Псым ухэхуэнщ, си тIасэ
2021-02-27
- Зы дыгъужь гуэр псым икIыну лъэмыжым телъэдащ. АрщхьэкIэ лъэмыжым и адрей лъэныкъуэр псы къиуам пихауэ къыщIэкIащ.
- Ар щилъагъум, мывэ Iэгурыхъу къищтэри, Хъуэжэ кIэлъытелъэдащ, дыгъужьыр игъащтэу псым хигъапкIэу иригъэтхьэлэн и гугъэу. АрщхьэкIэ дыгъужьыр лъэмыж кIапэм щынэсым, псым щышынэри и дзэхэр зэригъэшхыу, гурыму Хъуэжэ дежкIэ къигъэзэжащ. Хъуэжэ дыгъужьыр къыщыжьэхэлъадэм, шынэжщ «псым ухэхуэнщ, си тIасэ, къэгъэзэж, лъэмыжыр къутащ», — жиIэурэ лъэныкъуэ зригъэзри, дыгъужьыр блигъэжащ.
- Сэри
- зы «Iыхь» къыслъыгъэс!
- Зы чейм иту къашэжа фор Хъуэжэрэ сохъустэмрэ ягуэшыжырт. Сохъустэрат фор къизыгъахъуэри, езым и кхъуэщыным щрикIэнум деж «Iыхь» жиIэу нэхъыбэ къыщIигъалъэрт. Ауэ Хъуэжэ и кхъуэщыным щрикIэнум и деж из имыщIыпэурэ къригъахъуэрт.
- Хъуэжэ зыкъомрэ абы зыри жриIакъым, иужькIэ хуэмышэчыжу и кхъуэщыныр хуишийри елъэIуащ:
- — КхъыIэ, сохъустэ, сэри зы «Iыхь» къыслъыгъэс! — жиIэри.
- КъардэнгъущI
- Зырамыку.