ХъымыщкIей – Хамышки
2021-02-27
- Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыжмэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ.
- ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэтщ: «Хъымыщ»-рэ (мыбдежым дигу къохьэж «Хьэмыщэ» жыхуиIэ нэгъуэщI адыгэ цIыхухъуцIэри) «кIей»-уэ («кIэй» — кIахэмкIэ). Япэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэшэлъашэм щыпсэуа цIыху цIэры- Iуэ гуэрым зэреджэу щытарщ. ЕтIуанэр, «кIэй» жыхуиIэр, кIахэ адыгэхэм тIуащIэхэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ къагъэсэбэп псалъэхэм языхэзщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм хэт «къуэкIий» жыIэкIэм и «кIий» етIуанэ Iыхьэм.
- Тхыдэм щыщу
- Адыгэхэм я Хэкужьыр, щIыпIэрысхэр зэхэзехуэн ящIу, къыщазэуа иужьрей илъэсхэм ящыщ 1862 гъэм и щIымахуэкIэм урыс пащтыхьыдзэр абазэхэхэм щебгъэрыкIуэм, лъэныкъуитIри хуабжьу щызэпэщIэувауэ щытащ Щхьэгуащэ зыдэт тIуащIэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу къалъытэ Хьэджэхъу и Iэшэлъашэм. Арщхьэ-кIэ, генерал Гейман зи пашэ урыс дзэлIхэм, топхэри ящIыгъурэ бжыгъэкIи зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, бгырысхэр ирагъэкIуэтын яхузэфIэкIащ. ИкIи мэлыжьыхьым и 26-м зэрыпхъуакIуэхэр ихьащ зи гугъу тщIы зэвыпIэм ищхьэкIэ Дахэ псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжымм деж тIуащIэм ину зыщиубгъуа сэтей-хьэкхъуафэм.
- ЖыпIэнур арамэ, 1862 гъэм и кIыхьагъкIэ Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм бгырысхэр пащтыхьыдзэм щыпэщIэтащ. АрщхьэкIэ, мыбдежми, дыгъэгъазэм и 14-м ирихьэлIэу, зэрыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкIащ ХъымыщкIей тэхъуанэм я лъэр нахусу, дыгъэгъазэм и 20-м зыщагъэбыдэ-ну.
- Илъэс зыбжанэ дэкIа иужькIэ, 1869 гъэм, адыгэхэр я Хэку имысыжу «Хамышки» зыфIаща урыс къуажэр мы щIыпIэм къыщагъэунэхуащ.
- Ди тхыгъэм и кIэм дызыщыгуфIыкI хъуну зы Iуэхугъуи къыхэдгъэщынщ. Ар сыт жыпIэмэ, мы жылэм иужьрей лъэхъэнэхэм ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гуэрхэри дэтIысхьэж зэрыхъуарщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.