|
Февраль, 2021
2021-02-20
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва къалэм щыIэу хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Хуснуллин Марат видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету мазаем и 18-м иригъэкIуэкIам.
-
- ЗэIущIэм щыхэплъащ инвестицэ проектыщIэхэр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэм, инфраструктурэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэм. Абы хыхьэу тепсэлъыхьащ щIыпIэхэр унэхэр ухуэным хуэгъэхьэзырыным ехьэлIа Iуэхухэм, а мурадхэм хуэунэтIауэ къащта щIыхуэхэр зэрыщхьэщах Iэмалхэм. Зи гугъу ящIар УФ-м и Правительствэр 2020 гъэм жэпуэгъуэм арэзы зытехъуа лэжьэкIэщIэрщ. Абы щIыналъэхэм Iэмал къарет къатехуа бюджет щIыхуэхэр щхьэщахынымкIэ.
- ЩIыхуэр зэрыщхьэщахым и фIыгъэкIэ хуит къэхъу ахъшэр щIыналъэхэм къыхуагъэсэбэп хъунущ инвестицэ проектыщIэхэр хэпщэным. Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ щIыкIэкIэ къахудэхуэнущ сом мелуан 870-рэ, ахэри щIыналъэм къыхуэнэжынущ. А мылъкур республикэм инвестицэ проектхэр щыгъэзэщIэным щытрагъэкIуэдэну я мурадщ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
- Нобэрей махуэшхуэм дэ Iэтауэ догъэлъапIэ зи гъащIэр дзэм къулыкъу щыщIэным тезыухуахэр, Хэкум гурэ псэкIэ хуэпэжхэр, къэралым щыпсэухэм я шынагъуэншагъэмрэ зэIузэпэщ псэукIэмрэ къызэзыгъэпэщхэр. Дэ дрогушхуэ урысей армэмрэ флотымрэ лIыхъужьыгъэкIэ псыхьа я тхыдэм, дыщалъхуа щIыналъэм и хуитыныгъэмрэ ар зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм и пэ къихуэу дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд.
-
- — Мухьэмэд, Хэкум и ХъумакIуэм и махуэр къэралым хэIэтыкIауэ зэрыщыдгъэлъапIэм уэ дауэ уеплърэ?
- — ИпэжыпIэкIи, мы махуэр ди къэралым гулъытэ хэха зыщыхуащIхэм ящыщщ. Ар ину, Iэтауэ щIэдгъэлъапIэм и щхьэусыгъуэр инэхъыбэм къыдгурыIуэу къыщIэкIынущ. Сыту жыпIэмэ, дапхуэдэу мыхъуами, къэралым мамыр щытыкIэр щытепщэу, жылагъуэм хуэщхьэпэн IэщIагъэхэм зыщаужьу, еджэхэм я щIэныгъэм нэхъри щыхагъахъуэу къекIуэкIын щхьэкIэ, а псоми къащхьэщыжыфын цIыхухэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, дахуэныкъуэщ. Зи гугъу тщIыр Хэкум и хъумакIуэхэращ. Ахэр димыIэмэ, псэуныгъэм щыщу къедбжэкIахэр зэпIэзэрыт щытыкIэм итынкIэ дыгугъэныр щхьэгъэпцIэжщ. Нэхъ тегъэчыныхьауэ жытIэмэ, къэралыр зыхъумэхэр димыIатэмэ, адрей IэщIагъэхэми, IуэхущIафэу къетхьэжьэхэми заузэщIынутэкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Щомахуэ ТIыкъан Къарэмырзэ и къуэр Алъхъо (Курп Ищхъэрэ) къуажэм 1904 гъэм къыщалъхуащ
- «Гъубжэрэ уадэрэ» колхозым хэтт ар, ауэ зи гуащIэкIэ лажьэрэ шхэж цIыхубэм я гъащIэ мамырыр къызэпыудащ 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэм. ТIыкъан илъэс 38-р ирихьэкIырт, унагъуэ иухуат, бын иIэт.
-
- Бронь хухахауэ Щомахуэр колхозым щылажьэрт, арщхьэкIэ бийр Кавказ къуршхэм гъунэгъу къыщыхуэхъум, зауэ IэнатIэм ари Iухьащ (1942 гъэм и гъатхэпэм) икIи и кIэ пщIондэ дзэм хэтащ.
- 1942 гъэм и гъатхэпэм ТIыкъан хагъэхьащ 416-нэ фочауэ гупым и 43-нэ полкым. И Хэкур ихъумэу Щомахуэр хахуэу зэуащ. 1943 гъэм и жэпуэгъуэм ар уIэгъэ хъури, 1944 гъэм и мазае пщIондэ сымаджэщым щIэлъащ. Иужьым ефрейтор Щомахуэр зауэ IэнатIэм Iухьэжащ. 1135-нэ фочауэ полкым хэту, ТIыкъан зэуащ СССР-м, Чехословакием, Польшэм я щIыналъэхэр хуит къащIыжын папщIэ.
- 1945 гъэм и гъатхэм Дзэ Плъыжьым бийр хигъэщIащ. АрщхьэкIэ ТIыкъан и насып къихьакъым ТекIуэныгъэ Иныр Берлин щигъэлъэпIэну — ар мэлыжьыхьым и кум уIэгъэ хьэлъэ ящIат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Куэдрэ сымэджауэ дунейм ехыжащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, адыгэ усакIуэ къызэрымыкIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Тхьэгъэзит Зубер Мухьэмэд и къуэр.
- Тхьэгъэзит Зубер 1934 гъэм фокIадэм и 23-м Тэрч къалэм къыщалъхуащ. 1960 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къиуха нэужь «Советская молодежь» республикэ газетым щылэжьащ. 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и къудамэм и унафэщIу щытащ, иужькIэ редактор нэхъыщхьэ къулыкъур къыхуагъэфэщащ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм жэуап зыхь и секретаруи лэжьащ. 1974 гъэм Тхьэгъэзитыр ягъэуващ Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщIу, 1987 гъэм КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и Iэтащхьэу хахащ.
- Тхьэгъэзит З. М. и творчествэмкIэ пасэу наIуэ къищIащ и егъэджакIуэхэм, ущиякIуэхэм — ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал сымэ — яхуэфэщэн щIэблэу зэрыщытыр. А усакIуэ щэджащэхэм, апхуэдэуи урыс усакIуэ-классикхэм я дерсхэр фIыуэ зригъащIэщ, лъэпкъ IуэрыIуатэр къигъэсэбэпурэ и щIэныгъэм хигъахъуэри, Зубер Мухьэмэд и къуэм езым и усыгъэ зэчийр зыхуиунэтIынур тэмэму иубзыхужащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым, Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я союзым и щIыналъэ къудамэм, Балъкъэр лъэпкъым и «Алан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Заман», «Адыгэ псалъэ» газетхэм я лэжьакIуэхэм гущIыхьэ ящыхъуауэ хъыбар фагъащIэ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIыхь зиIэ я артист Юсупов Хьэмид Алий и къуэр дунейм зэрехыжамкIэ икIи абы и унагъуэм, и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
-
- Зауэр зэрыувыIэрэ илъэс бжыгъэ тещIэжащи, Бабэ и щхьэр къыхуэмыIэту и махуэхэр йокIуэкI. ЦIыху нэфIэгуфIэу щытарауэ умыщIэжыну и нэгур къеуфэхащи, гупсысэ хьэлъэу зэщIэзыIулIэр хущIэуфэркъым, зыкъызэкъуихыу зыгуэрым хупыгуфIыкIыфыр-къым. Бабэ и гум щыщIэм, ар гухэ зыщIым, гунэдж къезымытым псори щыгъуазэщ, арагъэнщ абы лейуэ зыри къыщIыдэмыгушыIэр, зэзэмызэ и хьэлъэр къыщагъэпсынщIэн щхьэкIэ, псэлъакIуэ-уэршэракIуэ гъунэгъу фызхэр къыхуекIуэкIми, щIагъуэу гужьдэгъэкI щIамыщIыр.
- Сытым хуэдэу унагъуэ дахэт Бабэ и унагъуэр. Зы щхьэгъусэ иIэти, тхьэ узэрелъэIунт — лэжьакIуэт, и Iэм дыщэ къыпощ, жыхуаIэм ещхьт, сытми хуэIэпщIэлъапщIэт. Къуитху зэдагъуэтати, дыщэ бынкIэ къеджэу я цIэр къуажэ кIыхьым дэлът. Ауэ Бабэ и насыпыр зэуэ къекъутэхащ. Илъэс пщыкIутI фIэкIа бгъэдэмысауэ уз бзаджэ къеуэлIам пэмылъэщу щхьэгъусэр щхьэщыукIуриикIащ. Хьэдагъэр иухатэкъым щIалэхэм я курыт Хьэбан хуабэ узым щыIэщIихам.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Мы гъэм илъэс 22-рэ мэхъури дунейм и щIыпIэ куэдым щагъэлъапIэ Анэдэлъхубзэм и махуэшхуэр. Къэхъугъэу Тхьэм къигъэщIахэм я нэхъыщхьэхэм халъытэ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Ар бзэ къудейкъым — ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Бзэр цIыхухэр зэрызэгурыIуэ Iэмал къудейкъым, атIэ ар зей лъэпкъыр зыхъумэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэщ. Аращ ди блэкIари ди нобэри къэзыгъэлъагъуэр, ди тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэри, абы сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ.
- Дэтхэнэ бзэри зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъугъуэфIыгъуэ инщ, къэхъугъэ лъапIэщ. Ар щымыIэжыным къихь гузэвэгъуэр куэдкIэ нэхъ зыхэщIэгъуэщ, псалъэм папщIэ, щIыуэпсым и къэкIыгъэ е псэущхьэ лъэпкъыгъуэ гуэр кIуэдыжыным нэхърэ. Бзэр щымыIэжмэ, дунейм токIуэдыкIыж илъэсищэ бжыгъэкIэ лъэпкъ щхьэхуэм иухуа и хабзэр, щэнхабзэр, езы лъэпкъри адрейхэм яхошыпсыхьыж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ лъэпкъышхуэхэм я бзэм лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэри анэдэлъхубзэри утыкум ирегъэкI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- («Синий платочек».
- Слова Якова Гольденберга (Галицкого),
- музыка Ежи Петерсбурского, 1940 г.)
-
- Си гум къокIыж: сыщебгъажьэм
- ПлIэм дэлъ IэлъэщIыр пфIехуэхт.
- Псалъэ къызэптырт
- IэлъэщI щIыху цIыкIур
- Пхъумэну къэзгъэзэжыху.
- Иджы, си нэху,
- Ар сымылъагъуми, къэпщтэху,
- Абы си гъащIэр,
- Зэрыдза тIуащIэу,
- КъыпкIэрипхащ сыбэуэху.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Бжэндэхъупэж — Василёк синий. Удз лIэужьыгъуэщ. Зы гъэкIэ е гъитIкIэ къокI. ЗанщIэу докIей, и пкъым сантиметр 30 — 60 и лъагагъщ, цы щабэ тетщ, къудамэ къытокIэ. И тхьэмпэхэр бгъузэщ, сантиметри 5 — 10 я кIыхьагъщ. Къудамэ щхьэкIэхэм гъэгъа къащхъуэхэр, щхьэ цIыкIуу зэхэту, гъэмахуэм къапедзэ. КъэкIыгъэм лъабжьэ ищIхэр инкъым, псыгъуэщ. Сэхураным ещхь и жылэ цIыкIухэр гъэмахуэкIэм, бжьыхьэм мэхъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Я адэр щылIэм, и къуитIым уэсят къахуищIащ:
- — Фи шитIыр къызэдэвгъажи, зиш яужь къинэм си мылъкур ейщ, — жиIэри.
- Адэр лIэри щIалъхьэжащ, мылъкур зыгуэрым лъысын хуейтэкъэ?
- Адэм и уэсятыр ягъэзэщIэну я шы зырызым шэсри губгъуэм дэкIащ.
- Зэбгъуроувэри, яшхэр ирагъэлъ. Дэтхэнэри хуейщ и шыр иужь къинэнуи, къыжьэдакъуэж.
- Апхуэдэу, щхьэж и шыр иужь къыхуимыгъанэу куэдрэ пылъауэ, шыхэми тхъурымбэр къайтIэтIэхыу зэхаукIауэ, зы шу гуэр блэкIыу ар илъэгъуащ. Апхуэдэу щIащIымкIэ щеупщIым, Iуэхур зыIутыр къыжраIащ.
- — ФишхэмкIэ фызэхъуажи фыкъызэдэжэ, делэжьитI, — жиIэри, шур блэкIащ.
- КъардэнгъущI
- Зырамыку.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
- Бэдынокъуэ щакIуэ ежьауэ, мэз бжэн къыпэщIэхуащ. Шабзэр зэIуидзэщ, еуэри бжэныр къриудащ. «ЗэIысхынщ», — жери щыбгъэдыхьэм, бжэныр къыщылъэтыжри мэзым хыхьэжащ. КIэлъыуэри къриудыжащ бжэныр. Щыбгъэдыхьэм, къыщылъэтыжри щIэпхъуэжащ. Ещанэуи кIэлъыуащ, къриуда щхьэкIэ, щыбгъэдыхьэм, бжэныр къыщылъэтыжри, мэзым хыхьэжащ.
- — Мыр сыт гъэщIэгъуэн! — жиIащ Бэдынокъуэ. — Щэ сытехуати, щэми сIэщIэкIащ. ЗдэкIуэр зэзгъэщIэнщ, — жери мэзым хыхьэжа бжэным и ужь иуващ Бэдынокъуэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-02-20
-
- Жэмтхьэлэ щыпсэу ди лъэпкъым я нэхъыжьыфI, пщIэ зыхуэсщI, дыщэм ефIэкIыу
-
зыхуэзгъадэ щымыIэ, сызэрыгушхуэ, цIыхугъэрэ адыгагъэрэ зыхэлъ, зи нэгум нурыр кърих си дэлъху гумащIэм сынохъуэхъу уи махуэ лъапIэмкIэ.
ЦIыхум и ныбжьыр щыхэкIуатэм нэхъ лъапIэу къилъытэ узыншагъэм ущымыщIэу, уи гур хэзыгъэщIын уIумыщIэу, уи гукъыдэжыр ину, уиIэ фIыгъуэр пхуэбагъуэрэ уимыIэр къохъулIэу, уи Iэнэгур берычэту, уи бынхэмрэ абыхэм къатепщIыкIыжахэмрэ я насыпым уи лъэр нэхъ жан ящIрэ жьыгъэр къыпщIэмыхьэу, уи гуащIэ мыкIуэщIу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм укъытщхьэщигъэт!
-
Уи шыпхъу Розэ и унагъуэр.
Налшык къалэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
|