2021-06-11
- Дэтхэнэ зэманми щIэ гуэрхэр къегъэщI. Апхуэдэщ илъэс къэс ди къэралым щагъэлъапIэ мэкъуауэгъуэм и 12-р. А махуэм Урысейм и гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыдащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2020-09-01
- Езым и къэралыгъуэ иIэжыну щIэмыхъуэпс зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ Бгырыс автономнэ республикэм щыхэтам къыщыщIедзэ а хъуэпсапIэр. ЛъэпкъитIым ящыщу адыгэхэм япэу къагъэлъэгъуащ къэралыгъуэ щхьэхуэу щытыну зэрыхуейр. Къэбэрдей большевикхэм я Iэтащхьэ Къалмыкъ БетIал я па-шэу, адыгэхэм къагъэуващ Бгырыс автономнэ республикэм къыхэкIыжыным и Iуэхур. Ар ядиIыгъащ а зэманым Налшык зыщызыгъэпсэхуа Сталин Иосиф.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2020-01-11
- Дэтхэнэ Iуэхуми езым и къежьапIэ иIэжщ. 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ ягъэуващ Урысей печатым и махуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-12-07
- Дыгъэгъазэм и 9-р Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэщ
- Зи гугъу тщIы махуэшхуэр УФ-м и Къэрал Думэм къыщищтар 2007 гъэм щIышылэм и 26-рщ. Абы и унафэм къыщыгъэлъэгъуат: «Дэ ди япэ итахэм я фэеплъыр дгъэлъапIэ къудейкъым, атIэ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужьхэу, Георгий Щихъым и орденымрэ ЩIыхь орденымрэ зыхуагъэфэщахэу мы зэманым псэухэми я пщIэр къыдоIэт». 2007 гъэм мазаем и 28-м Президент Путин Владимир Iэ тридза иужь, Федеральнэ законым къару игъуэтащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-11-29
- Тхыдэм нэхъ жыжьэ дыкIуэцIрыплъыжми, и нэхъ гъунэгъуу дыкъэIэбэжми, дэ долъагъу урысхэмрэ адыгэхэмрэ сыт щыгъуи быдэу зэпыщIауэ, зэдэIэпыкъуу, зэрыщIэу зэрыщытар. Абы и щапхъэхэр куэдщ, ауэ дэ иджыпсту нэхъ хэхауэ зи гугъу тщIынур ахэр щызэкъуэува лъэхъэнэрщ. КъыщыщIэддзэнщ епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-09-07
- Зэман кIыхькIэ пэплъащ адыгэхэр я къэралыгъуэм. Пэжщ, жыжьэ уIэбэмэ, ди лъэпкъым ар мызэ-мытIэу зэраIам шэч хэлъкъым. Дригушхуэ хъунущ дунейпсо тхыдэм щыяпэ мамыр зэгурыIуэныгъэр цIыхубэ цивилизацэм и гущэ Пасэрей Мысырым хьэтхэм илъэс щэ ныкъуэ пIалъэкIэ къращIылIауэ зэрыщытам. Ар ди иджырей гъащIэм зыкIи къыпыщIакъым, къызэрежьам хуэ-дэуи кIуэдыжащ. Адыгэхэр куэдрэ пэгъунэгъу дыдэ хуэхъуащ я хъуэпсапIэм. Мыбдеж дигу къыщыдгъэкIыжынщ пщышхуэ Инал Нэху лъэпкъым и къудамэ псори зы ищI зэрыпэтар. Ауэ, Тхьэм иухатэкъыми, хунэмысу дунейм ехыжащ. НэгъуэщI щапхъэхэри къыпхуэхьынущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-06-12
- Сыт хуэдэ гуфIэгъуэми щIэдзапIэ иIэщ. Урысейм и махуэм тхыдэшхуэ иIэкъым — ар гъэлъэпIэн зэрыщIадзэрэ куэд щIакъым. 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я япэ съездым къыщащтащ РСФСР-м и Къэрал суверенитетым и декларацэр. 1992 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м ар ди къэралым щагъэуващ «Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и декларацэр къыщащта махуэу». А илъэс дыдэм фокIадэм и 25-м зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Лэжьыгъэм теухуа законхэм я кодексым». Ауэрэ, 1998 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м цIыхухэм телевиденэкIэ защыхуигъазэм УФ-м и Президент Ельцин Борис къыхилъхьащ дяпэ-кIэ а гуфIэгъуэр «Урысейм и Махуэу» яIэтыну. А цIэр къэрал унафэ хъуащ 2002 гъэм Лэжьыгъэ кодексыщIэ къащта иужь.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-05-09
- Нобэ догъэлъапIэ ди гуфIэгъуэ нэхъ ин дыдэр — ТекIуэныгъэм и махуэр. Хэку зауэшхуэр цIыхум и тхыдэм щынэхъ ин дыдэу икIи щынэхъ гущIэгъуншэу щытащ…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-04-30
- Щхьэусыгъуэ зимыIэ щыIэкъым. Апхуэдэ дыдэщ мы зэманым Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я гуфIэгъуэу дгъэлъапIэ Накъыгъэм и 1-р. Зэуэ жытIэнщи, абы и лъабжьэхэр куущ. Накъыгъэ гуфIэгъуэхэр ягъэ лъапIэу щытащ Пасэрей Римым и зэманми. Тхьэ гуащэ Майя и щIыхькIэ ирахьэжьэ а Iуэхур хэIэ тыкIауэ къекIуэкIащ. Накъыгъэм и япэ махуэм гъатхэм и гуфIэгъуэу, щIыуэпсым и къэщIэрэщIэжыгъуэу Урысейм щагъэуващ Пётр Езанэм и тетыгъуэми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-03-21
- Дызыпэмыплъа хъыбарыщIэ къытIэрыхьащ — псори дызэсэжа Назарбаев НурсулътIан вэсэмахуэ Къэзахъстаным и президентыгъэр зыщхьэщихащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар а къэралым 1989 гъэм и мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ и Iэтащхьэт (нэгъуэщIу жыпIэмэ, илъэс 30-м нэблэгъауэ).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2019-03-07
- Дунейр къызэриухуэрэ цIыхубзхэр нэхъ дэкъузауэ, я хуитыныгъэхэр нэхъ мащIэу къогъуэгурыкIуэ. А зэхуэмыдэныгъэм и Iэужьхэр ноби гъащIэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыболъагъу. Жыжьэ дыIэбэнкъыми, Урысейм и цIыхубзхэм мы зэманым я курыт лэжьапщIэр зэрыхъур цIыхухъухэм я улахуэм и процент 75-рщ. Пэжщ, ар елъытауэ къыщIэкIынущ я лэжьыгъэм и хьэлъагъми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2018-11-07
- Ди къэралым иджы хэIэтыкIауэ (хэбгъэзыхьмэ, зыуи) щамыгъэлъэпIэж Октябрь социалист революцэ иным нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIа икIи дунейр зэзыгъэдзэкIа нэгъуэщI Iуэху ХХ лIэщIыгъуэм щыIакъым. Сыт хуэдиз трамыжыIыхьами, мы зэманым трамыжыIыхьми, дяпэкIэ тражыIыхьынуми яхущIэуфакъым, яхущIэуфэркъым икIи яхущIэуфэнукъым ар гуащIэрыпсэу цIыхум и сэбэп зыхэлъхэм тещIыхьауэ зэрыщытар. Пэжщ, цIыху куэд хэкIуэдащ, къэкIуэну насыпым щIэзэуахэм къемыхъулIахэр нэхъыбэжщ. АрщхьэкIэ сыт хуэдэ революцэм зэрыщIидзэри, ар зэриухри апхуэдэущ. Дунейм и Iыхьэ ханэм къыщыукъубея Октябрь революцэм Урысей империем и мызакъуэу, дуней псом и теплъэм зригъэхъуэжащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2018-11-03
- — ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм дэ дыхешэж Урысейм и дежкIэ хуабжьу гугъуу, хэбгъэзыхьмэ, псэзэпылъхьэпIэу щыта зэманым. 1603 гъэм къыщIидзэри, илъэсищкIэ уэгъу гуащIэ щыIащ, къэкIыгъэ псори зэхисхьэу. Абы Iуэхур хуабжьу зэщIигъэплъащ. ЦIыху мэжэщIалIэхэм щIыпIэ-щIыпIэхэм зы-къыщаIэтырт. Абыхэм ящыщ зыт Болотниковым къызэщIиIэтахэр. Нэхъ хьэлъэжу къэралым къытегуплIащ чристэн члисэр зэрызэкIэщIэкIар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2018-10-13
- 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13 — 14-хэм Налшык къыщыхъуахэм ятеухуауэ
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ящыщ куэдым зэи ящыгъупщэжынукъым а махуитIыр. Пэжщ, ахэр дыгъэпсу, уи гур хьэуа къабзэм зыIэпишэу щытащ, арщхьэкIэ дэрэжэгъуэ псори пIэпигъэхурт адэкIэ-мыдэкIэ къыщылъалъэ автоматышэхэм. Щыхьэрыр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хыхьэжа хуэдэт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2018-06-09
- 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м РСФСР-м и ЦIыхубэ депутатхэм я япэ съездым Урысейм и Къэрал суверенитетым и IуэхукIэ Декларацэр къищтащ. Абы псом япэ иригъэщырт (нэхъыщхьэу къилъытэрт) и Конституцэмрэ и законхэмрэ. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIащ: а зэманым СССР-м и республикэ куэдым езыхэм я суверенитетым теухуа унафэ къащтащ икIи а хабзэм ахэр зыми и унафэ щIэмыт къэралым хуигъакIуэрт. Абы къыдэкIуэу, яхъуэжащ Урысей Совет Федеративнэ Социалист Республикэм зэреджэри — ар Урысей Федерацэ хъуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ