ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Джэрпэджэж'

ФIыкIэ дащогугъ

2023-01-24

  • ЩIышылэм и 19-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуащ Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Лыхь Людэ зыгъэпIейтея зы Iуэхугъуэ. Ар теухуат нобэ языныкъуэ щIалэгъуалэм гулъытэр, гуапагъэр, шыIэныгъэр къазэремэщIэкIым. Школым дэт егъэджакIуэм щхьэрыжэ щымыхъуу къэнакъым и анэм щIыгъуу маршрут транспортым къитIысхьэжа хъыджэбз цIыкIум, тIысыпIэ къыщылъымысым, къыхуагъэува шэнтым тетIысхьэн имыдэу, цIыхухэм зэхахыу зэрызихъунщIамрэ и анэм ину зэрепсэлъэжамрэ. Апхуэдэ щытыкIэм ириукIыта анэм ар ЕГЭ-м къыщIэкIыжа къудейуэ зэрыщытымкIэ щIиуфащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

ГукъэкIыжхэм  сыхэзыша тхыгъэ

2022-10-01

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и къыдэкIыгъуэхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ сыкIэлъоплъ. «Фэеплъ» рубрикэм щIэту мы гъэм гъатхэпэм и 12-м ещанэ напэкIуэцIым къытехуа, си цIыхугъэу щыта Беданокъуэ Аскэрбий теухуа «ПщIэшхуэ зыхуащI цIыхут» тхыгъэм къытезгъэзэжурэ седжащ. Дунейм ехыжа цIыху щэджащэм гулъытэ зэрыхуащIар гуапэ сщыхъуащ икIи гукъэкIыжхэм сыхашащ. Муслъымэнхэм зэрыжытIэу хьэдрыхэ хабзэ зэрыщыIэр хьэкъщи, ахърэт нэху Тхьэм кърит, жэнэткIэ гуфIауэ Тхьэм къыщIигъэкI!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

Матовников Александр:  Ахъшэ щхьэкIэ къаугъэхэр къагъэхъей

2018-10-04

  • УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр блэкIа тхьэмахуэ зэхуакум жиIащ Гундэлэн къуажэм къыщыхъуа хьэлэбэлыкъыр зэхэзыублар республикэм щыщыIэ щытыкIэр ахъшэ щхьэкIэ зэIагъэхьэну хуейхэр зэрыарар. «Къаугъэр къызыхэкIар мыхьэнэншэ дыдэщ: шухэр блэкIащ, иужькIэ къагъэзэжащ икIи ар хъарзынэщ. ЩыIэщ ар мурад щхьэхуэм тещIыхьауэ къэзыгъэсэбэпхэр… Дэ дощIэ а цIыхухэр хэтми икIи хабзэхъумэхэри ди гъусэу дадэлэжьэнущ ахъшэ щхьэкIэ къаугъэр къэзыгъэхъейхэм», — къет Кавказ Ищхъэрэм и дин лэжьакIуэхэм я лIыкIуэхэм Пятигорск щрагъэкIуэкIа зэIущIэм Матовниковым щыжиIа псалъэхэр «ХъыбарыщIэхэр» урысей агентствэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

ЯгъэIуа хъыбарыр пэжкъым

2018-05-15

  • Иджыблагъэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэпрадзыжащ «Полк уахътыншэ» зэхыхьэр иуха нэужь ветеранхэм я сурэтхэр Бахъсэн и уэрамхэм хыфIадзэжауэ къыщагъуэта хуэдэу. Бахъсэн къалэм и щIыналъэ администрацэм зэрыщыжаIамкIэ, ар пцIы зэфэзэщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

«МыкIуэдыжын лъэужь» тхыгъэм пызощэ

2018-02-20

  • ЩIышылэм и 23-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэ» газетым тетащ Кавказ Ищхъэрэми хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм ялъытэ цIыху щэджащэ КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэсищэ зэрырикъуам теухуа тхыгъэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

Щхьэзакъуэ телъхьэпIэ зыщIхэр захуэкъым

2017-02-10

  • Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм хэтхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ КАФФЕД-мрэ я зэхуаку къыдэхъуа псалъэмакъым иужьрей зэманым куэд иропIейтей. ДАХ-р хамэ къэралхэм щыIэ Хасэхэм я лэжьыгъэр зригъэуIуу илъэс 25-м щIигъуауэ мэла-жьэ. Псоми ящIэ ди япэ итахэм адыгэ зэгухьэныгъэ иныр къыщIызэрагъэпэщар: щэнхабзэ зэпыщIэныгъэм зегъэужьыныр, хамэ къэралхэм щыхэхэс адыгэхэр зэрыгъэщIэныр, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъ зэпыгъуэнэгъу зэхуэщIыныр.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

Тырку Республикэм къиIэпхъукIыжауэ Урысей Федерацэм (Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-БалъкъэрРеспубликэм) щыпсэухэм урысей-тырку зэхущытыкIэхэр зэрызэIыхьам теухуауэ жаIар

2016-01-23

  • 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м Тыркум и хьэуа къарухэм Сириемрэ Тыркумрэ я гъунапкъэм хуэзэу Урысей Федерацэм и дзэм хиубыдэ кхъухьлъатэ къыщраудыхащ. Кхъухьлъатэр Сирием и щIыналъэм щехуэхащ икIи террористхэм урысей кхъухьлъатэзехуэмрэ кхъухьлъатэр къалъыхъуэжыным икIи абы исахэр къегъэлыным хэта офицерымрэ яукIащ. Нобэм къэс а къэхъукъащIэр дунейпсо хабзэхэм тету ягъэзэкIуэжакъым. ЛъэныкъуитIыр зэгурыIуэжын папщIэ зэфIагъэкIын хуейуэ Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. къигъэувахэр Тыркум и унафэщIхэм къалъытэн ядэркъым.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

ФIэщхъуныгъэ къытхелъхьэ

2015-12-12

  • Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Азубэч МуIэед:
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

УнафэщIым и псалъэм къэралым и пщIэр еIэт

2015-12-08

  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым зэрызыхуигъэзам нэхъыщхьэу хэлъар пэублэ хуищIауэ жыпIэ хъунущ. Иджыпсту хэти зыгъэгузавэ дунейпсо терроризмэм зэребэныпхъэ Iэмалхэр, абы папщIэ псори зэкъуэувэн зэрыхуейр, радикалхэмрэ экстремистхэмрэ ди къэралым гъунэгъу къыхуэмыхъу щIыкIэ зэрыгъэкIуэдыпхъэр къыхигъэщащ Путиным.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

КъалэныщIэхэр егъэнаIуэ

2015-12-08

  • Илъэс къэси хуэдэу, УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъэгъазэм и 3-м Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым зыхуигъэзащ. Къэрал зыужьы­ныгъэм и унэтIыныгъэ куэд къыщыгъэнэIуа Зэры­зыхуигъазэм щынэхъыщхьэхэм ящыщщ экономикэмрэ къэрал щIыб политикэмрэ епхахэр. Абыхэм къадэкIуэу абы къыщыгъэлъэгъуащ щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэри.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж

Сэхъурокъуэ Хьэутий: Ди зэхуаку дэлъ пщIэмрэ дзыхьымрэ зэтедгъэувэжын хуейщ

2013-03-14

  • Ди газетым зэрытетащи («АП», мазаем и 27), «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ дарэгъу организацэм и жэрдэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ эксперт-щхьэхуит, «Куржым и гугъапIэхэр» экономикэ программэм и унафэщI, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гиорхелидзе Демур, Евразие институтым и лIы­кIуэ, публицист Апхаидзе Шота, «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ Iуэ­ху­щIа­пIэм и унафэщI, Москва къалэм дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ и къэрал институтым Кавказыр джынымкIэ и центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Силаев Николай сымэ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Джэрпэджэж