ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2021

КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и студентхэм яIуощIэ

2021-02-02

  • «Пандемием и зэманым щытыкIэ гугъу къихутахэм гущIэгъу, гулъытэ хуащIу защIэзыгъэкъуахэм, волонтёру щытахэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм ядэIэпыкъуахэм, госпиталхэм щылэжьахэм фIыщIэ фхуэс-щIыну сыхуейщ. Мыпхуэдэ ди зэпсэлъэныгъэхэм IуэхугъуэфIхэр зэфIэгъэкIыным, мурадыщIэхэм дыхураджэ, къалэныщIэхэр къагъэув. ЯпэкIэ дызыгъэкIуатэ къарущ ди ныбжьыщIэхэр. Сыт щыгъуи сригушхуэу щытащ, иджыри сропагэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэм», — апхуэдэу къыщIидзащ КIуэкIуэ Казбек республикэм и щIалэгъуалэм — щIэныгъэ нэхъыщхьэ, курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэсхэм — хабзэ хъуауэ илъэс къэс ядригъэкIуэкI и зэIущIэр. Республикэм и Iэтащхьэм епсэлъащ КъБР-м и вузхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм ящыщу студент 78-рэ, апхуэдэуи Москва и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыщ студентрэ аспиранту 12. Ахэр зэIущIэм кърагъэблэгъащ КъБР-м и IуэхущIапIэу къалащхьэм щылажьэм и жэрдэмкIэ. Онлайн-зэIущIэм апхуэдэуи хэтащ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректор Алътуд Юрий, КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор Апажэ Аслъэн, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и ректор Рахаев Анатолий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Алим  и  цIэр  зэи ящыгъупщэнукъым

2021-02-02

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м, Горькэм и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтхэм я лауреат КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэм и фэеплъ махуэщ щIышылэм и 29-р.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Гугъэмрэ гъащIэмрэ я къежьапIэ

2021-02-02

  • Адыгэхэмрэ адыгэ-ермэлыхэмрэ ятеухуа фильм Мейкъуапэ щытрахыну Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм жэрдэм къызэрыхилъхьам и хъыбарым Интернетым сыщрихьэлIат, гъэщIэгъуэн дыди сщыхъуат. Нахуэу щыжымыIами, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, а фильмыр кинорежиссер цIэрыIуэ, тхакIуэ, публицист Вэрокъуэ Владимир «Амыщ къуажэ» зыфIища и романым тращIыкIыну гурыщхъуэ сщIат, арщхьэкIэ зи гугъу ищIымрэ а тхыгъэмрэ зэхуаIуэху щымыIэу къыщIэкIащ. Ар щыгъэтауэ, Адыгэ Хэкум щыпсэу си цIыхугъэхэм къызэрызагъэщIамкIэ, хъарзынэу зэфIыхьэу хуежьа Iуэхур щаублам деж щыужьыхыжащ, Ермэлыхьэблэрэ (Армавиррэ) абы и Iэгъуэблагъэмрэ адыгэ-ермэлыхэм псэукIэу яIар кърибгъэлъэгъуэну жыли къуажи зэрыщымыIэр щхьэусыгъуэ ящIри. (Фигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэ-ермэлыкIэ зэджэр ермэлыхэм ящыщ лъэпкъщ, XV лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм щопсэу, зэрахьэр чыристан динми, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ, зытетыр Адыгэ Хабзэщ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

ПсыпцIэхэр  хъумэным  я  мыхьэнэр

2021-02-02

  • ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, псыпцIэхэр ящыщщ ЩIы хъурейм и биологие зэмылIэужьыгъуагъэм хезымыгъэгъэщI, щIыуэпсыр зэпIэзэрыт щытыкIэм къизыгъанэ къэщIыгъэ телъыджэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Борыкъуей Мухьэдин и вагъуэр иремыужьых

2021-02-02

  • Къэхъугъэм зы хабзэ гъэщIэгъуэныщэ иIэу къысщохъу: жылагъуэр лъэхъэнэ къызэрымыкIуэ, нэхъ гугъу щиувэм ирихьэлIэу утыку къохьэ а Iуэху зэIумыбзхэр зэпэщ зыщIыфын цIыху лъэщхэр, псэкIи пкъыкIи къарууфIэхэр, гупсысэ шэщIарэ акъыл тIысарэ зыбгъэдэлъхэр. Апхуэдэхэм зыкъомкIэ я фIыщIэщ ди гъащIэр зэрефIакIуэр, ди псэукIэр нэхъ тынш, зэпэщ зэрыхъур, сыту жыпIэмэ, ахэр ящыщщ зи щхьэ Iуэхум япэ къэрал Iуэхухэр изыгъэщхэм, жылагъуэм и ехъулIэныгъэхэм папщIэ езыхэм я щыщIэныгъэхэр зышэчыфхэм. Зи гугъу тщIы цIыху псэ хьэлэлхэм, гуащIафIэхэм, зи псалъэри зи унафэри екIуу щытахэм яхэзолъытэ Аруан щIыналъэм щыпсэухэр зэрыгушхуэ Борыкъуей Мухьэдин Хьэмид и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛIы иримыкъу

2021-02-02

  • Чэрим  Марианнэ
  • Роман. ЕтIуанэ  Iыхьэ
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр 2020 гъэм и  №№ 125 — 130-хэм,
  • 2021 гъэм и №№2 — 4, 6, 8-хэм итщ).
  • — Дауэ ущыт уэ? — Щыхьым и макъ бадзапсэмкIэ Бэч зыкъыхуегъазэ.
  • — Дыпщхьэщытщ, дебгъэтIысэхрэ? — сымаджэм и пIэ кIапэм тетIысхьауэ, и гуфIэ нэкIур треухъуанщIэ Бэч. — Уи Iуэху мыIей, уей, уэ. Беслъэн Iулъхьэншэу къыплъысащ! Айдэреду къеIысхыжынущ, жи.
  • — Дыпшыныжынщ зыгуэру!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ  гъащIэм  и  зы  нэз

2021-02-02

  • Арджэн щIыныр пасэрей IэщIагъэщ. Ижь лъандэрэ адыгэм къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэ дахэр мыкIуэдыжу нобэкIэ езыгъэфIакIуэхэм, зезыгъэужьхэм ящыщщ IэщIагъэлI щIалэ, сурэтыщI Мэзло Руслан. Еши щхьэхи имыщIэу арджэным Iуэху дэзыщIэ сурэтыщIым лъэкIащ абы теплъэщIэ иритын. НобэкIэ Руслан «къигъэпсэуж» арджэнхэр гъуазджэ щыпкъэм нэса къэгъэщIыгъэ екIущ, «музей гъэтIылъыгъэ цIэр зыхуэфащэ» фIэщыгъэ лъапIэр зрата Iэпэщысэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Сэкрэкым и шым и зэфIэкI

2021-02-02

  • Иужьрей илъэсищым и кIуэцIкIэ Урысейм щекIуэкIа шыгъажэ псоми нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуауэ цIыхубэм къалъытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Сэкрэк Заур и шэщым къыщыхъуа Классик Энн Смарт хакIуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

ЩIышылэм  и  28-м  ди  газетым  тета «Бырымбыху»  псалъэзэблэдзым  и  жэуапхэр:

2021-02-02

  • ЕкIуэкIыу:5. Джабэпс. 8. Щтауч. 9. Мэлэч. 10. Арыкъшу. 13. Уанэгу. 15. Псыхъуэ. 16. Уэгъу. 18. Хъудымыкъуэ. 19. Зей. 20. Нэрыбгей. 21. Самыржьей. 24. Псыжь. 25. Гуэбэнэч. 26. Барс. 28. Жэщ. 30. Мэш. 33. Бэвыгъэ. 34. Тхьэрыкъуафэ. 35. Адэкъуэш. 39. Шыпс. 40. Жьыгъэибг. 41. Дыхьэрэн. 42. Мазэ. 50. Теуэгъуэ. 52. Тхьэпэлъытэ. 53. УэрыпIэ. 55. Гъуджэ. 57. Пхъэ. 59. Хъудым. 60. БыдапIэжь. 61. Ерыщ. 64. Бырымбыху. 65. Уэрсэрыжь. 67. Сыдж. 68. Бжьэпэплъ. 70. Шыгъу. 71. Пащхьэ. 72. ЗэIуокI. 74. Лъэбыцэ. 75. Бланэ. 76. ПщыIэ. 77. Тотрэш.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха