ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Банк Iуэхухэр'

ГъущI  лъапIэхэм къыхэщIыкIа  ахъшэхэр

2021-10-28

  • Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм дяпэкIэ щагъуэ-тынущ  инвестицэ зыхалъхьэ «Георгий По бедоносец» дыщэ ахъшэхэр. Ахэр сом 25-рэ, 100, 200-м хуэкIуэу щытынущ. «Георгий Победоносец» ахъшэщIэхэр Урысейм и Банкым къыдигъэкIащ 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм  и  25-м.  Псори зэхэту абыхэм я куэдагъыр 100000 хъууэ аращ. Ахъшэхэр къыхэщIыкIащ 999 фIагъ зиIэ дыщэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

МэкъумэшыщIэхэм сом мелуан 200-м щIигъукIэ  зэщIагъакъуэ

2020-05-14

  • Мы гъэр къызэрихьэрэ Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм сом мелуан 200-м щIигъу щIыхуэ яритащ. Ар нэгъабэрейм процент 14-кIэ щIегъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

ЩIыхуэ къэзыщтахэм щапшыныжыну пIалъэр хуагъэIэпхъуэ

2020-04-02

  • Урысейм и ХъумапIэ банкым щIыхуэ къэзыщтахэм ар щапшыныжыну пIалъэр яхуигъэIэпхъуэнущ коронавирус уз зэрыцIалэм и зэран зэкIахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Хэхауэ хьэрычэтыщIэхэм ядоIэпыкъу

2019-11-19

  • Урысейм и финанс-кредит IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэм — ХъумапIэ банкым — и лэжьакIуэхэм иджыблагъэ ягъэлъэпIащ банкыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 178-рэ зэрырикъур. А пIалъэм ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр иIэу ирихьэлIащ ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэри. Ди корреспондентыр щепсэлъам мы IуэхущIапIэм и унафэщIу иджыблагъэ ягъэува Бейтыгъуэн Залинэ къыжриIащ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Метр 3850-рэ зилъагагъым тету

2019-09-03

  • Метр 3850-рэ зи лъагагъ къуршым тращIыхьа «Iуащхьэмахуэ игу» егъэзыпIэр Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэхэм пащIащ эквайринг Iуэхутхьэбзэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Дунейм щынэхъ лъэщу къалъытэ

2019-01-31

  • «Brand Finance» дунейпсо рейтинг агентствэм игъэхьэзыращ 2018 гъэм ипкъ иткIэ бренд пашэхэм я щытыкIэр. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, Урысейм и ХъумапIэ банкым и зэфIэкIым и индексыр пункт 90-м икIри 93-м нэсащ — ар дунейм и банк бренд нэхъ лъэщ дыдэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

ЩIыхуэ  зратынухэм  я ныбжьыр  илъэс  70-м  нагъэс

2018-12-18

  • Урысейм и ХъумапIэ банкым и потребительскэ кредитхэр дяпэкIэ иратынущ зи ныбжьыр илъэс 65-м щIи­гъуахэми. Абы теухуа тхылъхэр банкым и хэщIапIэхэм        е «Сбербанк Онлайн» IэмалымкIэ ягъэхьэзырыфынущ. Зи ныбжьыр пенсэм нэсахэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэу­жьыгъуэхэр яхуэщIэныр ХъумапIэ банкым япэ иригъэщхэм ящыщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Къэрал  тIощIым  щIигъум  щолажьэ

2018-11-10

  • 1841 гъэм щэкIуэгъуэм и 12-м Урысейм и император Николай Езанэм Iэ щIидзауэ щытащ къэралым хъумапIэ кассэхэр къыщызэгъэпэщыным теухуа указым икIи ар УФ-м и ХъумапIэ банкым и махуэу къалъытэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

КъБР-м щыпашэщ

2018-10-23

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ цIыху мини 110-м щIигъум я улахуэр къыIах ХъумапIэ банкым и банк картэхэмкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Анэ (унагъуэ) мылъку зиIэхэм папщIэ

2018-09-29

  • «Анэ (унагъуэ) мылъкум и къэрал сертификатыр зиIэ цIыхухэм ипотекэкIэ къащта кредитым щхьэщатыкI процент ставкэхэм ящыщ Iыхьэхэр щапшыныжкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкIыу банк Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэным и IуэхукIэ» ХъумапIэ банкымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр адэкIи мэлажьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

IэмалыщIэ къыхалъхьэ

2018-09-04

  • Урысей Федерацэм и ХъумапIэ банкым къэралым и ипщэ лъэныкъуэм къыщыхилъхьащ «Личный юрист» IэмалыщIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Электрон зэдэлэжьэныгъэм хуокIуэ

2018-08-16

  • Къэрал IуэхущIапIэхэм зэрыдэлажьэ щIыкIэр ХъумапIэ банкым электрон Iэмалхэм адэкIи хуегъакIуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

ЩIыхуэ  тынным  щIедзэж

2018-07-19

  • ХъумапIэ банкым щIидзэжащ гаражрэ машинэ гъэувыпIэрэ къращэхун папщIэ кредит тыным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Щхьэж  хуэзэр  щхьэхуэу  зэхэхауэ

2018-06-18

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм иужь лъэхъэнэм къаIэрыхьэу щIадзащ ди щIыналъэм нэхъапэм щымыIа квитанцхэр — коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр зэрат документ закъуэр (ЕПД).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Ипотекэм и бжыгъэм хохъуэ

2018-04-17

  • ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм псэупIэ кредиту 2018 гъэм итам я бжыгъэр сом мелуан 507-м щIигъуащ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм зэрыщытам нэхърэ процент 76-кIэ нэхъыбэщ. Псори зэхэту 2017 гъэм абы сом мелард 1,8-рэ ди цIыхухэм щIыхуэу яритащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр