ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи чэзу зэIущIэр ирегъэкIуэкI

2021-02-27

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ мазаем и 25-м республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбий.

  • ЗэIущIэм етIуанэ еджэгъуэу къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхум и хуитыныгъэхэр ­хъумэнымкIэ и уполномоченнэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и 3-нэ Iыхьэм», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iулъхьэр зэIэпамыхыным щхьэкIэ щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм теухуауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс шынагъуэншагъэр къы­щы­зэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Законым и 3-нэ, 9-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIы­ны­гъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» ­КъБР-м и законхэм я проектхэр.

  • Иужьрейм теухуауэ ­КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэ­щIэты­нымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил жиIащ законопроектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэм ехьэлIа къалэнхэр зыгъэзащIэ щIыналъэ IэнатIэхэм я Iуэхур зэрызэра­гъакIуэ Iэмалыр къэрал IуэхущIапIэхэм зэрыщхьэщахыр, абы щыгъуэми мэз е нэгъуэщI мафIэсхэр нэхъыбэрэ къыщыхъу щIы­пIэхэр гъэбелджылыныр республикэ унафэщIхэм пщэрылъ зэрыщащIыр.
  • Депутатхэр арэзы техъуащ Май муниципальнэ райо­ным щIыпIэ унафэхэр зехьэнымкIэ и Советым къыхилъхьа законопроектым. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Административнэ хабзэхэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым халъхьа зэ­хъуэкIыныгъэр теухуащ ­КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэм террорым пэ­щIэты­нымкIэ и комиссэм и унафэм ебакъуэм е зымыгъэзащIэм административнэ жэуап зэрырагъэхьыну щIыкIэм.
  •  ЗэхъуэкIыныгъэ халъхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и автомобиль ­гъуэгухэмрэ абыхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэмрэ ятеухуауэ» КъБР-м и Законым и 25-нэ Iыхьэм. Апхуэдэуи депутатхэм къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхур ирипсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм теухуауэ» КъБР-м и Законым къару зэримыIэжыр къэ­лъытэным, республикэ закон щхьэхуэхэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэ­жэр Хъусен зэрыжиIамкIэ, зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ цIыхур ирипсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейр зыхуэдизыр ягъэбелджылынущ УФ-м и Правительствэм зэригъэувым тету.
  • КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Руслан тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я Iуэхур къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Абы жиIащ къэрал IуэхущIапIэхэм я къалэнхэм зэрыдыщIагъур. Псалъэм пап­щIэ, апхуэдэ пщэрылъхэм ящыщщ щIыналъэхэм спорт лIэужьыгъуэхэм зыщегъэу­жьыным ехьэлIа программэхэр гъэбелджылынымрэ ахэр гъэзэщIэнымрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мыхьэнэшхуэ иIэу илъэс къэс щрагъэкIуэкI спорт Iуэхухэр убзыхуныр, апхуэдэ лэжьыгъэхэм текIуадэ ахъшэр зэрыхухах щIыкIэр зэтеублэныр.
  • Депутатхэм даIыгъащ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Карим Мустай сымэ я цIэхэр Кавказ къурш тхыцIэ иным и бгищым яфIэщыным теухуауэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр ­КъБР-м и Парламентым зэры­зыхуигъэзар. КъБР-м и Парламентым Законода­тельствэмрэ щIыпIэ унафэ­хэр зехьэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис жиIащ КъБАССР-мрэ Башкортостан Республикэмрэ я цIыхубэ усакIуэхэм я фэеплъу ар къызэрыхалъ­хьар. «КъБР-м и Парламентыр дэфтэрхэм хэплъэн ипэ­кIэ, УФ-м и «Росреестр»-м и лIыкIуэхэм депсэлъащ, ап­хуэдэуи, хабзэм тету, Шэ­джэм муниципальнэ райо­ным щыпсэухэм я Iуэху еплъыкIэм зыщыдгъэгъуэзащ икIи ахэр зэрыарэзыр къагъэлъэгъуащ. КъБР-м и Парламентыр дэфтэрым арэзы техъуа нэужь, абы ­теухуа унафэр къэзыщтэнур УФ-м и Правительствэращ», — жиIащ Мэлбахъуэм.
  • Депутатхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэ­гъуалэ палатэм хэтхэм. Ахэр едэIуащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр 2020 гъэм зэлэжьам. IуэхущIапIэм и унафэщI ­Кужонов Жантемыр жиIащ 2021 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу УФ-м и щIыналъэхэм я федеральнэ регистрым и базэм акт 8151-рэ ­зэрилъыр, абы щыщу ­5335-м къару яIэу зэрыла­жьэр. Псори зэхэту ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятеухуауэ къэпщытакIуэхэм я тхыгъэ 11102-рэ регистрым иралъхьащ. Абыхэм яхэтщ федеральнэ законода­тельст­­вэм емызэгъыу 558-рэ. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, мы зэманым регистрым хэткъым федеральнэ законодательствэм емызэгъ къызыхэщ зы акт. Кужоновыр тепсэлъыхьащ цIыхухэм я хуитыныгъэхэр ящIэн щхьэкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, коммерцэ Iуэхум хэмыт IэнатIэхэр къызэрыхатхыкIым, адвокатхэмрэ нотариусхэмрэ я лэжьыгъэм я нэIэ зэрытрагъэтым, нэ­гъуэщIхэми.
  • БАГЪЭТЫР  Луизэ.