ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ДифI догъэлъапIэ'

Адыгэ журналистыр къэрал псом къыщалъытэ

2023-08-26

  • Хэку журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэм, илъэс куэд щIауэ псэ хьэлэлкIэ зэрылажьэм папщIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, «Адыгэ макъ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэ Дзэпщ и пхъум иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Дыщэм ефIэкI Дыжьын

2023-08-19

  • Бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, адыгэ-абхъаз хэхэсхэм я литературэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэ Чурей Дыжьын ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ иджыблагъэ. Абы тхылъ 12 итхащ, щIэныгъэ тхыгъэу 70-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ, лъэпкъ макъамэмкIэ дунейпсо зэIущIэхэм хэтщ. Дыжьын къацIыху накъырапщэ зэчиифIэу, литературэмрэ макъамэмрэ я тхыдэджу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Абхъазымрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьакIуэ гуащIафIэу. Зы цIыхум апхуэдиз щIэныгъэ, IэщIагъэ, зэчий бгъэдэлъу куэдрэ урихьэлIэркъым. Абы къыхэкIыуи жыпIэ хъунущ ЩIДАА-м и академик цIэр абы хуэфащэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

 Зи макъым  уихьэху уэрэджыIакIуэ

2023-08-15

  • Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист, Пуччини Джакомэ и цIэр зэрихьэу Италием оперэ уэрэджыIакIуэхэм я зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIым и лауреат Ташло Алий и ныбжьыр шыщхьэуIум и 13-м илъэс 60 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Хъыджэбз уд  зылъэгъуа тхакIуэ

2023-08-12

  • «Адыгэ амазонкэхэр» роман гъэщIэгъуэным емыджа тхылъ фIыуэ зылъагъухэм яхэту си фIэщ хъуркъым. Лъэпкъ литературэм къыхэхъуа фIыгъуэхэм ящыщу ар къэзылъытари мащIэкъым. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым романым теухуауэ Интернетым къралъхьэ псалъэ гуапэхэм, ар зэрызэпкърахым, абы къыщыхьа Iуэхугъуэхэмрэ эпосымрэ шэрыуэу зэрызэпалъытым, и гугъу зэращIым.
  • Дэтхэнэ тхакIуэм дежкIи нэхъ лъапIэр и Iэпэ къыпыкIар къагурыIуэнырщ, ар зэхащIыкIынырщ, дерс къыхахынырщ. Тхылъым и купщIэм и куууагъыр, тхыдэм дежкIэ иIэ мыхьэнэр къэгъэнауэ, абы къыщыхъу дэтхэнэ зы Iуэхури гъащIэм ухуэзыущийщ, узэщIэзыузадэщ.
  • Тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Ахъмэт МуIэед шыщхьэуIу мазэм къыщалъхуа махуэр егъэлъапIэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. МуIэед зыхуэдгъазэри и тхылъым теухуауэ диIэ упщIэхэр еттащи, ди гуапэу къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Сабиипсэр зыхэзыщIа усакIуэ нэс

2023-07-29

  • Сабий усакIуэ АфIэунэ Лиуан Алий и къуэр Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1953 гъэм абы къиухащ классибл школыр. 1957 — 1960 гъэхэм дзэм къулыкъу щищIащ. «Къэббалъкъпромстрой» трестым зэрыщылажьэм хуэдэурэ епщIанэ классыр къиухыжащ. 1970 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм щегъэжьауэ пенсэм кIуэху (1998) ар щылэжьащ Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым Налшык щиIэ и базэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Хъурей Феликс: ЦIыхум и къалэн  нэхъыщхьэр бэм дэIэпыкъунырщ

2023-07-20

  • «Си гъащIэр зытезухуауэ зэпымыууэ сыкъызыдэгъуэгурыкIуа гупсысэр нобэ дунейр зэрызгъэкIуам нэхърэ си пщэдейр нэхъыфIыж зэрысщIыным, нэхъыбэж зэрысхузэфIэкIыным сыхущIэкъунырщ. ЕхъулIэныгъэ уиIэн папщIэ, абы узэрыхуэкIуэну щIыкIэр бгъэбелджылыпхъэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уи мурадыр хьэкъыу ппхыкIмэ, ар зэрызэбгъэхъулIэну Iэмалым уегупсысын хуейщ, абы и ужькIэщ Iуэхум и ужь ущихьэнур. Псом нэхъыщхьэ дыдэу абыкIэ IэмалыфIыр уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэнращ. Абы дыхуэмыпабгъэмэ, ди псэукIэр нэхъыкIэ хъунущ», — жеIэ Хъурей Феликс Ахьмэд и къуэм, «И лэжьыгъэфIым папщIэ», «Мамырыгъэр хъумэным и телъхьэщ», «Яковлев Л.А. и цIэкIэ» медалхэр, ВДНХ-м и дыщэ, дыжьын медал-хэр, «ЩIыхьым и дамыгъэ», «Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь», «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденхэр зыхуагъэфэща, «УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник» (тIэунейрэ), «СССР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличник», «УФ-м транспортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр зыфIаща, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, КъБР-м и Iэтащхьэм я щIыхь тхылъхэр зратам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Анэм и гъуапэр  пхъум и джанэщ

2023-05-27

  • Си лэжьыгъэр щIысфIэфI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу цIыхущIэ къызэрыпцIыхур, абыхэм уепсэлъылIэну, я IуэхущIафэ зэбгъэщIэну Iэмал узэриIэр, гъэщIэгъуэн куэдым абыхэм щыгъуазэ узэрыхуащIыр, гъащIэм нэгъуэщI лъэныкъуэ гуэркIэ узэрырагъэплъыр. Апхуэдэу куэд щIакъым Тэрч къалэм щыпсэу Срыкъуэ (Шыгъушх) Зое лэжьапIэм къэпсалъэу дызэрызэрыщIэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

УэрэджыIакIуэ, егъэджакIуэ,   гъэсакIуэ Iэзэ

2023-04-27

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ, и макъ дахэмкIэ, утыку итыкIэ екIумкIэ щIыпIэ куэдым къыщацIыху Даур Иринэ мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

«Си анэр къыспежьэ  къысфIощI»

2023-04-15

  • ЛэжьапIэ зэрыуврэ ар сыт щыгъуи жьыуэ къэтэджырт. Жьы дыдэу, нэхумыщым. Хъунутэкъым къэмытэджу — IэщIагъэлI щIалэр зыIуува IуэхущIапIэм, джэд лъэпкъыфI щагъэхъу заводым, и унафэщIхэри уафэм кIэху къищIа къудейуэ лэжьапIэм къекIуалIэрт. Абыхэм хуэмыхуфэ зригъэплъ хъурэт еджапIэ нэхъыщхьэр диплом плъыжькIэ къэзыуха щIалэщIэм?!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

«IэщIагъэм езым сыкъыхихащ»

2023-04-11

  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Лу Рэмэзан и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу
  • Зи утыку итыкIэ екIумкIэ, роль игъэзащIэхэмкIэ, и гуп хэтыкIэ гъэщIэгъуэнымкIэ цIыхухэм гунэс ящыхъу артистым лъэпкъым щхьэкIэ илэжьар, ищIэфар мащIэкъым. А жытIахэмкIэщ гъащIэм щиIэ ехъулIэныгъэр нэхъыбэу къызэралъытэр. Апхуэдэ лъытэныгъэ цIыхубэм и деж къыщызэлэжьа щIа- лэ ахъырзэманщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Лу Рэмэзан. Абы дыгъусэ (мэлыжьыхьым и 10-м) игъэлъэпIащ и ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъури, ди гуапэу дохъуэхъу, и джэгукIэ щэщIыгъуэмкIэ адыгэ лъэпкъыр дяпэкIи игъэгуфIэну, игъэгушхуэну, унагъуэ насыпрэ бын гуфIэгъуэрэ щымыщIэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Зи пщIэр къалъыта  Бажэ Дотий

2023-03-30

  • И ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъур нобэ егъэлъапIэ Аргудан къуажэм къыщалъхуа, Нарткъалэ щыпсэу политик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Бажэ Дотий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр

2023-03-25

  • «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» фIэщыгъэм щIэту гъатхэпэм и 3-м Налшык къалэм щекIуэ-кIа республикэ зэпеуэм («АП» №27) Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм щыщ Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр щытекIуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Лъэпкъым къыхуиIэ лъагъуныгъэкIэ  зи псэр гъэнщIа Къандур Мухьэдин

2023-03-07

  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я ТхакIуэхэми Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, тхыдэ, экономикэ, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин и ныбжьыр гъатхэпэм и 3-м илъэс 85-рэ ирикъуащ.
  • Мухьэдин Иорданием хыхьэ Амман къалэм дэс адыгэ унагъуэм 1938 гъэм къыщалъхуащ. И адэ Иззэт Хьэсэнрэ и анэ Шыд Зэкиирэ XIX лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэм (Тэрч районым хыхьэ ХьэпцIей къуажэм) иIэпхъукIа адыгэ мухьэжырхэм къатехъукIыжащ. Абы и адэжьхэр япэщIыкIэ Уэсмэн къэралыгъуэм, иужькIэ Иорданием щыпсэуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Лъэпкъ щэнхабзэр зыгъэбей

2023-02-28

  • Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и дипломант, IуэрыIуатэдж, адыгэ арджэнхэр щIыным, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр хъумэнымрэ ахэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI ГъукIэ Замудин и ныбжьыр мазаем и    26-м илъэс илъэс 70 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Тхылъ хъумапIэм и унэгуащэ

2023-02-18

  • Дунейм IэщIагъэ куэд щызокIуэ. Абыхэм яхэтщ нэхъапэIуэкIэ къэунэхуахэри иджырей зыужьыныгъэм къыздихьахэри. Жылагъуэм щиIэ мыхьэнэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къыхыхьами, цIыхубэм игъащIэ лъандэрэ, нэхъ тэмэму жыпIэнумэ, тхыбзэ зэрагъуэт лъандэрэ, къадокIуэкI дэфтэрхэр, тхылъхэр хъумэныр, ахэр зэхуэхьэсынымрэ джынымрэ, бэм щIэныгъэ яхуэхьыныр зи къалэн нэхъыщхьэу щыта узэщIакIуэхэр. Апхуэдэ къалэнхэр ди зэманым зыгъэзащIэхэм ящыщщ библиотекэ лэжьакIуэхэр. Ахэр игъащIэми къалъытэ цIыху акъылыфIэхэу, зэхэщIыкI куу зиIэхэу, жыжьаплъэхэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

« Раньше