|
Зытеухуар 'ЩIэныгъэ'
2022-03-26
- ЩIэныгъэм япэ лъэбакъуэхэр щызыч щIалэгъуалэр гъэгушхуэныр, абыхэм кърахьэжьэ Iуэху щхьэпэхэр дэIыгъыр къэрал унафэщIхэм гулъытэ хэха зыхуащIхэм ящыщщ. Апхуэдэ жэрдэм зыбжанэ къабгъэдокI къулыкъущIэхэм икIи псори хуолажьэ щIалэгъуалэ зэчиифIэм, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ хэIущIыIу ящIыным, ахэр къайхъулIэн папщIэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщыным. А Iуэхугъуэхэм ящыщщ Инновацэ лэжьыгъэхэр дэIыгъынымкIэ урысейпсо фондым къыхилъхьа «АкъылыфIэ» («Умник») зэпеуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2022-02-05
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэшыр Светланэ Урысейм и профессор зэхуэс лъагэм и «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ илъэсым и проректор нэхъыфI дыдэ» лъэпкъпсо саугъэтыр иджыблагъэ къыхуигъэфэщащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-11-20
- Интернетыр IэмалыфIщ дуней псом къыщыхъу хъыбархэр псынщIэу зэбгрыгъэкIынымкIэ, удэзыхьэх Iуэхум теухуауэ уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэнымкIэ. КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Дзасэжь Ларисэ хамэбзэр IэщIагъэ хуэхъуами, анэдэлъхубзэр IэщIыб ищIыркъым. Инстаграмым абы щиIэ Easy_adygebze напэкIуэцIым лэжьыгъэшхуэ щызэфIех, ди бзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм я дэIэпыкъуэгъуу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-10-16
- Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и комиссэм къыхихащ «Приоритет-2030» программэм хэтыну еджапIэхэр. Урысей Федерацэм и къалэ 49-м щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэу 106-м грант иратынущ, дэтхэнэми сом мелуани 100 хуэзэу. Абыхэм ящыщу 28-р Москва дэтщ, 11-р — Санкт-Петербург. Апхуэдэу программэм хыхьащ щIыналъэ 47-м я еджапIэ нэхъыщхьэу 67-рэ. ЕджапIэ 80-р Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм ейщ. Абыхэм яхэтщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри. Апхуэдэ хъыбар гуапэр еджапIэ нэхъыщхьэм хэIущIыIу ищIащ иджыблагъэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-09-07
- УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэм (Рособрнадзор) и къалэнхэм ящыщщ еджапIэхэм я пщэрылъхэр зэрагъэзащIэр къипщытэныр. Апхуэдэ мурад яIэу «Рособрнадзор»-м и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ щыIащ КIуэкIуэ Валерий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым. Ди гуапэ зэрыхъущи, КъБКъМУ-р къалъытащ зи къалэнхэм къызыхуэтыншэу пэлъэщ еджапIэ нэхъыщхьэу икIи адэкIи лэжьэну хуит зыщI дэфтэрри къратыжащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-07-20
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэр зэпымыууэ щекIуэкIыу зы щIэныгъэ лъэщапIэ гъэщIэгъуэн иIэщ — щIыуэпсым и музейм геологие хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэр. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, абы и къэхутэныгъэхэм щIэупщIэ яIэщ, иригъэкIуэкI лэжьыгъэм пщIэ игъуэтащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-06-29
- Мы махуэхэм Москва щекIуэкIащ УФ-м и «Диалог» автоном зэгухьэныгъэмрэ (АНО) Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-мрэ къыхалъхьауэ щыта егъэджэныгъэ программэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэ унэтIыныгъэхэм щытепсэлъыхьа курсхэр. Бжыгъэр зи лъабжьэ иджырей медиакоммуникацэхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IэнатIэхэм зэрызыщаужь щIыкIэхэм тепсэлъыхьащ УФ-м и субъект зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ, ЩIыналъэм унафэр щызегъэкIуэнымкIэ центрхэм (ЦУР) я лIыкIуэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-02-18
- Бахъсэн щIыналъэм и курыт еджапIэхэм 2021 гъэм къриубыдэу къыщызэIуахыну я мурадщ «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» центру хы.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-02-06
- Астрономхэм иджыщ япэ дыдэу къыщалъэгъуар «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэ-дэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-10-20
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIадзащ «Iущхэр» программэм ипкъ иткIэ екIуэкIыну зэпеуэм хэтынухэр къыщыхах лэжьыгъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-07-16
- КIуэкIуэ Валерий и цIэ зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш къэрал университетымрэ антимонопольнэ IэнатIэм и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ Iуэху зэрызэдащIэнумкIэ иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэраухылIащ. Абы ипкъ иткIэ университетым экономикэмрэ управленэмкIэ и къудамэм хы- хьэу «Антимонопольное регулирование» кафедрэщIэр къызэIуахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-06-26
- Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ Хеопс и пирамидэр. Ар илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-03-28
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ПМиАТ (Прогрессивные материалы и аддитивные технологии) центрым щолэжь коронавирусым щызыхъумэ полимер антисептикхэр щIыным. Абы иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ КъэхутэныгъэхэмкIэ урысейпсо фондым. КъБКъУ-м и ПМиАТ центрым щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэм патент къыпэкIуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-12-03
- Дызэрыщыгъуазэщи, тхьэмахуэ блэкIам и кIэухым ди республикэм щыIащ Уф-м и Президент Путин Владимир, къэралым хиубыдэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр, къулыкъущIэ куэд щIыгъуу. Абыхэм яхэтащ УФ-м щIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Котюков Михаил. Президентым КъБР-м и Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIа зэIущIэшхуэм иужькIэ, Котюковыр кIуащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и педколледжым икIи абы и унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм, республикэм и курыт школхэм я пашэхэм яхуэзащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-09-20
- УФ-м и Правительствэм иджыблагъэ щIэуэ иубзыхужащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм къепхауэ лажьэ Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм (ВАК) хэтхэр. ИпэкIэ зэи къэмыхъуауэ, ВАК-м и Эксперт советхэм мы гъэм япэ дыдэу хагъэхьащ адыгэ щIэныгъэлIхэр. Апхуэдэхэщ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэу, щIэныгъэхэм я докторхэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ къудамэм и унафэщI БищIо Борис, къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ къудамэм и пашэ ТIымыжь Хьэмыщэ, пасэрей тхыдэмрэ археологиемкIэ къудамэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий сымэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
|