуэрым щытхъунумэ, «Уэркъ щауэ хуэдэщ», жаIэу иригушхуэрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Шыгъушэ Исмел и щIэблэр
2023-07-22
- Адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр Кавказым ис адрей лъэпкъхэм я нэхъыжьу жыпIэмэ ущыуэну къыщIэкIынкъым. Абы и щыхьэтщ ди эрэм ипэ къихуэу илъэс минитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Азие ЦIыкIум къэралыгъуэ яIэу иса хьэтхэм дакъызэрытехъукIар. Дуней псом дыкъезыгъэцIыхуа ди хабзэ дахэр, ди нарт эпосыр, ди фащэ екIур, нэгъуэщI куэдри къыщежьэр хьэтхэм я дежщ, абы къегъэлъагъуэ лIэщIыгъуэ кIыхь къызэрыткIуар. Урыс-Кавказ зауэм и зэранкIэ ди лъэпкъыр дуней псом щикъухьа хъуами, хэкужьым къинахэм-рэ икIахэмрэ дызэрыщIэу, дызэлъэIэсу дызэдопсэу, дызэрыадыгэр ди напщIэ телъу, абы дрипагэу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ГумащIагъэм дыхуриджами…
2023-07-13
- Урысей географие зэгухьэныгъэм и Сочэ къалэ къудамэм хэт, лъахэхутэ емызэшыж Ворошилов Владимир и Iэрытх гъэщIэгъуэнхэм ящыщ зыщ «Убых хэкум и тхыдэ-этнографие очеркхэр» зыфIищар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ЕпцIыжакIуэхэм я ухыкIэр
2023-05-26
- Ахэр — зи лъахэм епцIыжу е псалъэ ятам текIыу бийм гухьэхэр — сыт хуэдэ зэмани щыIащ икIи щыIэну къыщIэкIынущ. Апхуэдэ дыдэуи мыбдеж зыри щелъытакъым ар зыщыщ лъэпкъми къызыхэкIами. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэми зэрыпхъуакIуэхэм яхыхьахэр мащIэкъым. Нобэ зи гугъу тщIыр сыт щыгъуи щытхъукIэ щIэгъэнауэ къэгъуэгурыкIуа кхъухьлъатэзехуэхэрщ. ПIалъэ кIыхькIэ абыхэм зыри тепсэлъыхьу щытакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Дыдейуэ дызыщымыгъуазэ
2023-04-27
- Ди тхыдэм теухуауэ къыдэкI дэтхэнэ тхыгъэри тхылъри дэркIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, ди блэкIам фIыуэ дызэрыщымыгъуазэм тепщIыхьмэ. ЗэрытщIэжщи, апхуэдэ тхылъхэр дунейм куэду къытехьэ щыхъуар иужьрей илъэс 30-м къриубыдэущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым
2023-04-25
- Шэрджэсхэм (адыгэхэм) я ныпыр «адыгэкIэ» зэджэжу Урысейм и кавказ республикэ зыбжанэм (Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм), Уэсмэн пащтыхьы-
- гъуэм хыхьэу щыта къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лъэпкъ ныпщ икIи Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ТэнэиситIым я хъыбар
2023-04-08
- Псы Iуфэм щыпсэууэ щыта пасэрей адыгэхэм сытым дежи къэралыгъуэ яIащ. Абыхэм къалэ щIэращIэхэр яухуэрт, сату Iуэхушхуэхэм зэрыхэтымкIэ дуней псом къыщацIыхурт. Тхы-дэм къыхэна щIэныгъэр щыхьэт зытехъуэ адыгэ къалэхэм ящыщщ Тэнэисыр (Танаис), алыдж зэрыпхъуакIуэхэм я дамэ щIагъэувауэ щы-та мэуэт къалэр. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 100 — ди лъэхъэнэм и 300 гъэхэм щыIа къалэр тIэунейрэ зэхакъутэурэ яухуэжащ. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ къалъыхъуа Тэнэис и щэхухэм ящыщ зыуэ аращ ар щIызэтракъутам и щхьэусыгъуэр!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Нэрыбгейхэр: щыIа хьэмэрэ шыпсэ?
2023-04-01
- Тхыдэм нэпцI лъэпкъ къыхэмыхьэным набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу щыта урым тхыдэтх Тацит Корнелий итхыгъат: «Пасэрей хъыбарыжьхэр пцIыуэ, къагупсысауэ жаIэ. Тхыдэм апхуэдэ къыхыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым, ар пэжу щытыпхъэщ. Нэрыбгейхэм (амазонкэхэм) теухуа хъыбарыжьхэр сытым дежи щыIащ, зэхъуэкIыныгъэ хэмылъуи зэIэпах. Пэжщ, нэрыбгейхэр бзылъхугъэ телъыджэщ, я щыIэкIэ-псэукIэри щэху пшагъуэщ, арами ар тхыдэщ!».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Лъэхъэнэжьым и фэеплъ къалэхэр
2023-03-25
- ЦIыхур къызэригъэщIрэ щIыуэпсыр къегъэсэбэп бгъуэнщIагъхэм, бгыщхьэхэм, жыг щхьэкIэхэм, къумым, псыщ-хьэм псэуалъэхэр щаухуэу. ЩIыуэпсми, зэрылъэкIкIэ, зэрызихъумэжыным яужь итщ, цIыхум иригъэлей зэрымыхъунур игу къигъэкIыж хуэдэурэ зыкърегъащIэ. Къапщтэмэ, IуэрыIуатэм нобэ къихьэсащ мызэ-мытIэу псыдзэм илъэса, къэбэкъауэм (вулканым) ирижьыкIа, щIыхъейм ихьа пасэрей къэралыгъуэ телъыджэхэм я хъыбар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ФIэщхъуныгъэм игъэкIуэда щIэныгъэ
2023-03-11
- ЖаIэ тхылъ лъапIэхэр къыщымыунэхуам цIыхум щIэныгъэрэ Iущыгъэрэ бгъэдэмылъауэ. Ар пэжкъым. Илъэс мини 3 — 4-кIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа хьэтхэм, мысырхэм, шумерхэм, аккадхэм я гъащIэм, фIэщхъуныгъэм, тхыдэм, IэзэкIэм тепсэлъыхьу къызэранэкIа гъущIынэтхым къищынэмыщIа, тхылъымпIэм тедзауэ библиотекэ псо щыIауэ щытащ Мысырым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
ЩIэныгъэм и лъагъуэхэш Шэпар зэшхэр
2023-02-04
- ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым лъэпкъым сыт хуэдиз хэщIыныгъэ къыхуимыхьами, щыIэныгъэм хуиIэ гукъыдэжыр хуэгъэкIуэсакъым. КъащIэхъуэ щIэблэм гугъэ халъхьэу, я дунейм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм зрагъэзэгъыу псэуныгъэм пащащ. Зауэм и кIэм лъэныкъуитIми къахуихьар хьэдагъэми, зэпэщIэта лъэпкъитIым къагурыIуэрт дяпэкIэ къызэдэгъуэгурыкIуэн зэрыхуейр, абы къыхэкIыу мамыру икIи къаугъэншэу къызэдекIуэкIыныр зэрыIэмалыншэр. ГъащIэм зэришэлIа лъэпкъитIыр зэрыцIыхун хуейуэ IэнатIэ иуващ. Ар и щхьэусыгъуэу адыгэхэм гъунэгъу жылэхэм я щэнхабзэм зыщагъэгъуазэ, зрагъэгъуэта щIэныгъэр къызыхэкIа лъэпкъым и пащхьэ иралъхьэж хъуащ. МащIэ-мащIэурэ цIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэным, ар еджэнымрэ тхэнымрэ благъэ хуэщIыным къыхузэщIэушэ узэщIакIуэхэр лъэпкъым къыхэкIыу хуежьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Адыгэ гуащэ, инджылыз нысэ, ираныпхъу
2023-01-26
- Нэгъабэ илъэс 400 ирикъуащ Ван Дейк Энтони ищIа «Ширли гуащэм и сурэтыр» дунейм къызэрытехьэрэ. Абы къыщыгъэлъэгъуа Сампсоние Терезэ иран тепщэ Аббас Езанэм и блыгущIэтхэм яз, инджылыз лIыкIуэ Ширли Роберт и щхьэгъусэу щыта адыгэ цIыхубзщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Шэрджэс-хъан Iуэ Дыщэм и тепщэт
2023-01-21
- Монгол-тэтэрхэм я лъэхъэнэм псэуа, «Шэрджэс-хъан» цIэр зезыхьэу щыта тепщэ гуэрым и хъыбар куэд щIауэ зэхыдох. ГурыIуэгъуэщ ди лъэпкъыцIэ зэрызэрихьэ къудейм ар адыгэ зэримыщIыр. ИтIани, тхыдэ щIэныгъэлIхэмрэ монгол-тэтэрхэр къуэпс къежьапIэ зыхуэхъу лъэпкъхэм я лъахэхутэхэмрэ я деж дызыщымыгъуазэ куэд къыщыдощIэ. Абы и фIыгъэкIэ ди блэкIам и напэкIуэцIхэми еплъыкIэщIэкIэ дыбгъэдыхьэн хуейуэ къыщIокI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Iэрытххэр мафIэм исыркъым
2022-11-03
- «Iэрытххэр мафIэм исыркъым», жаIэ. Псалъэр зытежыпIыхьым елъытауэ, купщIэшхуэ хэлъщ, куууэ узыгъэгупсысэщ. Лъэпкъым къыпэщылъыр щимыщIэм деж блэкIам хуеплъэкIыжу, абы дерс къыщилъыхъуэу щытщ. Адыгэ тхыдэм и пэжыр нэсу къэхута икIи джа хъуащ жытIэным фIыуэ дыпэжыжьэщ. Пэжщ, совет лъэхъэнэм абы хэщIыкIыу худиIэу щытам еплъытмэ, фIыуэ ипэкIэ дыкIуэтащ. Апхуэдэу щыт пэтми, лъэпкъ щIэжыр къэзыIэт, гупсысэ нахуэхэм ухуэзышэ къэхутэныгъэхэр фIыуэ къыдомэщIэкI. Къэгъуэтыжын, щIэныгъэ шыбзэм щIэгъэкIауэ цIыхубэм я пащхьэ илъхьэжын хуейуэ щыIэр мащIэкъым. ИкIутар из мыхъужми, гъащIэм и Iэгубжьэм къинам къыщIэгъэлъапIэ иIэу къыщIэкIынщ. Тхылъ хъумапIэхэм, архив гъэтIылъыгъэхэм, уней тхыгъэхэм мымащIэу яхэбгъуэтэнущ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм еплъыкIэ пыухыкIахэр хуозыгъэщI, къыхэгъэхъуапIэ зиIэ гупсысэхэр. IэужьыфIэу щытауэ, ауэ я щIэиным щыщу нобэкIэ къытлъэIэсар мащIэу лъэпкъ узэщIакIуэ зыбжанэм я цIэр къраIуэ ди щIэныгъэлэжь нэхъыжьхэм. Абыхэм ящыщщ Нэгъуч Исуф-Сэхьид.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
|