|
Зытеухуар 'ТхылъыщIэ'
Зи къалэмыр жан усакIуэ
2023-05-18
- Иджыблагъэ сэ къысIэщIыхьащ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ «МэкIэрахъуэ дунейр» зыфIища и тхылъыщIэр. Ар си дежкIэ лъапIэщ Iуэхугъуэ зыбжанэм къыхэкIыу: япэрауэ, езы Увжыкъуэ Налшык къэкIуауэ къызитащ, етIуанэрауэ, а усакIуэ хъарзынэм зэгуэр «Адыгэ псалъэм» сыщыдэлэжьэну къысхуихуащ, ещанэрауэ, и зэчийм сыщыгъуазэщи, тхылъым итхэм гухэхъуэгъуэ къызэрызатынум шэч къытесхьэркъым. Иджыри еплIанэ, етхуанэ, нэхъыбэж къыпхупыгъэувэнущ а щхьэусыгъуэхэм…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
ЦIыхухэр зыщымыгъуазэ пьесэ
2023-05-04
- Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар теухуат КъБКъУ-м и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Абазэ Албэчрэ студенткэ Ерыжокъуэ Азидэрэ зэдатха «Зарамук Кардангушев. Неизвестная пьеса «Андемиркан (Рождение и юность)» тхылъым (къыщыдэкIар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэращ). Ар теухуащ КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэм, и гуащIэм, абы и IэдакъэщIэкI Iэрытхыу архивым къыщагъуэтыжа пьесэм. Тхыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
«ЩIДАА-м и докладхэр» журналым и номерыщIэ
2023-04-20
- Дунейм къытехьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту, мазищ къэскIэ зэ къыдэкI «ЩIДАА-м и докладхэр» журналым и номерыщIэ (2023, т. 23, №1).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Жанхъуэтхьэблэ и тхыдэм щыщ зы Iыхьэ
2023-04-04
- Тхыдэм и пэжыр къэзытIэщIыж къэхутакIуэр Iэмалыншэу зы Iуэхугъуэ Iуоуэ: блэкIам къыхэна къэхъукъащIэр къызэрекIуэкIа щIыкIэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ теплъэгъуэхэр нэсу зэфIэгъэувэжынымрэ абы игъуэтыну къэIуэтэкIэ шэщIамрэ. Тхыдэ къэхъукъащIэр зэфIэзыгъэувэжым и еплъыкIэми мыхьэнэшхуэ иIэщ: ар зы лъэныкъуэ гуэр щIэрыщIэу зэпкърызыплъыхь бгъэдыхьэкIэуи щытынущ, нэхъапэкIэ жамыIэ гупсысэкIэщIэу утыкум къихьэнкIи хъунущ. ЕплъыкIитIри зэхэухуэна щыхъум деж, къэхутэныгъэр щIэщыгъуэ хъум и закъуэкъым, къэхутэн хуейуэ щыIэ нэгъуэщI Iуэхухэр къегъэщIри, щIэныгъэм зыужьыпIэ зэрыхуэхъум шэч хэлъкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
ГъащIэр къыуигъэпсалъэм хуэдэщ
2023-03-28
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ адыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ «ГъащIэ гъуэгуанэ» фIэщыгъэ дахэр зыгъуэта усыгъэ тхылъ гъэщIэгъуэныр. ЩыIэныгъэ, лъагъуныгъэ, цIыхугъэ, псэм и къабзагъэ, гумащIагъэ — дунейм тетыху цIыхум къилъыхъуэ, зэпымычу зыгъэпIейтей, и гурыщIэхэр къызэщIэзыгъэу-шэ мы Iуэхугъуэхэращ усэ зэужьым курыхыу яIэр, ар зи IэдакъэщIэкI усакIуэми и гузэхэщIэхэм къежьапIэ яхуэхъуар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
«Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ»
2023-01-26
- «Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ». Ар и фIэщыгъэу дунейм къытехьащ Бэчбо-Шыпш Залинэ сабийхэм яхуитха усэ тхылъ. Ар къыдигъэкIащ щIалэгъуалэм я жэрдэмыр ядэIыгъыным теухуауэ сенатор Къанокъуэ Арсен иригъэкIуэкIа зэпеуэм хэту абы къыщихьа грантымкIэ. Тхылъыр игъэщIэрэщIащ Адыгэ Республикэм щыщ сурэтыщI Бэгъушэ Заремэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Сабиигъуэм и лъахэр щIэзыупскIэ
2023-01-24
- Жыгышхуэм и къудамэм кIапсэкIэ ищIа хъыринэ щыцIыкIум емыщIар хэт?! Аракъэ сабиигъуэм и гущэр, гъащIэ гукъеуэншэм и жьы гуапэр къыщыпщIихур, жыгыжьыр хъумакIуэу къыпщхьэщыту дуней дахэм зыщыхэбгъэпскIыхьыр?! А гупсысэхэращ занщIэу сигу къигъэкIар Хьэщыкъуей Олег «Хъыринэ» зыфIища и тхылъыщIэм, псалъэкIэ сщIа сурэтым и теплъэр дахащэу къызытещым. IуплъапIэм тет сурэтым къыпащэ и щIыбагъым щыплъагъу пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм. Ар ищIащ Иевлев Алексей.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
«Линэ и удз гъэгъахэм» щIылъэм къыщаIуэтар
2023-01-19
- «Мы тхылъ цIыкIур си къуэрылъху, сабий дыгъэ, псори дыкъэзыгъэщIам деж жэнэт бзууэ зыгъэзэжа си Линэ цIыкIу, си Линэ гуащэ фэеплъ хузощI». 2022 гъэм Щхьэгъэпсо Сэфарбий Налшык къыщыдигъэкIа «Линэ и удз гъэгъахэр» тхылъым и псалъащхьэщ мыхэр. Ар къызэIуех Линэ цIыкIу фэеплъ хуищIа усэмкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Кавказыр хуит къыщащIыжым
2023-01-12
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и къэхъукъащIэ нэхъ гуауэхэм ящыщщ 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. Абы теухуа хъыбархэм щыгъуазэщ ди цIыхубэр. МафIае илъэсхэм ехьэлIа фильмхэри, тхылъхэри, нэгъуэщI дэфтэрхэри гъунэжу щыIэщ, итIани, щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, тхыдэджхэм ноби къаугъуей иджыри зыри здынэмыса Iуэхугъуэхэм ятеухуа хъыбархэр. Апхуэдэ лэжьыгъэщIэхэм ящыщщ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIа «Хроника битвы за Кавказ» тхылъыр. Ар зэхэзыгъэувар тхыдэдж цIэрыIуэ Кориневский Юрийщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Жэбагъы теухуа хъыбархэр
2022-11-26
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа тхылъыщIэ. Ар зэхэзыгъэувар Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Гъут Iэдэмщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Адыгэ Академием и лэжьыгъэм зеубгъу
2022-11-17
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер дызэрыт гъэм илъэс 30 зэрырикъуам нэхъ хуэгъэпсауэ жыпIэ хъунущ иджыблагъэ дунейм къытехьа «Доклады АМАН» къыдэкIыгъуэм и ещанэ номерыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Ди щIэблэм папщIэ
2022-11-01
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм хэт, адыгэгу щIалэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес и IэдакъэщIэкIхэм ятеухуа тхыгъэ ди газетым тету флъэгъуауэ къыщIэкIынщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
«Хъыбар зиIэ псалъэжьхэр»
2022-10-22
- Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист, Урысейм и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт Къудей Владимир илъэс бжыгъэкIэ зэхуихьэсу къыдигъэкIа «Хъыбар зиIэ псалъэжьхэр» тхылъыр лъэпкъ гъуазджэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъунум шэч хэлъкъым. Тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэрызэдзэкIам и фIыгъэкIэ, ди къэралым ис дэтхэнэми адыгэм ди лъэпкъ Iущыгъэхэм зыщагъэгъуэзэфынущ.
- Тхылъыр Къудейм фэеплъ яхуещI адыгэлI, тхакIуэ цIэрыIуэ Нало Ахьмэдхъанрэ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
2022-09-17
- «Мстиславрэ Редадэрэ: илъэс минхэм къапхыкI еплъыкIэ» — аращ зэреджэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIа тхылъ гъэщIэгъуэным. Адыгэ тхыдэм и зы ныбз къызэзыгъэдзэкIыж къыдэкIыгъуэр щIэщыгъуэ ещI тхылъым къыщыIэта Iуэхугъуэхэр лъэхъэнэ жыжьэ дыдэхэм къызэрыщежьэм, урыс тхыгъэхэм ямызакъуэу, лъэпкъ щIэжми къаруушхуэ зэраIэм и щыхьэт зэрыхъум, ди нобэхэм къэса IуэрыIуатэхэр блэкIам и щIэжьыуэ хьэлэмэту зэрыщытым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
«Жаным лъэпкъым къыхэкIа нарт»
2022-08-16
- Апхуэдэ фIэщыгъэцIэ иIэу иджыблагъэ дунейм къытехьащ тхылъ. Документальнэ повестым и лIыхъужь нэхъыщхьэр — цIыху щэджащэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ спортым и мастер Жаным Аслъэнщ. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI олимп чемпион Шыхъуэ Борис абы щытопсэлъыхь спорт гъуэгуанэ гугъум, Совет Союзым и командэ къыхэхам къыщекIуэкIа нэмыплъхэм. ИлъэсийкIэ а псоми пхрыкIа Жанымыр къигъэшакъым икIи игъэгубжьакъым, атIэ цIыхухэм нэхурэ гуапагъэрэ яхуихьыу адыгэ лъэпкъым и нарту щытащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
|