|
Зытеухуар 'Адыгэ хабзэ'
2022-06-04
- «Хъуэхъум хабзэ хэлъщ, хабзи пылъщ» псэлъафэм лъабжьэ иIэщ. Абы зыкъомкIэ поджэж нэгъуэщI зы жыIэгъуи: «ауэ сытми ухъуэхъуэным хъуэхъу къикIыркъым». Иджыри зы псалъэжь: «ХъуэхъущIафэр бзэхри, хъуэхъубзэр къэнащ». Зы гупсысэм зэришалIэ мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ хъуэхъум гъэзэщIэкIэ хабзэ пыухыкIахэр егъэщIылIауэ къызэрекIуэкIар, абы и зегъэкIуэкIэми хъуэхъум зэрыщыгугъ къарур епхауэ къалъытэу къызэрыгъуэгурыкIуар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
Вагъуэм хуэдэр я щIэблэу
2022-05-28
-
ЗекIуэ ежьа гупым я цIэкIэ хъыджэбзхэм жэщщыс е пщащэ зэхэс ящIу щытащ. Гъуэгу техьам кIэлъыхъуахъуэу, къыщIэлъ Iуэхум фIы траIуэу нэхур къатещхьэхункIэ япэ жэщыр ирахырт. ХэдыкIхэр хадыкIыу, уагъэ-щагъэхэр зэIуащэу, дэнлъэчхэр зэрахъэу жэщ псор ягъакIуэрт. НэщхъыфIэу, гушыIэу, уэрэдхэр жаIэу нэху ягъэщмэ, гъуэгу техьахэм фIы хуащIэу, я гугъуехьыр щагъэпсынщIэу, лъэпощхьэпохэм пэIэщIэ хуащIу я фIэщ хъурт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
2022-03-19
- КъекIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ цIыхур зэрыт щытыкIэмрэ гъэщIэгъуэну зыдещI Адыгэ хабзэм. Сыт хуэдиз ткIиягъ хэлъми, асыхьэтым къызэрагъэпэщауэ дэхын хуей Iуэхум и дахапIэрэ и кIуапIэрэ теIэбэу Адыгэ хабзэм лантIэу зегъэш, емыкIуи щхьэкIуи къыхигъэкIыркъым. ЩIалэ Iэнэрэ нэхъыжь Iэнэу зэхагъэкI IэнитIым я зекIуэкIэр къыщхьэщокI адыгэ Iэнэгу хабзэ къызэрыкIуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
2022-02-26
- Балъкъдэсхэр щыпэшэс хъуэхъум «зекIуэ цIыкIу хъуэхъукIэ» еджэу щытащ, шыр щыдашкIэ гъэунэхупIэ ирашэрэ и зэф1экIыр здынэсыр къахутэу зэрыщытам ирапхыу. Беслъэнейхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ щыпэшэс тхьэлъэIур зэрыхэтыр «гъуэгужьэ хъуэхъу» фIэщыгъэмкIэщ, хъуэхъубзэри тхьэлъэIу хуэIухуэщIэхэри а зы псалъэм кърагъэубыду. ТIуащIэ цIыкIум, Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум, Фэндыкъуэ зэгуэр щыпсэууэ къыдэкIыжахэм я бзэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр зэрыхэтыр «гъуэгу цIыкIу гъуэгушхуэ хъуэхъуущ».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
2022-02-12
- ШыщIэ дунейм къытехьагъащIэр щагъэпскIкIэ, шыкIэр ятхьэщIыртэкъым. Ар зытехуэр шыр гъэритI щрикъу махуэхэрщ. ШыкIэтхьэщIкIэ зэджэ тхьэлъэIури къыщыдахыр абы щыгъуэщ: адыгэхэм хъуэхъуи теIуащ, Iэни епэсащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
2022-02-05
- Адыгэхэр дуней псом дыкъызэращIэ хъугъуэфIыгъуэщ «Нартхэр» лIыхъужь эпосымрэ Адыгэ хабзэмрэ. Ди бзэм и дахагъэ псори зыхэлъ а къэгъэщIыгъэхэращ ди щIэжым ублапIэ хуэхъур, ди щэнхабзэм къигъэхъуапIэу игъуэтыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
2018-08-21
- Къэбэрдей-Балъкъэрым мы махуэхэм щыIэщ «Альманах. Образы мира. Адыги» хэзыгъэгъуазэ проектым и тхьэмадэ, лъахэхутэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Осташкэ Андрей зи пашэ, Кърым Республикэм и къалэ зэмылIэужьы-гъуэхэм щылажьэ журналистхэр зыхэт гупыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
2017-06-24
- Хъыджэбзыр зэрыщытыпхъэр
- «Пхъур зэрыбгъасэщи, нысэр зэресащ», — жеIэ адыгэм. Абы къикIыр аращи, пхъур и унагъуэ исыху Iэмал зэриIэкIэ и гъащIэм зыхуеину псори, унагъуэ ихьэмэ, ар зэрызэрихьэну Iэмал нэхъыщхьэхэри егъэщIапхъэщ. Ар зыщIэ анэр иужькIэ гупсысэ хэтыжкъым. Езы хъыджэбзри тедэIукI куэдрэ къыхимыгъахуэу адэ-анэм я дерсхэр зыхилъхьэмэ, абы лъапIэ ирохъуж, унагъуэ езым иухуэмэ, сэбэпышхуэ къыхуохъуж.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
2016-07-08
- ГъащIэ мардэ
- Дунеижьыр щымыджэмыпцIэу, мы щIы фIыцIэр щызэпцIагъащIэм къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъ Iущым къытхуигъэщIа, бэлыхь куэдми гугъуехь мыухыжхэми къыщымытIасхъэу, атIэ кIуэ пэтми нэхъ быдэ хъуурэ, жырыщхъуэм хуэдэу зэхэжыхьурэ лъэпкъым и тхыдэ жыжьэр къэзыкIуа, гъуазэ емыпцIыжу сыт щыгъуи къыхущыта гъусэ пэжщ Адыгэ хабзэкIэ дызэджэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ
|