2017-12-19
- «Урысей зэкъуэтым» и парт проек-тым хиубыдэу Лэскэн муниципальнэ районым щыщ Ерокъуэ къуажэм дащIыхьа щэнхабзэ унэр къызэрызэIуахым теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ дыгъэгъазэм и 15-м екIуэкIащ. Къуажэдэсхэр зыщыгуфIыкIа а Iуэхум кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и секретарь АфэщIагъуэ Михаил, КъБР-м щэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Парафилов Дмитрий, Лэскэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Инжыджокъуэ Сэфарбий, районым хыхьэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Политикэ партхэр
2017-01-21
- ЩIышылэм и 21 — 22-хэм Москва щекIуэкIынущ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и XVI къэпщытэныгъэ-хэхыныгъэ зэхуэсыр. Абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий. Абы щыхэплъэжынущ илъэситху зэкIэлъыкIуэм партым зэфIихам, адэкIэ ялэжьыну я мурадхэми тепсэлъыхьынущ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Политикэ партхэр
2013-10-08
- Жэпуэгъуэм и 5-м Москва щызэхуащIыжащ «Урысей зэкъуэт» партым и ХIV съездыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы цIыху 13 щыIащ, партым и Совет Нэхъыщхьэм хэт Къанокъуэ Арсен я пашэу.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Политикэ партхэр
2013-04-16
- Фашист гъэрыпIэхэм гъэру щаIыгъахэр къыщаутIыпщыжа дунейпсо махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэлъэпIащ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм илъэс етIуанэ хъуауэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм я Iуэхэм иса ди хэ-куэгъухэр щрагъэблагъэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Политикэ партхэр
2013-04-12
- «Урысей зэкъуэт» политикэ партым сабий зеиншэхэм теухуауэ иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Бечелов Ильяс иджыблагъэ Кременчуг-Константиновкэ дэт сабий унэм кIуащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Политикэ партхэр
2013-02-05
- «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и пашэхэр иджыблагъэ Налшык щыхьэщIащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Политикэ партхэр