|
Зытеухуар 'Узыншагъэ'
IэщIагъэмкIэ нэхъыфI пщащэ
2023-02-14
- Москва Кремлым и уардэунэм щекIуэкIащ «Дыпсэунущ!» саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъапIэ зэIущIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
Дохутырым насып егуэш
2023-02-14
- Бакъ Залым хирургщ, Налшык къалэ сымаджэщ №1-м и дохутырщ, Герниологхэм я «GREPA» европей ассоциацэм, Урысейм и хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Доху-тыр IэщIагъэм гуапагъэ хелъагъуэ, аращ зэгуэр абы хуеджэну игу щIрилъхьауэ щытар. Залым и IэщIагъэр цIыхум и гупсысэкIэр зыкъомкIэ зыпсыхьщ. Абы епха и щэхухэм, гугъуу хэлъхэм, фIыуэ щIилъагъум теухуауэ депсэлъащи, ди гуапэу дывдогуашэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
Сымаджэм и хущхъуэгъуэр зи нэгум къищ дохутыр
2023-01-17
- ЩэкIуэгъуэм и 23-м Налшык республикэ сымаджэщым и торакальнэ къудамэм сагъэгъуэлъат. ПIэ схуащIри, сыгъуэлъа къудейуэ, щIалэ нэфIэгуфIэ къыщIыхьэщ, къызбгъэдыхьэри, сэлам гуапэ къызихащ, къыспкърыупщIыхьащ, «сыт нэхъ узыгъэдзыхэр?» жери. Ди благъэ щIалэ дунейм ехыжауэ, дыуэщIым дыдэтати, мы къекIуэкI уз зэрыцIалэр къыщытпкъырыхьауэ къыщIэкIри, къыдэфыкIат. Зэрыунагъуэу дызэрыцIэлэжри, дигъэсымэджащ тхьэмахуэм щIигъукIэ, ауэ сэ нэхъапэIуэкIи бронхит сиIати, фIырыфIкIэ сыкъиутIыпщыну фэ теттэкъым. «Умыгузавэ, ар апхуэдэу узышхуэкъым, псынщIэ дыдэу удгъэхъужынкъэ!», — си гур фIы ищIащ дохутыр щIалэм. Адыгагъэ зыхэлъщ, жысIэу, сеплъырт сэри абы.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
IэщIагъэм къыхуигъэщIахэр
2022-12-10
- Дохутыр-офтальмолог цIэрыIуэ АфIэунэ Марат IэщIагъэ хуэхъунур иджыри курыт еджапIэм щIэсу къыхихауэ щытащ. Ар икIи гъэщIэгъуэнтэкъым, абы и адэ АфIэунэ Анатолэ а Iуэхум къыхуигъэщIащ зыхужаIэ, нэ узыфэхэм еIэзэ дохутыр лъэрызехьэт. Тхьэшхуэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкIым Анатолэ щыхигъэхъуащ Осетие Ищхъэрэм и къалащхьэм (абы щыгъуэ — Орджоникидзе) дэт медицинэ институтым. 1958 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ, иужькIэ Урыху къуажэм дэт амбулаторэм и унафэщIу илъэсиплIкIэ лэжьащ. АдэкIэ абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Ленинград дэт, Павлов И. П. и цIэр зезыхьэ Япэ медицинэ институтым и ординатурэм. 1969 гъэм щегъэжьауэ 2006 гъэ пщIондэ АфIэунэ Анатолэ Налшык дэт Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм и унафэщIу лэжьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
Къэралым нэхъыфIу къыщалъытэ
2022-12-10
- Мы махуэхэм Москва щекIуэкIащ «Росздравнадзор»-м къызэригъэпэща, «Медицина и качество-2022» XV урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Зэхыхьэр къызэIуихащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
Дохутыр нэхъыфIхэм ящыщщ
2022-11-03
- Москва щагъэлъэпIащ перинатальнэ медицинэмкIэ «Первые лица» IX урысей саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр. Интернет-IэIэтым кърикIуахэмкIэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм перинатальнэ диагностикэмкIэ штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ, ХьэцIыкIу А. и цIэр зезыхьэ Шэджэм район сымаджэщым и акушер-гинеколог, УЗИ-дохутыр Балъкъыз Заремэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрагъэпэщ
2022-11-02
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу 2022 гъэм егъэджэныгъэ программэмкIэ медицинэ еджапIэхэр къаухащ ныбжьыщIэ 58-м.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
Шхын зэгъым и мыхьэнэр
2022-10-25
- Налшык дэт «Лэгъупыкъу» санаторэм Херсон областым къикIауэ зыщызыгъэпсэху сабийхэм яхуэзащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и Диагностикэ центрым и дохутырхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
IэщIагъэм къыхуигъэщIахэр
2022-10-01
- Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ жэпуэгъуэм и япэ блыщхьэм ягъэлъапIэ Дохутырым и дунейпсо махуэр. Мы гъэм ар жэпуэгъуэм и 3-м техуащ. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэщIагъэр къыхэзыха, хъалат хужьыр зи фащэ цIыхухэм я махуэшхуэщ ар. Махуэ къэскIэ цIыху гъащIэр къегъэлыным, узыншагъэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэлажьэ медицинэ лэжьакIуэхэр зыпэрыт Iуэхум и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
Министрым зыхуагъазэ
2022-08-18
- КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам я щхьэ IуэхукIэ лъэIу яIэу и деж къекIуа лIэхэм зэрыхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуным хущIокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
«Фи гур фхъумэ»
2022-08-13
- КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и Диагностикэ центрым жылагъуэ узыншагъэмрэ медицинэ профилактикэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэм «Фи гур фхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту зэIущIэ щхьэпэ ирагъэкIуэкIащ. Ар къыщызэрагъэпэщащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ республикэ къэрал лъэпкъ библиотекэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
Иджырей мардэхэм тету
2022-08-11
- КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зригъэлъэгъуащ Дзэлыкъуэ район сымаджэщым и поликлиникэ къудамэм щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр здынэсар. Ар ягъэзащIэ «КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
2022-08-06
- Махуэшхуэр трагъэхуащ иджырей офтальмолог цIэры-Iуэ Фёдоров Святослав къыщалъхуа махуэм. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык дэт «ЛЕНАР» клиникэм. Къыхэгъэщыпхъэщ Фёдоров Святослав къызэралъхурэ илъэс 95-рэ щрикъум абы и гъэсэнхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуаха медицинэ IуэхущIапIэр зэрыщыIэрэ илъэс 25-рэ зэрыхъур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
ФIыщIэрэ щытхъурэ зыхуэфащэхэр
2022-06-21
- Налшык къалэ дэт Музыкэ театрым мэрем кIуам щекIуэкIащ медицинэм и лэжьакIуэхэр щагъэлъапIэ пшыхь. ЗэIущIэ гуапэм хэтащ КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, минис
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
2022-04-23
- УФ-м и Къэрал Думэм къыхилъхьауэ 2007 гъэ лъандэрэ мэлыжьыхьым и 20-м Урысейм щагъэлъапIэ Лъы тыным и лъэпкъ махуэр. Псом япэрауэ, ар хуэгъэпсащ зыгуэрым дэIэпыкъун папщIэ лъы зыт дэтхэнэми. Апхуэдэу я махуэщ лъы хэзышхэми абы пыщIа Iуэхугъуэ псори тэмэму зэфIэгъэкIа хъуным епха дохутырхэми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ
|