2021-11-17
- Дыщэ кIанэ
- Еуэщ-еIэри, зы Бзу цIыкIу гуэрым, пщым и пхъэнкIий идзыпIэм щыулъэпхъащэм-щыулъэпхъащэурэ, зы дыщэ кIанэ цIыкIу къигъуэтащ. Бзу цIыкIум ды-щэ кIанэр къищтэ-ри, лъэтэжащ икIи пщым и бжэIупэм Iут жыгым къытетIысхьащи, мэбзэрабзэ, мыр жиIэурэ:
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Сабийхэм факъыхуеджэ
2016-05-17
- Къуалэбзухэр
- Къуалэбзухэм я нэхъыбэр щIымахуэм щIыпIэ хуабэм щыIэщ. Гъатхэр къызэрихьэу, ахэр ди щIыпIэм къолъэтэж. Псом япэ къосыж вындыжьхэмрэ бжэн-дэхъухэмрэ. Абыхэм къакIэлъыкIуэу хьэрхьупхэр къолъэтэж. Хьэрхьупхэр пщэдджыжькIэ жьыуэ къоджэ. Гъудэбадзэхэр къызэрежьэу, пцIащхъуэхэри къолъэтэж.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Сабийхэм факъыхуеджэ
2016-02-26
- Джэрыджэ Арсен КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым 1965 — 1970 гъэхэм щеджащ. И япэ усэхэр ихуащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «ЩIалэгъуэ ауз» тхылъым. «Жэщ уэрамхэр», «Сэ еджэкIэ зызогъащIэ», «Си шыпхъу цIыкIуу Дахэуэс», «Уэрамыщхьэ», «Ажэжьым и жьакIэр» усэ тхылъхэр къыдигъэкIащ, адыгэ спортсмен цIэрыIуэхэм ятеухуа тхылъышхуитI игъэхьэзыращ. «Красное знамя» (иджы «Голос Чегема»), «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская неделя» газетхэм, радиом, телевиденэм, щэнхабзэмкIэ министерствэм, «Iуащхьэмахуэ» журналым щылэжьащ. Мы зэманым «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэщ. Иджыблагъэ сабийхэм папщIэ Джэрыджэм къыдигъэкIа «Жаннэрэ Нанэрэ» и усэ тхылъ цIыкIум ихуахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Сабийхэм факъыхуеджэ