«Псори ТекIуэныгъэм папщIэ!»
2023-02-16
- Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ псапащIэ телемарафон КъБР-м и Музыкэ театрым мазаем и 17-м сыхьэт 14-м щыщIэдзауэ сыхьэт 18 пщIондэ щекIуэкIынущ. Iуэхур къызэригъэпэщащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым, зауэ операцэм щыIэ щIалэхэм зэрадэIэпыкъуну ахъшэ зэхадзэн папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
Щыгъуэ махуэр зэрекIуэкIынур
2021-05-19
- Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 157-рэ зэрырикъум теухуа Iуэхугъуэ- хэр мы гъэми къызэрагъэпэщынущ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, къалэхэмрэ районхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэм, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
Школхэм еджэн щIадзэж
2020-12-12
- КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм дыгъэгъазэм и 11-м щекIуэкIа пресс-конференцым коронавирус узыфэр курыт школхэм зэралъэIэсам, абыхэм я лэжьыгъэм хилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм щытепсэлъыхьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2020-10-29
- Щэкlуэгъуэм (ноябрым) и 2-м сыхьэт 18-м щlидзэу Лъэпкъхэм я Унэу Санкт-Петербург къалэм дэтым щекlуэкlынущ уэрэдус цlэрыlуэ Тхьэбысым Умар и lэдакъэщlэкlхэр щызэхуэхьэса «Уэрэдыр зигъэгъусэ» тхылъым и «лъэтеувэ».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
КIыщокъуэ Алим и фэеплъ зэхуэсым фрагъэблагъэ
2020-01-25
-
- КIыщокъуэ Алим дунейм щехыжа махуэм ирихьэлIэу, 2020 гъэм щIышылэм и 29-м сыхьэт 11-м усакIуэм и фэеплъым и деж пэкIу къыщызэрагъэпэщынущ икIи удз гъэгъахэр щагъэтIылъынущ.
- Зэхуэсым хэтахэр иужькIэ Щхьэлыкъуэ къуажэм кIуэуэ усакIуэм и унэ-музейм еплъыну я мурадщ.
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2019-12-17
- 2020 ИлъэсыщIэм дызэрытехьэну махуэшхуэ пшыхьхэр щагъэхьэзыр ди республикэм и къалащхьэм. Уэрамхэр ягъэщIэращIэ, арт-бэзэрхэр къызэIуах, фIыуэ тцIыху утыкухэм псей дахэхэр щагъэув, абыхэм щрагъэкIуэкIыну зэIущIэхэм зыхуагъэхьэзыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2019-10-19
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фрагъэблагъэ Къанокъуэ Руслан и «Лэгъупыкъум и щэхухэр» («Тайны радуги») гъэлъэгъуэныгъэм. Выставкэр жэпуэгъуэм и 21 — 31-хэм зэхэтынущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
Инджылызыбзэр зэвгъэщIэну фыхуеймэ
2019-08-03
- ИнджылызыбзэкIэ хуиту фыпсэлъэфу фригъэсэнущ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щылэжьа цIыхухъум. Ар ядэлэжьэнущ сабийхэми балигъхэми.
- ФызыщIэупщIэн щыIэмэ, фыпсалъэ хъунущ 8-928-704-09-56 телефонымкIэ.
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
Си гъащIэ — си уэрэд!
2019-02-26
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хъыбар фегъащIэ гъатхэпэм и 5-м сыхьэт 12-м КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым «Жизнь моя — песня моя!» фIэщыгъэм щIэт уэрэджыIа-кIуэ ныбжьыщIэхэм я республикэ зэпеуэ зэрыщыIэнум-кIэ. Ар хуэгъэпсащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля и ныбжьыр илъэс 85-рэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
- Зэпеуэм теухуа хабзэм КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Интернетым щиIэ сайтым зыщыхэвгъэгъуазэ хъунущ.
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым фрегъэблагъэ
2019-02-05
- Мазаем и 8-м — Гецадзе А. и «Си адэшхуэм къызэришэжар» теплъэгъуитIу зэхэт гушыIэ пьесэм къытращIыкIа спектаклым.
- Мазаем и 17-м — Ольмезов Мурадин и «Унэ лъапIэ» пьесэр и лъабжьэу ягъэува, теплъэгъуитIу зэхэт драмэм.
- Мазаем и 25-м — Аппаев Билал и «ТхьэIухудхэр зэрадыгъур» пьесэм тету ящIа, теплъэгъуитIу зэхэт гушыIэ спектаклым.
- Спектаклхэм щыщIидзэр сыхьэт 19-рщ.
- УпщIэ зиIэхэр фыщIэупщIэ хъунущ мы телефонхэмкIэ:42-64-94, 42-33-89.
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2019-01-29
- Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Горький Максим и цIэр зезыхьэ къэрал саугъэтыр зрата, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим и фэеплъу Налшык дэтым щIышылэм и 29-м сыхьэт 11-м удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.
- КIыщокъуэр дунейм щехыжа махуэм теухуа фэеплъ пэкIум кърихьэлIахэр усакIуэр къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм кIуэнурэ абы и унэ-музейм еплъынущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2018-12-08
- Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр 2007 гъэм ди къэралым щагъэувауэ щытащ УФ-м и Президент Путин Владимир 2007 гъэм дыгъэгъазэм и 24-м «Урысейм и махуэ хэхахэмрэ дзэ щIыхьым и махуэмрэ ятеухуауэ» федеральнэ унафэм Iэ щIидза нэужь. 1917 гъэм нэсыху Урысейм щагъэлъапIэу щытар Георгий щихъым и орденхэр зратахэм я махуэшхуэрщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2018-11-08
- ЩэкIуэгъуэм и 8-м:
- Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и къарур»
- (комедие)
- ЩэкIуэгъуэм и 13-м:
- Мамий Ерэджыб и «Псэлъыхъухэр» (лирикэ комедие)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
2018-10-23
- УФ-мрэ КъБР-мрэ ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм фрагъэблагъэ Симфоние музыкэмкIэ VII дунейпсо фестивалым, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дызэрыт мазэм фыщеплъ
2018-10-02
- Жэпуэгъуэм и 4-м: Касон Алехандрэ и пьесэм къытращIыкIа, IыхьитIу зэхэт «ХьэжьэIужьэ» лирикэ комедием.
- Жэпуэгъуэм и 9-м: Гецадзе Акакие и пьесэ «Си адэшхуэм фыз къызэришэжар» и пьесэр зи лъабжьэ гушыIэм.
- Жэпуэгъуэм и 16-м: Миллер Артур и пьесэмкIэ ягъэува «Ахэр псори си бынщ» драмэм.
- Жэпуэгъуэм и 24-м: Толстой Алексей и пьесэм къытращIыкIа «Бгъэмрэ Бгъэ анэмрэ» драмэм.
- Спектаклхэм щыщIидзэнур сыхьэт 19-рщ.
- УпщIэ зиIэхэр 42-64-94, 42-33-89 телефонхэмкIэ фыпсалъэ хъунущ.
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ