ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Алыхьым и арэзыщIыныгъэм толажьэ

2021-02-27

  • 1976 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Налшык къалэ къыщалъхуащ Сыжажэ Алим Сэрэбий и къуэр.
  • Адыгэм псалъэжьу диIэщ: «Лъэужьыр бжьиблкIэ мауэ». Алим и адэшхуэр (и адэм и адэр) КъурIэн Iыхьлыуэ щытащ. Алими иджыри сабий дыдэу техьат адэшхуэм и ­лъагъуэм.
  • Зы махуэ гуэрым лIыжьыр ­КъурIэн еджэу здэщысым, илъэсиплI ныбжьым ит Алим жиIащ: «Дадэ, ­КъурIэным ущеджэкIэ, щыуагъэ гуэр хыбощIыхь». КъурIэным еджэн иуха нэужь, адэшхуэр сабийм тIэкIу къыщешхыдэм, анэшхуэм жиIащ: «Уа, мы сабийм Алыхьым уэхьий къыхуигъэкIуауэ арами пщIэркъым, абы щхьэкIэ щхьэ уешхыдэрэ?» Апхуэдэу щыхъум, лIыжьым жиIащ: «Сэ къытезгъэзэжынщи, иджыри зэ сыкъеджэнщ, уэ къызжеIэт си щы­уар». Сабийм дадэр щыщыуар наIуэ къищIащ. Пэжт сабийм жиIэр. Дадэм зы щIыпIэм деж щы­уагъэ хищIыхьырт. Ар лIыжьым, ­дауи, телъыджэ щыхъуащ икIи мурад ищIащ сабийр КъурIэным нэхъ ­куууэ еджэу иригъэсэну.
  • ИлъэсиплI фIэкIа зимыныбжь сабийм, дауи, иджыри ищIэртэкъым тхэкIи еджэкIи. Ауэ щыхъукIи, адэшхуэм хуитха хьэрып хьэрфылъэр зэуэ зригъэщIат. А зэманым хьэрыпыбзэ зэбгъэщIэнри ­КъурIэн уеджэнри иджыпсту хуэдэу тыншу щытакъым. Махуэ ныкъуэм и кIуэцIкIэ хьэрып алфавитыр Алим щызригъащIэм, КъурIэным щыщ зы сурэ кIэщI цIыкIуми, адэшхуэм и IэкIэ хьэрыпыбзэкIэ итхам, тынш дыдэу къеджэфащ сабийр.

  • Мис а махуэм щыщIидзэри, мазищым и кIуэцIкIэ Алим КъурIэным икIауэ щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэсыху еджауэ щытащ, и ныбжьыр илъэсиплI фIэкIа мыхъуу. Абы иужькIэ, хьэрыпыбзэкIэ тхауэ «Iиман ис­лъам» тхылъышхуэр гукIэ зригъэщIауэ щытащ Алим. КъурIэным, хьэрыпыбзэкIэ тха «Iиман ислъам» тхылъым къеджэрэ, зэджам и мыхьэнэр адыгэбзэкIэ цIыхухэм яжриIэжу, уазхэр иту къекIуэкIащ абы и сабиигъуэр. Дауи, афIэкIа зимыныбжь сабийм апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлъыныр телъыджэт.
  • Алим и адэшхуэр езыр еджагъэшхуэу щытащ. Апхуэдэу щытми, абы фIэфIтэкъым и къуэрылъху цIыкIур КъурIэн зэреджэр хэIущIыIу ищIыну, а зэманым диныр хуиту зэрахьэфу зэрыщымытам къы­хэкIыу. Адэшхуэм зэрыжиIам тету, Алим щеджэ школым ящIакъым ар КъурIэн зэреджэр. Ауэрэ, Сыжажэр 9-нэ классым щIэсу, лэжьыгъэм ­хуезыгъаджэу щыта урыс щIалэм     я классыр музейм ишащ. ЕджакIуэ­хэр лъэныкъуэ псомкIи зэбгрыжауэ, ­хэт сыт фIэтелъыджэми зэпаплъыхьырт. Алим и пIэм ижыхьауэ зы щIыпIэ деж щытт, ­КъурIэнышхуэ зэIухам и нэхэр тедияуэ. Ар щалъагъум, ныбжьэгъухэри егъэджакIуэри къыбгъэдыхьэри, къеупщIащ. «КъурIэн уеджэфу ара, Алим?», жаIэри. «Соджэф», — жиIэу жэуап щаритаращ Iуэхур зыIутыр ныбжьэгъухэм къыщащIар.
  • — СфIэтелъыджэ хъуат дезыгъа­джэ урыс щIалэм КъурIэн седжэу къыщищIам, пщIэ лей къысхуищI хъуауэ зэрыщытар, — игу къегъэкIыж Алим.
  • 9-нэ классыр къиуха нэужь, школым къыщIэкIри, Алим ПщыхьэщIэ Шэфихь и деж кIуащ, ислъам динымкIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыну зэрыхуейр жриIэну.
  •  Ислъам динымкIэ щIэныгъэ щрагъэгъуэту Гагариным и цIэр зезыхьэ институтым щIэтIысхьэ псом япэ, — къыжриIащ ПщыхьэщIэм.
  • Алим а институтыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ефэнды нэхъыжьу, Хэжь Мухьэб и къуэдзэу ягъэуващ. Ауэрэ а къалэнри игъэзащIэурэ, зэман гуэр дэкIри, езыр щеджа 4-нэ школым игъэзэжащ, ислъам диным щIэблэр щыхуригъэджэну. Мис апхуэдэурэ школ зыбжанэми, сабий садхэми щригъэджащ Алим зыкъомрэ. Искож хьэблэм 1995 гъэм мэжджыт къыщызэIуахри, абыи Iимаму щылэжьащ икIи щригъэждащ цIыху куэд.
  • 2004 гъэм ПщыхьэщIэ Iэнас Сыжажэр иригъэблагъэри, жриIащ езым и къуэдзэу игъэлэжьэну зэрыфIэкъабылыр. А гъэм щегъэ­жьауэ 2010 гъэ пщIондэ Алим ПщыхьэщIэм и къуэдзэу лэжьащ.
  • Нобэ Сыжажэр КъБР-м и Мус­лъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий и къуэдзэу мэлажьэ. Абы къалэн зэмылIэужьыгъуэ куэд и пщэ дэлъщ, щIалэгъуалэм хуабжьу ядолажьэ. «ПсапащIэ Iуэху» зэгухьэныгъэм и унафэщIщ. Ерыскъыпхъэхэр ислъам диным къигъэув мардэхэм зэрытетыр къэзыгъэнаIуэ «Хьэлэл» IэнатIэм и унафэщIщ.
  • ЩIалэгъуа­лэм щIэпхъаджагъэ Iуэхум зыща­дзеин, ахэр псапащIэ Iуэхум дихьэхын папщIэ, лъэныкъуэ куэдкIэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр ирегъэкIуэкI Алим. Дин щIэныгъэм хилъхьэ и ­гуащIэм, щIалэгъуалэм ябгъэдилъхьэ гъэсэныгъэм папщIэ КъБР-м и Правительствэм къыбгъэдэкIыу ЩIыхь тхылъ къыхуа­гъэфэщащ ­Сыжажэм. Къищы­нэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым, Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм, МВД-м, СпортымкIэ министерствэм, нэгъуэщI къулыкъущIапIэхэм къабгъэдэкIыу Алим тыгъэ къы­хуащIащ орден, фIыщIэ, щытхъу тхылъ, саугъэт зэмылIэужьыгъуэ куэд.
  • Сыжажэм еджапIэ зыбжанэ къиухами, ислъам динымкIэ щIэныгъэ зыбжанэ зригъэгъуэтами, бгъэдэлъ щIэныгъэр куэду къилъытэркъым, уеблэмэ махуэ къэс абы зэрыхи­гъэхъуэным хущIэкъу зэпытщ. Алим и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ УФ-м и Президентым и нэIэ щIэт, ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ Урысей Академием цIыхухэм Iуэху­тхьэбзэ яхуэщIэн унэтIыныгъэмкIэ и къудамэм. Сыжажэр Псыхуабэ къэрал университетым дин щIэныгъэмкIэ и аспирантщ.
  • ЦIыхубэр къыхуэарэзыуэ, и къару емыблэжу Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ зэпытщ Алим. Сыжажэм адэкIи и мурадхэр нэхъыбэжщи, къехъулIэну Тхьэм жиIэ!