|
Зытеухуар 'Ди псэлъэгъухэр'
«Унагъуэ дыщэм» и тхьэмадэ
2023-02-11
- Псынэдахэрэ Бэтэхрэ щыпсэухэм Аслъэн Мухьэрбий зымыцIыху яхэтын хуейкъым. Зы къуажэм къыщыхъуащ, адрейм илъэс 44-кIэ физикэмрэ астрономиемкIэ егъэджакIуэу, абы щыщу илъэс 30-м щIигъукIэ — школ директору щылэжьащ. А тIум я зэхуакум Псынэдахэ и къуажэ тхьэмадэ IэнатIэри пIалъэкIэ зэрихьэну хунэсащ. IэщIагъэм къызэрыпэрыкIыжрэ Мухьэрбий иджы нэгъуэщI «къуршхэм» докI: гъэшымрэ лымрэ елэжь мэкъумэш IуэхущIапIэ зэригъэпэщащ, лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж, къалэмыр егъабзэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
КърикIуар плъагъуну IэфIщ
2023-02-07
- Куэд зылэжь куэд къохъулIэ. Лъэпкъым щыщу зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ зиIэ ущрихьэлIэкIэ, уи гур къимыгуфIыкIынкIэ, абы уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Адыгэ мащIэр апхуэдэу дызыгъэинхэм, зи ехъулIэныгъэм дыщыгуфIыкIхэм, нэхъыбэж хуэлэжьыну дызыщыгугъхэм ящыщщ щIалэ ахъырзэман Хьэмыкъуэ Олег Теймураз и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
ПIапIшу Мухьэдин: Iуащхьэмахуэ лIыгъэ гъэунэхупIэщ
2023-02-04
- Iуащхьэмахуэ илъэс мелуан 15-м нэблагъэ къигъэщIауэ къалъытэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ мы бгыр зы мыхьэнэ гъэпщкIуа гуэркIэ адрейхэм къащхьэщокI. «Нарт» эпосым къызэрыхэщыжымкIэ, абы и щыгур я хэщIапIэу щытащ Тхьэ пэлъытэхэм. Европэм щынэхъ лъагэ бгы уардэм малъхъэдисым хуэдэу дуней псом и альпинистхэр зрешалIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
АнэдэлъхубзэкIэ еджэу щытамэ…
2022-12-15
- Гъусэ Залинэ Урысей пощтым Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Псынэдахэ къуажэм дэт и къудамэм и унафэщIщ. Илъэс къудейщ IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ дэкIар. ИтIанэми, лэжьыгъэм хэзэгъащ, мурад и куэдщ, и къалэнхэр фIыуэ егъэзащIэ. Си гуапэу фыщызогъэгъуазэ абы ди упщIэхэм къарита жэуап- хэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
Псэм пэгъунэгъущ адыгэ макъамэр
2022-09-29
- Гъуазджэм и къалэн нэхъыщхьэр, дызэрыщыгъуазэщи, дунейр нэхъыф1, нэхъ дахэ ищ1ынырщ. А къалэныр и1эу абы и къудамэ нэхъ пасэу къежьахэм ящыщщ къафэр. Ц1ыхум и гурыщ1эр къэзыгъэлъагъуэм макъамэ щ1эмыту къызыщыбгъэхъуфыркъым – аращи, къафэмрэ макъамэмрэ зэгъусэу къэхъуащ ик1и бгуэш мыхъунщ. Къафэр, макъамэр телъыджэщ, еда1уэхэми зыгъэзащ1эхэми гукъыдэж ирату, ягъэгушхуэу, ягъэгупсысэу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2022-09-17
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэ пажэ, ди республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннэ зыпэрыт Iуэхум зэрыхуэIэижьым къыдэкIуэу езыр хьэлэлщ, гумызагъэщ, жиIам тебгъуэтэж цIыхущ, псэлъэгъу гъэщIэгъуэнщ. Ар щыджэгуащ Грушас Йозас и «Любовь, джаз и чёрт», Стратиев Станислав и «Автобус», Башбеков Шараф и «ГъущIым къыхэщIыкIа цIыхубз», Уильямс Теннеси и «ХъуэпсапIэм и трамвай», Нало Заур и «Къру закъуэ», «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр», Гольдони Карлэ и «Трактир гуащэ», IутIыж Борис и «Дамэлей», «Хьэпэщыпхэ», Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», Дюрренматт Фридрих и «Визит старой дамы» спектаклхэм, нэгъуэщI Iэджэми. Хъыджэбз цIыкIум хэлъ хабзэ хьэлхэм къадэкIуэу, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэ куэд и благъэхэм зэрахэтым, шэч хэмылъу, ижь къыщIихуащ ар артисткэ хъуным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
Щоджэн Лианэ: ХъуэпсапIэхэр си лъэпкъым епхащ
2022-07-16
- ЗэрытщIэщи, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэр нэхъ зи пщэрылъу щытар цIыхубзырщ. Унагъуэм къихъуа хъыджэбзыр зыхуамыгъасэ, зыхуамыгъэIущ щыIэу щытакъым. Адыгэ унагъуэм къихъуа цIыхупсэр IэфIу пщафIэрт, дзапэ уэрэдкIи благъэхэр игъэгуфIэрт, мэлэчыпхъухэм я хъарыби зэIуищэрт. ЗыхуэмыIэзэ щымыIэу къагъэхъу дахэр и чэзум щынэсым езым бгъэдэлъ фIымкIэ гуашэрт. Нобэ си псэлъэгъу хъыджэбзыр и зэфIэкIкIэ, и Iуэху зехьэкIэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм къыддогуашэ. Ар Щоджэн Лианэ Арсен и пхъурщ. Малкэ къуажэм къыщалъхуа пщащэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуащ. Абы и уагъэ, дыщэидэ лэжьыгъэхэр ехъулIэныгъэ лъагэ яIэу щагъэлъэгъуащ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
БАКIУУ Хъанджэрий: Бзэмрэ литературэмрэщ лъэпкъым и лъабжьэр
2022-06-25
- Нобэрей зэманым щIэныгъэрылажьэхэм къахуэув къалэнхэр хьэлъэщ. Псом хуэмыдэу, лъэпкъыбзэхэр хъумэнымкIэ кIуэрабгъухэр къэхутэным хуэгъэзауэ. АтIэ, нобэ бзэм елэжь щIэныгъэлIхэр нэхъыщхьэу зыгъэпIейтейр сыт хуэдэ лъэпощхьэпохэра? Иужьрей илъэсхэм сыт хуэдэ Iуэхухэр зэфIэха хъуа, бзэр, литературэр хъумэным теухуауэ? Мы упщIэмкIэ ди зэпсэлъэныгъэр дыдогъажьэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
ЛъагапIэр зи щIасэ
2022-06-07
- Адыгэ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ бзылъхугъэ куэд къыхощыж я дахагъэм, лIыгъэм, къарум укъигъэуIэбжьу. Псалъэм папщIэ, Сэтэней гуащэ, Лэшын, Мэлычыпхъу, Бырымбыху, нэгъуэщIхэри. Ди IуэрыIуатэм къыхэщыж цIыхубз телъыджэхэм хуэдэ ноби къытхэтщ! Зи гугъу сщIыну бзылъхугъэм и IуэхущIафэри, и гъащIэри, и лъэкIыныгъэри фIэщ щIыгъуейщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2022-04-16
- Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ, жеIэ адыгэм. ЦIыхур къызэращIэр и IуэхущIафэрщ, и цIэ зэрыIури и щэнхабзэрщ. Зи щIалэгъуэ дахэм дунейм и фIыгъуэ псори зыIэригъэхьэну щIохъуэпс, я нэхъ гугъури къигъэIурыщIэну хущIокъу. Псэм кърит лъэщагъыр къэзыгъэщIыр хъуапсэращи, абы хуэдэу къарууфIэ щыIэу фIэщ щIыгъуейщ. Арыххэуи, цIыхум и псэр къабзэмэ, зыхуеIэр дахагъэмэ, и хъуапсэм лъэкIынур къыпхуэмылъытэну инщ: абы и Iэужьыр щысэтехыпIэ хъунущ, цIыхущIыж лъагъуэ теувэнущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2022-01-15
- Ди псэлъэгъур Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым и унафэщIщ илъэс куэд хъуауэ. ЩыIэкъым сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхърэ нэхъ ин. Иуан Агнессэ абы пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ бзылъхугъэм и гупсысэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
Гукъыдэж къозыт гъэлъэгъуэныгъэ
2022-01-15
- Иджыблагъэ «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым ИлъэсыщIэм хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2021-12-30
- Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуа, щеджа адыгэ пщащэ щIыкIафIэ Къуэдз Аксанэ щызэзгъэцIыхуар Германиеращ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы къыщызэрагъэпэща, Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалым щыщ зы пшыхьыр езыгъэкIуэкIар Аксанэт. Хэкум икIахэр дыдихьэхат абы Iурылъ адыгэбзэм и къабзагъымрэ лъэпкъ Iуэхум хуэнэхъуеиншэу хамэ щIыпIэ зэрисымрэ. Ар илъэс 20-м нэблэгъауэ Германием щопсэу, щолажьэ. Унагъуэщ, пхъуитI иIэщ. Нэмыцэ къэралыгъуэм къыщаIэт сыт хуэдэ адыгэ Iуэхуми жыджэру хэтщ, щIэблэм адыгэбзэр егъэщIэным и гуащIэ хелъхьэ. Иджыблагъэ лъагъунлъагъу хэкум къэкIуэжати, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2021-11-23
- ЦIыхум и дунейр щыщIэщыгъуэм деж и хъуреягъми фIыгъэкIэ догуашэ. Абы езыми и гур егъэнщIыж. Нобэ фыхэдгъэплъэнущ зы цIыху дуней дахэ, — ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ и дунейм! Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ, Налшык щыIэ «УСПЕХ» школым адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэщ. Маринэ тхакIуэщ. И IэдакъэщIэкIхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ. И IэщIагъэм теухуа гупсысэ щIэщыгъуэхэм, и творческэ дунейм фыхэтшэну ди гуапэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2021-11-09
- Нобэ «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ «хэхэс» цIэ жагъуэр «хэкурыс» цIэ лъапIэмкIэ пасэу зыхъуэжы-фа, нэхъыщхьэращи, зыхъуэжу хущIемыгъуэжа ди лъэпкъэгъу МэшхуэфI Нэждэт. Лъэныкъуэ куэдкIэ лъэпкъым Iуэху хуэзылэжьа, хуэзылэжь ди нэхъыжьыфIым ущепсалъэкIэ, и тхыгъэхэм ущеджэкIэ, хэкум кърит къарур, зэфIэкIыр, гушхуэныгъэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Нэждэт и тхыгъэ купщIафIэхэр, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм, «Зэкъошныгъ», «Псалъэ» журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытрырегъадзэ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм яз, абы и Генеральнэ секрета-ру 1993 — 1996 гъэхэм щыта Нэждэт иджы ДАХ-м и КъэпщытакIуэ гупым хэтщ. Хасэр илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу МэшхуэфIым депсэлъащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIахэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
|