ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Адыгэбзэр ядж'

ХьэтIохъущыкъуей  Ипщэм и  псалъалъэ

2020-07-21

  • Аргуэжь — цІыху зэхуэсыпІэ.
  • Бэдадэ — дэ хьэжа. Шхынхэлъхьэу зэрахьэу щытащ, нэхъыбэм шыпс щащІкІи халъхьэрт. Бешкъэзакъхьэблэм и нэхъыжьхэм нобэми жаІэж я анэшхуэхэм дэшыпс ящІу зэрыщытар. Дэшыпсыр шхыныгъуэ лІэужьыгъуэу но-бэ къыщызэтенар шапсыгъхэм я дежщ.
  • Гуэгуэн ныбэф — гуэгуэн лІэужьыгъуэщ, и Іур бгъузэрэ и кур ину. Бешкъэзакъхьэблэм 1940 гъэхэм пщІондэ зэрахьащ.
  • ГублыцI І — къамылылъэ.
  • ГублыцІ ІІ — гъужа хьэзыру къэкIыгъэ щыкI, щыбэ шэдылъэ.
  • ГъэплІэжын — зи псэ хэкIагъащIэр щызэрагъэзэхуэжкІэ, апхуэдэу жаІэ. Дунейм ехыжам и жьэпкъыпэр щIапхэри, и нэгум мыхъуу и щхьэм щэкIыщхьэ щабэ гуэр къытрапхъуэ. ПIалъэ-пIалъэкIэрэ къытрагъэзэжурэ, дунейм ехыжам и лъэм йоIусэ. ТхьэмыщкIэр дийуэ щыхуежьэкIэ, и нэгум нэхъыжьхэр йоплъэ. Зы медан гуэрым хуэзэу ар жаIэуи зэхыбох: хьэдэ нэпсыр щIокI, жаІэу. Мыбы иужь хьэдэм и нэгум тепхъуэ пІащІэ гуэр къытрапхъуэ, нэхъ Iуву зыгуэр телъами, ари трахри, и кIыхьагъым тещIыхьауэ щэкIыпхъэ хужь къытрапхъуэ, малъхъэдис и гущIыIум тралъхьэ. Хьэдэр ягъэплІэж, жаІэмэ, аращ къикІыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэр ядж

«Уэ дадисыр узотри, сэ IэрышкIэр къызощтэ»

2020-05-13

  • ХьэтІохъущыкъуей  Ипщэм  и  псалъалъэ
  • «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ адыгэбзэм хэкIуэдыкIыж е щIагъуэу щызэрамыхьэж псалъэу къытеддзэхэр зэхуэтхьэсыну яужь дыщIихьам тхакIуэ цIэрыIуэ Нало Ахьмэдхъан и фIыщIэ хэлъщ. Зэгуэрым, уэршэр дахэм хэту, къуажэкIэ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (Зеикъуэ) сыщыщу къыщищIэм, Налом къызыкъуихри, «Фызэрыпсалъэ диалектыр къызжепIэмэ, лэкъумлыку пхуезгъэщIынущ», жиIащ пыгуфIыкIыу. И жыIэкIам гушыIэ жьауэ къищIырт, ауэ сыгупсысащ. Къуажэр Бахъсэн щIыналъэм зэрыхыхьэр, адыгэ тхыбзэм лъабжьэ хуэхъуари бахъсэн псэлъэкIэу зэрыщытыр жысIэнут, ауэ «лэкъумлыкум» зыгуэр зэрыкъуэлъыр къызгурыIуэрти, арат Iэнкун сызыщIыр. Ахьмэдхъан абы гу щылъитэм, зэрихабзэу, ину икIи гухэхъуэу дыхьэшхащ. «Хъарзынэ хъуащ зыри зэрыжумыIар, ущыуэ нэхърэ ар нэхъыфIщ, — пищащ Ахьмэдхъан, фIыуэ дыхьэшха нэужь. — «СщIэкъым» жыпIэмэ, гъэщIэгъуэн куэд зэбгъэщIэну Iэмал уиIэщ, ари щIэныгъэ ирикъункIэ зэрыхъунури зыщумыгъэгъупщэ. АтIэ, адыгэбзэм и кIадащхьэр Зеикъуэ дэкIэрэхъуауэ зэрыдэ-лъым ущыгъуазэ?», — жиIэри къыщIигъужащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэр ядж

Хэт нэхъ Iущ?

2018-04-14

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щригъэкIуэкIащ Iущыцэхэм я хэгъэгупсо зэпеуэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэр ядж

МафIэдз Сэрэбий траухуэ

2016-01-26

  • СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм щекIуэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэща «Къэухь» тхылъеджэ пэублэ зэхуэсыр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Адыгэбзэ Хасэм хэт, БизнесымкIэ институтым и егъэджакIуэ ХьэцIыкIу Рае.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэр ядж