|
Зытеухуар 'Жьыщхьэ махуэ'
Си нанэ — си дуней нэху, си фIыгъуэ
2023-07-25
- Дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм щиIэщ и IуэхущIафэхэр зригъапщэ, и ехъулIэныгъэм лъабжьэ хуэхъу, и мурадыфIхэм я къежьапIэ нэхуу къилъытэ цIыху. Аруан щIыналъэм хиубыдэ Къэхъун жылэ Iумахуэм щыпсэуа си адэшхуэ Кыржын Аслъэнбий (и ахърэтыр нэху ухъу!) къыщIэхъуа бынымрэ абыхэм къащIэува щIэблэмрэ я дежкIэ апхуэдэ цIыхущ ди анэшхуэ Кыржын (Къуэкъуэжь) Нащхъуэ. Зэрыбынми абыхэм къатехъукIа унагъуэщIэхэм исхэми я гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд нанэ и цIэ дахэм и теплъэ гуакIуэри хуокIуэпс. Бзылъхугъэ хужь нэ къуэлэн лъагэр зыхэтым фIыкIэ къахэщу, куэдым я щапхъэу къэгъуэгурыкIуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2020-05-14
- КъБР-м ЩIалэгъуалэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, МЧС-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Союз народовластия и труда» урысейпсо политикэ жылагъуэ зэщIэхъеиныгъэм дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ, полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт нобэми жыджэру мэлажьэ, и зэфIэкIым зэрыкIэримыгъэхуным, и къэухьым, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу зэпыту.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2018-10-25
- Куэд къэзыгъащIэм куэд елъагъу, жаIэ игъащIэми. Ар шэч зыхэмылъщ. Апхуэдэ дыдэщ «ГъащIэр матэ щIэдзакъым» жыхуиIэ псалъэжьри. Дунейм ущытеткIэ, ар щхъуэкIэплъыкIэ защIэкъым, нэгъуэщI плъыфэхэри мымащIэу къыхохьэ. ФIыи Iеи, гуапи гуауи мымащIэу зылъэгъуа бзылъхугъэщ зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуа нанэ дахэр. ГъащIэ купщIафIэ, и лэжьыгъэкIи и унагъуэкIи щызу, къэзыгъэщIа нанэр жьыщхьэ махуэщ — и бынхэм я гуфIэгъуэ куэд хэплъащ, фIыуэ илъагъу, къызыхуигъэщIа Iуэху пэрытащ, нэхъыщхьэращи, и махуэ лъапIэм IущIащ и акъылыр жану, и гупсысэр къабзэу, къыщыгугъ дэтхэнэ зыми и чэнджэщ щхьэпэхэр ирихьэлIэфу. Ди гуапэу дохъуэхъу Мыкъуэжь (Бицу) КIулэ Мурат и пхъум и махуэмкIэ, зыгъэгушхуэн фIэкIа имылъагъуу бынхэми абыхэм къалъхужахэми иджыри куэдрэ Тхьэм ящхьэщигъэт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2017-10-11
- Шэмызокъуэ Мухьэмэд Машэ и къуэм и цIэр зэхэзымыха нэхъыжь Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэбгъуэтэну къыщIэкIынкъым.
-
-
- Хэт ухуейми еупщI, къыбжаIэнур зыщ: «Зи IэнатIэм хьэлэлу бгъэдэта, лэжьакIуэ емызэшыжу, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъу щыта цIыхущ». Шэмызокъуэр Хэку зауэшхуэм и гуащIэгъуэ дыдэм псэемыблэжу хэтащ, адэ гумызагъэу, унагъуэкIэ фIыуэ щытащ. Абы и цIэр сэ япэ дыдэу щызэхэсхар школым сыщы-щIэса 60 гъэхэращ. Къуажэм дэт курыт еджапIэ №4-м ныбжьыщIэ цIыкIухэр пэщIэдзэ дзэ хуэIухуэщIэ-хэм щыхуезгъаджэу сыщылэжьам, Шэмызокъуэм мызэ-мытIэу сыхуэзэну къысхуихуащ сэ. Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2017-03-08
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий гъатхэпэм и 7-м Зеикъуэ къуажэм щыIащ зи ныбжьыр илъэси 127-рэ ирикъуа Щауэ Нану ЦIыкIу и пхъум ехъуэхъун папщIэ.
- Бзылъхугъэхэм я махуэмкIэ гуапэу ехъуэхъури, КIуэкIуэм нанэ Iумахуэм тыгъэхэр хуищIащ, икIи щIэупщIащ сыткIэ дэIэпыкъуэгъу хуэхъуфынуми.
- Нану фIыщIэ къыхуищIащ Iэтащхьэм.
- Щауэ Нану ящыщщ зауэ зэманым жэщ- махуэ ямыIэу лэжьахэм. Мы бзылъхугъэм бынитху, къуэрылъху-пхъурылъхуу пщыкIух, абыхэм къатепщIыкIыжауэ сабий 31-рэ иIэщ. КIэщIу жыпIэмэ, къэралыр апхуэдэхэращ быдэ зыщIыр, зыхужаIэхэм ящыщщ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ: и ныбжьыр илъэс 90-м щхьэдэхауэ Зеикъуэ цIыху 14 мы зэманым дэсщ.
- Багъэтыр Луизэ.
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2016-08-03
- ГуащIэдэкI ЩIыхь орденым и нагъыщэ псори зрата, лэжьыгъэфIкIэ зи цIэр республикэм щызыгъэIуа Амщыкъуэ ХьэкIулинэ Уэлид и пхъум и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъур шыщхьэуIум и 1-м Налшык щагъэлъэпIащ. ГуфIэгъуэ махуэм абы къыхуеблэгъат Налшык къалэм и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ КIасэ Динэ, КъБР-м ухуэныгъэм-рэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и минист- рым и къуэдзэ Былымгъуэт Юрий, Вольнэ Аул хьэблэм дэс цIыху цIэрыIуэхэр, гъунэгъухэр, благъэхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2016-07-05
- Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIхэм я мурадщ бадзэуэгъуэм илъэс бжыгъэ дахэ зыгъэлъапIэ къуажэдэс нэхъыжьу 20-м ехъуэхъуну икIи УФ-м и Президент Путин Владимир къыбгъэдэкI хъуэхъу тхылъхэр Iэрагъэхьэжыну.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2016-06-17
- Балъкъ и псыхъуащхьэхэм къыщыунэху къущхьэхъу хъупIэхэм я куэбжэIух жылэу къалъытэ Къармэхьэблэ къуажэм и Iэхэлъахэм а махуэм тыншу гуп цIыкIур дынэсащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2016-06-08
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и адыгэ жылагъуэхэм ящыщу ипщэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIукIуэта дыдэу щысыр Шэрэдж куейм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэращ. Ар ди лъэпкъым и тхыдэм, и бзэм, и хабзэхэм пщIэ нэхъ щыхуащI, ахэр хъумэным щыхуэсакъ жылэхэм яхэтлъытэрти, иджыблагъэ дэ абы аргуэру щыхьэт дытехъуащ, а къуажэм дэс Гъубжокъуэ Алихъан теухуа тхьэлъэIу-зэхыхьэм дыщыкIуам.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2016-06-03
- Зи сабиигъуэр хэку зауэшхуэм и зэманым хиубыда, комсомолым хэта, лэжьыгъэм и ветеран Ботэщ Соня и гъащIэм гуауи гуфIэгъуи щигъэунэхуащ. Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Болэтей къуажэм къыщалъхуа, къыщыхъуа Соня иджы Налшык дэсщ. И щхьэгъусэ Индэрбийрэ езымрэ илъэс 50-м щIигъуауэ зэдопсэу. Я хъыджэбзищми щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ: Светэ МВД-м и майорщ, ФатIимэ дохутырщ, Айшэт ГАИ-м хэтщ. Я пхъурылъхухэри къыдэкIуэтеящ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2016-06-02
- Кэнжэ къуажэ дэс Ерджынокъуэхэ иджыблагъэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэр а лIакъуэм щыщ Айтэч и къуэ Хьэбий илъэс 90 щрикъуа махуэм ирырагъэхьэлIат. Ар унэщIэ тхьэлъэIууи щытащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2013-11-23
- ЛIэужьыфIым къыпэкIуэ хъугъуэфIыгъуэхэр мылъкум куэдкIэ йобэкI. НэхъыжьыфIхэм я хьэл-щэну, гупсысэкIэу, Iуэху зехьэкIэу быным къахэнэр фIымэ, апхуэдэ мардэр гъащIэ щапхъэ яхуохъу абыхэм къащIэхъуэ щIэблэми. Мыпхуэдэ гупсысэм сыхэзышэр лъэпкъ щIэныгъэлI щыпкъэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и егъэджакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Уэлджыр Мушэхьид Кушбий и къуэм и гъащIэ купщIафIэрщ, абы и нэхъыжьхэмрэ къыщIэхъуэ щIэблэмрэ я дуней тетыкIэ екIум сызэрыщыгъуазэрщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2013-07-24
-
Аушыджэр къуажэм иджыблагъэ яхьащ Урысейм и Президентым и хъуэхъу тхыгъэр. Путин Владимир ехъуэхъуащ Шэрэдж районым и бзылъхугъэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ щхьэгъэпсо Зулихъан Къамбот и пхъум. 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м абы и ныбжьыр илъэси 110-рэ ирикъуащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
2013-07-13
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къехъуэхъуащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыпсэу, лэжьыгъэм и ветеран, зауэ зэманым и гуащIэ емыблэжу лэжьа АфIэунэ Хурирэт.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ
|