ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Къэрал Iуэху'

Дамыгъэ лъапIэр — анэ быныфIэм

2022-12-22

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуа, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Бедыкъ къуажэм щыпсэу Ахматовэ Анджелэ иритыжащ «Анэ-лIыхъужь» орденыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

ПУТИН Владимир: Псори зыхуэунэтIар цIыхухэм я узыншагъэр, гъащIэр хъумэнырщ,  псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ

2021-07-01

  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ, мэкъуауэгъуэм и 30-м, теленэтын занщIэмкIэ жэуап яритащ ди къэралым и цIыхухэм кърата упщIэхэм. УФ-м и «Япэ», «Россия 1», НТВ, «Мир» канал нэхъыщхьэхэм къызэрагъэпэща теленэтын занщIэм щIидзэн ипэ редакцэхэм къагъэхьа упщIэхэм я бжыгъэр мелуанитIым нэсат. Ахэр къэрал Iэтащхьэм къыхуагъэхьыжащ къэпсалъэурэ ирагъэтхауэ, телефонхэм хэт SMS, MMS Iэмалхэр къагъэсэбэпу, «Москва-Путину» сайтымкIэ, Интернетым щыIэ «Вконтакте», «Одноклассники», нэгъуэщI социальнэ гупхэм иралъхьэурэ. Нэтын занщIэр ирагъэкIуэкIащ ди къэралым и тележурналист цIэрыIуэхэу Березовская Екатеринэрэ и Аскер-заде Наилярэ. Колл-центрым щылэжьащ Ремезовэ Татьянэрэ Юрьевэ Натальерэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

Республикэм  и бэнакIуэ  ныбжьыщIэхэм  папщIэ

2021-02-18

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэт, Урысейм и ЛIыхъужь Карелин Александр, Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и президент Мамиашвили Михаил сымэ Шэджэм къалэм дэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым мазаем и 16-м щаIущIащ классикэ бэнэкIэ лIэужьыгъуэм зыхуэзыгъасэ ныбжьыщIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

ПщIэншэу хущхъуэхэр зратын хуей  сымаджэхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ КъБР-м  къыхуаутIыпщынущ сом  мелуанищым щIигъу

2020-09-10

  • Хущхъуэхэр, медицинэ Iэмэпсымэхэр, я хущхъуэгъуэ зыхэлъ ерыскъыхэкIхэр льготэхэр зиIэ сымаджэхэм къахуэщэхуным трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 988-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

Бзылъхугъэ  гъащIэ  мащIэхэр

2019-07-18

  • ЦIыхур щылэжьэф ныбжьым ит бзылъхугъэхэм щыщу дэтхэнэ еплIанэри зэрылIыкIыр лышх узыфэхэрщ (процент 23,8-рэ), апхуэдизым нэс (процент 22,9-рэ) лъынтхуэ узыфэхэм яукI, процент 19,2-р — машинэ зэжьэхэуэм хэкIуадэхэмрэ, зызыукIыжхэмрэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

ЕджапIэхэр яхурикъуркъым

2019-03-21

  • «ЩIэныгъэ етын» лъэпкъ проектым хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэм щаухуэнущ курыт еджапIэу тхущI: 19-р Дагъыстэным, апхуэдиз дыдэ — Шэшэным, 12 — Ингушым. Федеральнэ бюджетым щыщу мы Iуэхум щхьэкIэ республикищым кърат сом мелард 24,4-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

Лъэпкъыбзэхэм ирогузавэ

2018-06-28

  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм мэкъуауэгъуэм и 26-м щызэхэтащ бзэхэр хъумэнымрэ ахэр зэрырагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэнымрэ теухуа зэIущIэ. Ар ехьэлIат иджыблагъэ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат гупым бзэм теухуауэ къыхалъхьа законопроектым. Курыт еджапIэхэм щIэсхэм я анэдэлъхубзэхэр езыхэм я фIэфIыныгъэм тещIыхьауэ фIэкIа ямыджми хъуну къызыхэщ законопроектыр умыгъэщIэгъуэнкIи абы арэзы утехъуэнкIи Iэмал зимыIэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

Бзэр зэращIэр къапщытэж

2017-04-11

  • «Тотальный диктант» дунейпсо егъэджэныгъэ Iуэхур мэлыжьыхьым и 8-м сыхьэт 14.00-м ди къэралым и щIыналъэ куэдым щекIуэкIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

Путин Владимир япэ иригъэщхэр

2013-12-13

  •   Дыгъэгъазэм и 12-м УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэ­сым Зэрызыхуигъазэр утыку кърихьащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

«УнафэщIхэр я лэжьыгъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм куэд елъытащ»

2013-10-08

  • Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и зэIущIэм зэрыхэтам щытепсэлъыхьыжым ап­хуэ­дэу жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къа­­нокъуэ Арсен. Абы гулъытэшхуэ щыхуа­щIащ бюджет ахъшэр нэхъ тэмэму къэ­гъэсэбэпынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэ­хэм.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху