|
Зытеухуар 'Гъуазджэ'
2022-05-20
- Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ), VI лъэпкъ къафэ конгрессым хыхьэу, Сочэ къалэм мэлыжьыхьым и 30 — накъыгъэм и 3-хэм щекIуэкIа «Урысейм и балетмейстер нэхъыфI» VII грант къафэ зэпеуэмрэ Владикавказ къалэм накъыгъэм и 13 — 15-хэм щызэхэта зэхьэзэхуэмрэ саугъэт нэхъыщхьэр — Гран-при-р — къыщихьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2022-03-04
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм мы махуэхэм щагъэлъагъуэ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, сурэттех Iэзэ Къарей Элинэ и IэдакъэщIэкIхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2022-02-22
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ зи гъащIэ псор сурэт щIыным тезыухуа Индрис Залымхъан къыщIэна лэжьыгъэ купщIафIэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2022-02-15
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Унэжокъуэ Тимуррэ абы и щхьэгъусэ, КБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Заремэрэ зи художественнэ унафэщI, республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат, цIыхубэ къафэхэмкIэ «Шагъдий» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэси 10 ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2022-01-29
- Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэрал куэдым щыщ къэхутакIуэхэр хуабжьу дехьэх Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэм, псэукIэм, къекIуэкIыкIам. Нобэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ апхуэдэ зы, зи ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъу Японием щыщ Нозаки Тайга.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2022-01-22
- УнэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа цIыху щхьэхуэхэмрэ гупхэмрэ ехьэлIауэ 2021 гъэм и кIэм Инстаграм напэкIуэцIым щрагъэкIуэкIа IэIэтым кърикIуам тету, «Илъэсым и къэфакIуэ нэхъыфI» щIыхьыцIэр хуэфащэу къалъытащ лъэпкъ къафэхэмкIэ «Шэрджэс» ансамблым. ЩIыналъэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ «Шэрджэс» гупым къыхуагъэфэщащ кавказ лъэпкъхэм я цIыхубэ къафэхэмкIэ 2018 гъэм Къэзан щызэхаша Урысей зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр. Апхуэдэу гупыр пашэ щыхъуащ Москва, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэхэм. Мы гъэм илъэситху ирикъу ансамблым и къэфакIуэхэр я зэфIэкIымрэ ехъулIэныгъэхэмрэ дяпэкIи зэрыхагъэхъуэнум, ди къафэхэм я дахагъэр нэгъуэщI щIыпIэхэм, лъэпкъхэм я деж зэрынахьэсынум иужь итщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-12-30
- Урысей сурэтыщI, график цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, профессор, Красноярск дэт ксилографие школыр къызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI, 1967 гъэм къыщыщIэдзауэ СССР-ми УФ-ми я Художникхэм я зэгухьэныгъэхэм, 1975 гъэ лъандэ-рэ ди къэралым и Журналистхэм я союзым хэт Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэ-лIэу зэхаша Iуэху дахэхэр ди республикэм и къалащхьэм щекIуэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-12-30
- КъызэднэкI илъэсым и кIэухым иджыри зы адыгэ фильм дунейм къытехьащ. Мейкъуапэ щагъэлъэгъуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, режиссёр, сценарист Даур Хъусен триха «Пщы Марыхъу» тхыдэ-художественнэ фильмыр. СыхьэтитIкIэ екIуэкI кином къыщыгъэлъэгъуащ натыхъуеипщым и лIыгъэмрэ и гъащIэ гъуэгуанэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-12-16
- Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъагъуэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщIым концерт-узэщIыныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ, декоративно-прикладной гъуазджэм хуэIэпщIэлъапщIэ Къунаш Розэ и лэжьыгъэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-12-16
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ «Свой стиль» фотоклубым и лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-11-17
- Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм, щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ. ЗэрыцIыкIурэ адыгэ макъамэм щIэдэIун фIэфIщ, абы щыщIапIыкIащ унагъуэми щеджа макъамэ школми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-09-14
- ФокIадэм и япэ махуипщIым Италием щызэхэтащ киногъуазджэм хэлэжьыхьхэм мыхьэнэшхуэ зрат Венецием щызэхашэ фестивалыр. Абы щагъэлъэгъуащ Налшык щыщ режиссёр Битокъу Владимир «Мамэ, сэ сыкъэкIуэжащ» и фильмыщIэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-08-07
- УФ-м и цIыхубэ артист Сокуров Александр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым абы щиIэ лъэщапIэм щагъэлъэгъуащ режиссёр цIэрыIуэм и фильм нэхъыфIхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-07-20
- Мы махуэхэм Белоруссием и Витебск къалэм щекIуэкIащ гъуазджэхэмкIэ «Славянский базар» XXX дунейпсо фестивалыр. Зэхыхьэр къыщызэIуахым гукъинэжу зыкъагъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм и республикитхум я цIыхубэ артист Нэхущ Чэримрэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамбль цIэрыIуэмрэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
2021-07-15
- Канны франджы къалэм бадзэуэгъуэм и 6-м щекIуэкIащ 74-нэ дунейпсо кинофестиваль. Абы ирагъэблэгъахэм язщ режиссёр цIэрыIуэ Сокуров Александр КъБКъУ-м щригъэджа Коваленкэ Кирэ. Хъыджэбзым къэпщытакIуэхэм я пащхьэ ирихьащ осетиныбзэкIэ игъэува «Разжимая кулаки» фильмыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Гъуазджэ
|