ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Iуэху щхьэпэ'

Лъэпкъыр лъэпкъыу къыщызэтенэр

2023-04-04

  • Шэшэныбзэм и илъэс
  • Бзэр лъэпкъым и псэу зэрыщытыр жытIэ зэпытщ. Ар фIыуэ зылъагъум, ирилажьэм Iурылъ мыхъумэ, иджырей гаджетхэр куэду къыщежьа ди лъэхъэнэм яIэщIохури, абы уримыгузавэу къанэркъым. Псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэр я гъащIэм зыкIи къащыхуэмысэбэпыну къалъытэ къыдэкIуэтей щIэблэм. Зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм къарикIуэ апхуэдэ къиинхэм пэщIэувэн папщIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэп Урысей Федерацэм и хэгъэгухэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Къаныкъуэ Заринэ:  ЗэдзэкIакIуэхэм   я мыхьэнэр инщ

2022-10-15

  • Творчествэм и унэу Переделкинэ дэтым иджыблагъэ зэдзэкIакIуэхэм я зэхыхьэ щекIуэкIащ. Абы утыку къыщрахьащ Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьыным, егъэфIэкIуэным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр. УсакIуэ, тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Къаныкъуэ Заринэ мы проектыр зэрырагъажьэрэ хэтщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр хагъэхьащ Урысейм ис лъэпкъ 60-м я анэдэлъхубзэкIэ тха тхыгъэхэр иту къыдагъэкIа антологие зыбжанэм. Мы гъэм Заринэ драматургиемкIэ секцэр иригъэкIуэкIыну ирагъэблэгъат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Къуэшырокъуэ Владислав и цIэр фIащ

2022-04-05

  • Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №7-м щекIуэ-кIащ республикэ МВД-м и УНК-м и «Гром» гуп хэхам и командир, полицэм и полковник Къуэшырокъуэ Владислав и цIэр полицэм и кадет зэщIэхъееныгъэм зэрыфIащым теухуа зэIущIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Хэкур  зыхъумахэм  я фэеплъыр ягъэлъапIэ

2021-03-16

  • «Фэеплъым и жыг хадэхэр» дунейпсо акцэм зэрыхэтынум зыщыхуагъэхьэзыр Къэбэрдей-Балъкъэрым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

БзэмкIи лъэмыж яухуэ

2021-03-11

  • СССР-м хэта къэралхэм яку къыдэхъуа экономикэ, политикэ Iуэхухэм я нэхъ гуащIэу щытар бзэм епхаращ. ЗэрытщIэжщи, Прибалтикэм къыщежьащ а къэралищым щыпсэу урысхэм я бзэр паубыдыныр, абыкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэту ямыдэныр. Иужьрейуэ ди нэгу щIэкIаращи, Украинэм и къэралкъутэр къызыхэкIари аращ. Донецкрэ Луганскрэ щыпсэу урысхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуагъэнкъым я бзэмкIэ псэлъэну, еджэну зэрыхуейм зауэ къикIыну, къулейсызыгъэм хуишэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Лъэпкъхэм  я зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ

2019-10-12

  • КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэжьауэ илъэсипщIым нэсауэ ди щIыналъэм щокIуэкI «Ныбжьэгъу зэхуэхъуахэр» проект щхьэпэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Кавказым ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, дэтхэнэ лъэпкъри адрейхэм къазэрыхэщхьэхукI хабзэмрэ бзэмрэ ди щIэблэм нэхъ куууэ къегъэщIэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

«Узыншагъэм и лъагъуэхэмкIэ»

2018-06-26

  • Апхуэдэ и фIэщыгъэцIэу Аруан районым къыщыхалъхьащ физкультурэ-спорт зэщIэхъееныгъэм зэрызегъэужьынымрэ ар зэрегъэфIэкIуэнымрэ хуэунэтIа жэрдэмыр. Ар алыдж-урым, бэнэкIэ хуит, бокс, футбол, волейбол, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэм хухэха зэIущIэхэр егъэкIуэкIынырщ. А зэхыхьэхэм ящыщ зыр кикбоксингым теухуауэ щытащ. Ар щекIуэкIащ Ерчэн Темболэт и цIэр зезыхьэ физкультурэ-спорт комплексым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

ЩIалэгъуалэр лэжьыгъэ IэнатIэхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2018-06-21

  •  Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Ар теухуат КъБКъУ-р къэзыухахэр лэжьапIэ IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным. Хабзэ хъуауэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкI Iуэхум хэтщ сту-дент куэд икIи зыхуеджа IэщIагъэм хуэкIуэ лэжьапIэхэри къыщагъуэтыф. Мы гъэм абы къекIуэлIащ ныбжьыщIэ 600-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Джэду Iэниуар сабийхэр хуегъасэ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным

2017-01-28

  • Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIа Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джэду Iэниуар къалэ гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэным теухуа хабзэр сабийхэм къагуригъэIуащ икIи уэздыгъэм пэлыдыж кимонохэр тыгъэ яхуищIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Тхуэгъэкъаруунум тращIыхь

2014-02-08

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Юрий дыгъуасэ ири­гъэ­кIуэкIа зэIущIэм щызэпкърахащ республикэм и ЩIыналъэр зэраубзыхун схемэм и проектымрэ Налшык къалэ округым и Генеральнэ планымрэ ятеухуа Iуэхугъуэхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Илъэс 95-рэ ирокъу

2013-10-19

  • Комсомолыр къызэрыунэхурэ илъэс 95-рэ щрикъу       жэпуэгъуэм и 29-м КъБР-м и профсоюзхэм я федерацэр Iуэху щхьэпэхэмкIэ IущIэнущ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Узыншэу псэуным и телъхьэхэр

2013-09-17

  • КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм мы гъэм бадзэуэ­гъуэм и 9-м къыхилъхьауэ щытащ «Гъэмахуэ узыншэ-2013» Iуэху щхьэпэр. Ар даIыгъащ икIи жыджэру Iуэхум хэтащ министерствэ, ведомствэ, IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр. Сабийхэм зыщагъэпсэхуа санаторэхэм лагерхэм абыхэм къыщызэрагъэпэщащ узыншэу псэуным, мафIэс къэмыгъэхъуным, гъуэгум и хабзэхэм тетыным, хьэл мыхъумы­щIэ­хэр зэрызыхамылъхьэным теухуа зэIущIэхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Дертхэмрэ дерсхэмрэ

2013-06-25

  •   Шэрэдж районым и электросетхэм я еджапIэ-зыгъэ­са­пIэм щекIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм электрокъарур ятезыгуашэ компание» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ток гуэ­шыпIэхэр зезыхьэ и IэщIа­гъэлIхэм я зи чэзу зэпеуэр. Абы гуп пщыкIузым я зэфIэ­кIыр щагъэлъэгъуащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ