ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   '«Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым'

Апэнэс Астемыр: Си лъэпкъыр зыхуей- зыщыщIэхэр зыхызощIэ

2013-07-27

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэ­щIэ­щым къытхуеблэгъащ Урысейми республикэми фIыуэ щацIыху уэрэджыIа­кIуэ, къэфакIуэ, театрымрэ киномрэ я артист Апэнэс Астемыр, абы и лэ­жьэгъухэу режиссер Къалэ Муратрэ су­рэтыщI-сценограф Егоровэ Софиерэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: "Адыгэ псалъэм" и хьэщIэщым

Упрофессорми уIэщыхъуэми цIыху узыщIыжыр уи цIыхугъэращ

2013-07-13

  •    Мы гъэмахуэм къыздихьа хъыбарыфIхэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым литературэ IэщIагъэхэм щыхурагъэджэну факультетыщIэ къызэрыщызэIуахыр. Абы и фIыгъэкIэ тхакIуэ, усакIуэ хъуну гукъыдэж зиIэ щIалэгъуалэм Мэзкуу нэс мыкIуэу Налшык щеджэну Iэмал яIэщ. КъудамэщIэм и унафэщI ЩауэцIыкIу Людмилэ «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэм хэт ныбжьыщIэхэм яхуэ­за нэужь, ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: "Адыгэ псалъэм" и хьэщIэщым

Любэ и щэху закъуэр

2013-04-27

  • Интернетым «щыпсэухэм» ялъагъу­ну Iэмал яIащ Урысей Федерацэм и по­сольствэу Лондон дэтым и «Россот­рудничество» къудамэм къы­зэри­гъэпэща усэ пшыхьыр. «Адыгэ щIэсми сщIэркъым, ауэ ди пщы­хьэщ­хьэр си анэдэлъхубзэмкIэ къызэIусхыну сыхуейт, — щIэсхэм за­къыхуегъазэ адыгэ фащэкIэ утыку къихьа бзылъхугъэм, занщIэуи къыпещэ, — къызыгурымыIуэхэми а бзэм и дахагъыр зыхащIэну Iэмал хъарзынэ яIэщ».
  • Апхуэдэу цIыхухэм захуэзыгъэза Бэлагъы Любэ «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: "Адыгэ псалъэм" и хьэщIэщым

Кавказ, уи къуршхэм сыщыпсэуатэм!

2013-04-17

  • ЕгъэджакIуэ, усакIуэ, журналист, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ… Къущхьэ Надим и IэщIагъэ къэс дуней щIэ­щыгъуэу къызэIуокI. ГъащIэм и къуэпс зэхуэмыдэхэр зыгъэунэхуа тхьэмадэр а къэралым мы зэманым щекIуэкI зауэр къэхъеин и пэкIэ Сирием и Чэнджэщэгъу Хасэм и унафэщIу лажьэрт. И Iэзагъри, и Iуэху еплъыкIэ узыншэри, и хьэлэ­лагъ­ри, и гущабагъри къыздихьри, Надим и унагъуэр и гъусэу Хэкум къэ­Iэп­хъуэжащ мазэ и пэкIэ. Нобэ ар «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: "Адыгэ псалъэм" и хьэщIэщым

Макъамэр зи псэм хэлъ Гуащэкъарэ

2013-03-06

  • Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэм хеубыдэ Хьэжрэт Къэбэрдейр, иджы Къэрэшей-ШэрджэскIэ зэджэм и Iыхьэр, къыщыунэхуа зэманыр. «Къэбэрдейр IэмыщIэм илъщ, къэбэрдейхэр илъкъым», — щатхырт урыс генералхэм Мэзкуу ирагъэхь дэфтэрхэм. А щIыналъэм щыщт Япэ дунейпсо зауэм и зэманым етIуанэ Iэпхъуэгъуэр зи натIэ хъуа БырмамытI зэкъуэшищыр. Революцэ къэблагъэр фIым ущызымыгъэгугъ хъыбаркIэ уэркъ унагъуэм къыщыпежьэм, зэшитIым хуабэ уз къызэуэлIа я къуэшыр Къэбэрдейм къашэжри, езыхэр Хэкум икIащ, сымаджэр лIэмэ, ар щIалъ­хьэжыныр благъэхэм пщэрылъ хуащI­ри. Тыркум щытIысу иужькIэ Иорданиер хэкущIэ зыхуэхъуа БырмамытIхэ газетеджэхэм яцIыхупхъэщ къэралым и лIыкIуэу, пащтыхь Хъусен и щхьэхъумэхэм я Iэтащхьэу, Иордан дзэм и штабым и унафэщIу щыта БырмамытI Фоуаз и щапхъэмкIэ. Ауэ куэд щыгъуазэкъым Къэбэрдейм ис БырмамытIхэр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа зэкъуэшищым я зым, хуабэ узым къелам, къызэрытехъукIам. А лъэпкъ хьэлэмэтым щыщщ гъэ блэкIам илъэс тIощIиплI ирикъуа,  КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, нобэ ди хьэщIэ пшынауэ Iэзэ БырмамытI Гуа­щэкъарэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: "Адыгэ псалъэм" и хьэщIэщым