ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Спорт'

2023-05-18

  • Мудрэн Азрэт и текIуэныгъэ
  • Наро-Фоминск къалэм фIыуэ зэхэзымыххэм я Урысей чемпионат щызэхэтащ. Я хьэлъагъ елъытакIэ гупипщIу зэхэдзауэ щыта спортсмен 75-рэ, ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 24-м къикIауэ, мыбы щызэпеуати, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа Мудрэн Азрэт зыхэтам япэ увыпIэр къыщихьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

2023-05-04

  • Дыжьынымрэ домбеякъымрэ къахь
  • Челябинск къалэм урысейпсо зэхьэзэхуэ дзюдомкIэ щекIуэкIащ, илъэс 18 нэхърэ мынэхъыжь щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хэту. Ар и фэеплъу щытащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Федоров Юрий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

ТекIуар  адэкIэ  мэкIуатэ

2023-05-04

  • Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым мэлыжьыхьым и 29 — 30-хэм щекlуэкlащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я спортсмен ныбжьыщIэхэм тхэквондомкlэ я зэпеуэ (ВТФ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Ислъам и дыщэхэр

2023-04-20

  • Санкт-Петербург щыIэ «Кавголово» зыгъэсапIэ центрым мэлыжьыхьым и 9 — 15-хэм щызэхэтащ узыншагъэкIэ щыщIэныгъэ зиIэхэм яхухэха, пауэрлифтингымкIэ Урысейм и зэхьэзэхуэ. КъБР-м щыщу зэпеуэм хэтащ ГъукIэлI Ислъам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Нэхъ лъэщхэр  Нарткъалэ щызэхагъэкI

2023-04-01

  •  
  • Ерчэн Темболэт и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт спортымкIэ уардэунэм илъэс еханэ хъуауэ щокIуэкI армэ IэпщэрызауэмкIэ 115-нэ шуудзэм и республикэпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ. Иджыблагъэ абы кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ куэдым къикIа ныбжьыщIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Дунейпсо зэпеуэм ирагъэблагъэ

2023-04-01

  • Орлов областым и Орёл къалэм гъатхэпэм и 22 — 26 махуэхэм щекIуэкIащ сумоистхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэр абы я зэфIэкI щеплъыжащ икIи къыхэжаныкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Зэуэ медалипщI

2023-03-21

  • Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ илъэс 15 иримыкъуа щIалэрэ хъыджэбзу 270-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Разиуанрэ Маликрэ я текIуэныгъэ

2023-03-18

  • Мы гъэм гъатхэпэм и 3 — 10-хэм Уфа къалэм щызэхэтащ Урысей МВД-м боксымкIэ и чемпионат. Башкортостаным и щыхьэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щызэрихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я хабзэхъумэ органхэмрэ еджапIэ 15-м, апхуэдэуи Центральнэ, Приволжскэ федеральнэ щIыналъэхэм транспортымкIэ я управленэхэм я командэхэр. Абы хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупыр икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

2023-03-02

  • Аланэ и ехъулIэныгъэ
  • Ди лъахэгъу Скрипко Аланэ и ехъулIэныгъэмкIэ хуабжьу дигъэгуфIащ. Урысей Федерацэм ныбжьыщIэхэм я деж пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ Ленинград областым и «Выборг» спорткомплексым щызэхэта зэпеуэм абы япэ увыпIэр щиубыдащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

И  Iыхьэ  щанэращ  къигъэщIар

2023-02-28

  • 1987 гъэ лъандэрэ илъэс къэс мазаем и 23-м Къэхъун къуажэм щокIуэкI Афганистаным щыхэкIуэда, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр мыпсэужу зыхуагъэфэща НэгъэцIу Хьэсэнбий волейболымкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм ар щэщIрэ етхуанэу зэхаублащ икIи аргуэру ирагъэхьэлIащ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Алимбэч ягу  къагъэкIыж

2023-02-28

  • Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэм и фэеплъу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ баскетболымкIэ зэпеуэ. Ар ирагъэхьэлIащ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пелуанхэр

2023-02-18

  • Башкортостаным и къалащхьэ Уфа мазаем и 7 — 9 махуэхэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионат. Абы къэралым и спортсмен нэхъыфIу 320-м нэблагъэ хэтащ. Ди щIалищым дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ, зым дыжьыныр лъысащ, иджыри плIым домбеякъыр къыхуагъэфэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

ТекIуэныгъэ къахьащ

2023-02-04

  • Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм ушу спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионатрэ бжьыпэр убыдынымкIэ къэрал зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Ростов областым, Адыгейм, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ спортсмени 130-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Кавказ Ищхъэрэм къыщыхэжаныкIахэр   Екатеринбург макIуэ

2023-02-02

  • Ставрополь къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIат зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуа щIалэрэ хъыджэбзу 240-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

И зэфIэкIым щефIэкIыжу

2023-01-31

  • ЩIышылэм и 27 — 30-м Налшык щекIуэкIащ тхэквондомкIэ «Кавказым и сабийхэр» урысейпсо зэхьэзэхуэу «ВТФ» нагъыщэмкIэ хагъэунэхукIар. Абы хэтащ къэралым и спортсмен ныбжьыщIэу 300-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт