Хэт нэхъ акъылыншэ?
2021-02-27
- Зы лIыжь, пщIантIэм здыдэсым, и пхъумрэ и нысэмрэ пщэфIапIэм пкIэлъей щIахьауэ илъэгъуащ. «ПкIэлъейм сыткIэ хуей хъуа?» — жери игъэщIэгъуащ лIыжьым, бжэр Iухати, пщэфIапIэм щIэплъащ. ПкIэлъейр дапхъэм ираупсеяуэ ирихьэлIащ.
- — Сыт фызыхэтыр? — щIэупщIащ лIыжьыр.
- — Шатэм дылъэIэсыркъым, — къыжраIащ: дапхъэм тет шатэр, мэжаджэ хагъауэурэ яшхырт зэнысэзэпщыпхъум, пкIэлъейм теувауэ.
- — Аркъым, шатэр къефхьэхрэ Iэнэм тевгъэувэмэ, хъуркъэ? — жиIащ лIыжьым.
- — Ари пэжщ! — гуфIащ лIыжьым и пхъумрэ и нысэмрэ. — Абы ди акъыл хунэсакъым!
- «Си пхъумрэ си нысэмрэ нэхъ акъылыншэ щыIэрэ щымыIэрэ зэзгъэщIэнщ», — жери лIыжьыр ежьащ. Гъуэгу здытетым, щIалищ ирихьэ- лIащ: щIалищыр зозауэри гъуэгущхьэм тетщ.
- — Щхьэ фызэзауэрэ, сыт фхузэрымыгъэгуэшыр? — еупщIащ лIыжьыр щIалищым.
- — Дэ дызэшщ, — къыжраIащ щIалищым. — Ди адэр дунейм щехыжым зы пыIэжь, зы щIопщ, зы Iэнэ, зы дзасэ къытхуигъэнащи, тхузэрыгъэгуэшыркъым: зэхудогуэшри, е пыIэр, е щIопщыр, е Iэнэр, е дзасэр лей мэхъу.
- — Лейр зэшищым я зым пхъэидзэкIэ лъыфгъэс хъунукъэ? — жиIащ лIыжьым.
- — Абы ди акъыл хуэкIуакъым, — жари щIалищыр гуфIащ. — Уэ тхуэщI пхъэидзэ.
- Пхъэидзэ яхуищIри, адэм и щIэи-ныр яхуигуэшащ лIыжьым.
- «Мыхэри нэхъ щIагъуэкъым», — жери лIыжьыр ежьэжащ. Зы теуэгъуэ икIуауэ, лIы гуп ирихьэлIащ: лIы гупым вы япхауэ джабэм далъэфырт.
- — Выр дэнэ флъэфрэ? — игъэщIэгъуащ лIыжьым.
- — Джабэм дыдолъэф, — къыжраIащ. — Сэр Iуащхьэм телъщи, выр дэтлъэфынурэ фIэдгъэжынущ.
- — Догуэ, — жиIащ лIыжьым, — выр джабэм дэфлъэф нэхърэ сэр Iуащхьэм къефхьэхыжмэ нэхъ Iуэху зэфIэкIкъэ?
- — Тхьэ доIуэ, узахуэкIэ! — гуфIащ лIы гупыр. — Абы ди акъыл зэрыхуэмыкIуа!
- «Мыхэр нэхъ делэжи», — жери лIыжьыр ежьэжащ. Ежьэжри, къуажэ гуэрым дыхьауэ, уэрамым зы фыз щрихьэлIащ. Фызым зы нысащIи щIыгъущ, и Iэ ижьыр кхъуэщыным къинауэ.
- — Мыр дэнэ пшэрэ, ди шыпхъу? — еупщIащ лIыжьыр фызым.
- — Мы тхьэIухудыр си нысэщ, и Iэр кхъуэщыным къинащи, Iэзэм деж сошэ. Iэзэр сэбэп къыхуэмыхъумэ, и Iэр кхъуэщыным къинэнурэ дыунэхъужа мыгъуэщ, — жиIащ фызым.
- — Аркъым, ди шыпхъу, мывэ хъурей къапщтэрэ кхъуэщыныр пкъутэмэ, уи нысэ тхьэIухудым и Iэр хуит хъужакъэ? — жиIащ лIыжьым.
- — Ари пэжщ! — гуфIащ фызыр. — Абы ди акъыл хунэсакъым.
- ЛIыжьым абдеж къыщигъэзэжри, и унэ ихьэжащ: «Акъылыншэр гъунэжщ», — жери.