|
Зытеухуар 'Щапхъэ'
2022-03-04
- И IэщIагъэр гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу илъэс 40-м нэблэгъауэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытщ Бахъ-сэн къалэ дэт курыт школ №1-м и егъэджакIуэ пашэ Шорэ (Быф) Лизэ Хьэбас и пхъур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2022-02-25
- Налшык дунейм и щIыпIэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ. Арами, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дахагъэм лей щрах щыIэщ: тетIысхьэпIэхэр якъутэ, жыг къудамэхэр къыгуащIыкI, псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ ящI… ЦIыхур къызыхэкIари, зыхэпсэукIри, зыгъэпсэури щIыуэпсырщ, ауэ дэ абы пщIэ зэрыхуэдмыщIым и щыхьэтщ а псори.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2022-01-22
- ЗыхэпсэукI зэманым, гъащIэм жыджэру хэтхэр, дзыхь къыхуащI IэнатIэр егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным гурэ псэкIэ хущIэкъухэр, ди гуапэ зэрыхъущи, куэду яхэтщ иджырей щIалэгъуалэм. Апхуэдэ цIыхухэм ящыщщ Аргудан къуажэм дэт курыт школ №3-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, абы и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зыкъэзыгъэлъэгъуа, зэхэщIыкI куу зиIэ хэкупсэ нэс Мэшыкъуэ Радимэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-12-04
- Куэшмэн-Битокъу Рузанэ КъБР-м и Казначействэм и федеральнэ IуэхущIапIэм хъыбархэр хъумэнымкIэ и экспертщ. ЩIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженерно-техническэ факультетым, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым экономикэмрэ управленэмкIэ, финансхэмкIэ и къудамэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-11-20
- Москва щекIуэкIащ «Илъэсым и унагъуэ-2021» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къашыргъэхэ я унагъуэ дахэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-09-11
- Къыхиха IэщIагъэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ бгъэдэт цIыхум и щапхъэщ Налшык къалэм и сабий сад №63-м и гъэсакIуэ икIи адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ, IуэхущIапIэм цIыхубэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и профсоюз комитетым и унафэщI Бэлэтокъуэ Ритэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-08-24
- Республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд къэралым и къалэшхуэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъагъуэу щолажьэ. Абыхэм я хъыбарыфIхэр къыщалъхуа щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къосыж икIи хамэ щIыпIэ зи зэфIэкIыр къыщалъытэ уи лъахэгъум и цIэр фIыкIэ жаIэу щызэхэпхкIэ, шэч хэмылъу, гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-07-20
- УФ-м и НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и лIыкIуэ Захаровэ Марие Тыркум ис адыгэхэм зэрышэрджэсыр жаIэну хуимыту, зэрыадыгэр къызыхэщ дэфтэри зэрамыхьэу лъэхъэнэ гугъу къызэрызэранэкIам и гугъу зэрищIрэ куэд щIакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-04-27
- Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ, Беслъэней жылэм къыщалъхуащ, Черкесск къалэм щопсэу Абыдэ (Уэхъутэ) Ася. Куэдым хуэIэкIуэлъакIуэщ: сабий гъэсакIуэщ, IэпэIэсэщ, сурэтыщIщ, ментальнэ арифметикэри къигъэIэсащ. Унагъуэщ — Едыджрэ Асярэ бынитI яIэщ. ЩIалэри хъыджэбзри студентщ. Бзылъхугъэ жыджэрым и цIыху щIыкIэр фэдгъэцIыхуну ди гуапэу, упщIэ зыбжанэм къыпэдгъэджэжащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-04-08
- Бзэр лъэпкъыр зэрыщыIэм и нэщэнэ нэхъыщхьэщ. Адрейхэм дахэмышыпсыхьыжын щхьэкIэ ди анэдэлъхубзэр щIэблэ къыдэкIуэтейм яIурылъу, абыкIэ гупсысэу къэдгъэхъун хуейщ. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшмэ, бжэгъу хъуа иужь къыпхуэгъэшыжынукъым», — жыхуиIэращ адыгэми, ди щIалэгъуалэм адыгэбзэр ящIэн щхьэкIэ ахэр иджыри цIыкIуу дегъэхьэхын хуейкъэ я бзэм и дахагъэм, и къулеягъэм?! Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэ хъарзынэу щрагъэкIуэкI Бахъсэн къалэм дэт прогимназие №1-м.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2021-03-25
- Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. Лъэпкъым къуэпс узыншэу къыкъуожыж ахэр. Нобэ фэдгъэцIыху Мырзэкъан Ася абыхэм я зы щапхъэщ. Пщащэр ныбжькIэ щIалэщ, унагъуэ хъуагъащIэщ. Узыхьэху гупсысэ куухэмкIэ ар къыддогуашэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2020-11-17
- Къэрал кIуэцI органхэм я лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу фIыщIэ, хъуэхъу псалъэ дахэ куэд хужаIащ а IэнатIэм я къару емыблэжу пэрытахэм, нобэ щIалэгъуалэм ядэлажьэ нэхъыжьхэм, иджыпсту къулыкъу зыщIэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2020-11-14
- Теунэ Ритэ Псыхъурей къуажэм щыщ, адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ и анэшхуэм и жьауэм щIэту къэтэджа Ритэ гъащIэм Iущ хуэхъуащ. Ритэ и адэ-анэ Хъуранхэ Мухьэмэдрэ Сэмриятрэ адыгэ хабзэм тетт, пщIэ-нэмыс я зэхуаку дэлъти, я бынитIми (Ритэрэ Аликрэ) ахэр щапхъэ яхуэхъуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2020-11-07
- КъШР-м щыщ усакIуэ, «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэ Бемырзэ Зураб испан усэрытх Гарсиа Лоркэ Федерикэ и усэ цIэрыIуэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
2020-10-22
- Компьютерхэмрэ жып телефонхэм- рэ къежьэу, интернетым дуней псор зэрызэпищIэрэ, лъэпкъым и къэкIуэнур къызыфIэIуэху жэрдэмщIакIуэхэр егупсыс зэпытщ а Iэмалыр ди анэдэлъхубзэм дежкIэ щхьэпагъ нэхъыбэ хэлъу къэгъэсэбэпа зэрыхъуну щIыкIэм. А мурадым хуэунэтIа гупыж гъэщIэгъуэнхэр къызыкъуихыну хунэсащ «Псоми зэдай адыгэбзэ» («Черкесский язык для всех») проектымкIэ дызэрыт илъэсым утыку къихьа бахъсэн пщащэ Хьэщэ Альбинэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Щапхъэ
|