ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Малъхъэдис'

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2023-01-28

  •  
  • Прозэу тха усэ
  • КъэщIэрей дыдэ
  • Мор-мыр жыхуаIэ къэщIэрей нэхъ цIэрыIуэхэр зэхуэсауэ я фIэщыпэу зэпеуэрт.
  • Щи, тхьэмадэр щIоупщIэ:
  • — Сыт псом нэхърэ нэхъ IэфIыр?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

2023-01-21

  • Псалъэжьхэр
  • Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ
  • Щхьэгъусэ улъыхъуэмэ, благъи дэлъыхъуэ.
  • ФIылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ.
  • Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.
  • Гъунэгъур гъуджэм хуэдэщ.
  • Гъавэ зытетым бжьын жылэ тресэ.
  • Делэр псоми я Iыхьэгъущ.
  • ыщэ цей хуэпщI щхьэкIэ, пэ хуэпщIын.
  • Джэду хьэжы зыкъещI.
  • ДжэдыкIэм цы къыхех.
  • Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ.
  • ЖьэкIэ маисэщ, IэкIэ сэмэгущ.
  • Зи щхьэ зыфIэмыдэхэж щыIэкъым.
  • Зумыхьэри уимыIэри зыщ.
  • Зымылъэгъуа хашэ хъуркъым.
  • ЗыщIэм жиIэркъым, жызыIэм ищIэркъым.
  • Иужьрей Iуэху бзу кIагуэщ.
  • Къапхъэнми имыгъапцIэ иубыдыркъым.
  • Къалэн зыщыпщIыжыр къалэн пхуохъу.
  •  
  • Шхыныгъуэхэр
  • Джэш хьэнтхъупс, прунж хэлъу
  • Джэш лъэсар псы щIыIэм хакIутэри, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, мафIэр ину блэуэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр нэхъ щабэ ящIри, ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Джэшыр зыхэвыкIа псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщI, джэшыр иракIутэжри, шэ гъэпщта щIакIэ, шыгъу хадзэри, зэ къытрагъэкъуалъэ. Абы прунж лъэсар халъхьэри, зэIащIэ, зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ мафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри, шэр щIимысыкIын щхьэ-кIэ зэзэмызэ зэIащIэурэ хьэзыр хъуху ягъавэ.
  • Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, джэдгын хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэри дакъикъитху-хыкIэ щагъэт IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ. Iэнэм шатэ текIауэ пщтыру трагъэувэ. ЩIакхъуэ, чыржын, лэкъум дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэш гъуэжьу — г 50, прунжу — г 30, япэу зэрагъавэ псыуэ — г 1500-рэ, шэ щIэмыхуу — г 400, шатэу — г 40, шыгъуу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. Бжьын гъэлыбжьам: тхъууэ — г 30, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 30, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • Фэ фщIэрэ?
  • Домбей
  • Ди лъахэм щыIэ псэущхьэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэщ домбейр. Абы и кIыхьагъыр метри 3,5-м, и хьэлъагъыр кг 900-м щIегъу. Домбейм лышхуэ телъщ, и фэм щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэпщIыкI мэхъу.
  • Илъэсищэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди къуршылъэ мэзхэм куэду щыпсэууэ щытащ а псэущхьэр. Кавказ домбейкIэ еджэрт абыхэм, апхуэдэ лIэужьыгъуэ нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрыщымы-Iэм къыхэкIыу. 1920 гъэм ирихьэлIэу къэнэжа щIагъуэ щымыIэу зэтраукIауэ щытащ. ИужькIэ, Iэмалу щыIэр ирахьэлIэри, и бжыгъэр зэфIагъэувэжащ. Мы зэманым домбейхэр ди республикэ-ми щопсэу, ауэ я бжыгъэр зэкIэ мащIэ дыдэщ. Нэхъыбэу ахэр здэщыIэр Теберда щыIэ заповедникырщ.
  • Домбейм и лым, и фэм, и бжьакъуэм щIэупщIэшхуэ яIэщ, абы и шэр IэфIщ, Iувщ.
  • Домбейхэр хъумэн, зи бжыгъэр куэд щIыпхъэ псэущхьэхэм ящыщщ.
  •  
  • Гупсысэ кIэщIхэр
  • Губзыгъэ псори жьакIуэкъым
  • ЖьакIуэхэм — утыку, трибунэ къихьэу, фадэ-Iэнэ бгъэдэсу екIуу, Iэзэу псэлъэфхэм, хъуэхъу дахэ жызыIэфхэм — сехъуапсэу сыкъекIуэкIащ… иужькIэ гу лъыстэжащ нэхъыбэм а жаIэхэр (текстхэр) зрагъэщIауэ (Iэджэрэ жаIэжауэ) зэрыщытыр… ИкIи жэщым ахэр къэбгъэтэджыжми, а ящIэ тIэкIур жаIэжыфынущ. Ар щIыжысIэращи, Достоевскэм, акъылэгъу удэмыхъункIэ Iэмал имыIэу, мыпхуэдэ гупсысэ мызэ-мытIэу и тхыгъэхэм къыщыхигъэщащ: языныкъуэ щытыкIэхэм «цIыху губзыгъэм жиIэхэр куэдкIэ нэхъ мыхьэнэншэщ (уеблэмэ делагъэщ), жимыIэу къигъэнэжым нэхърэ». Арауи къыщIэкIынущ губзыгъэ псори щIэмыжьакIуэр, жьакIуэ псори щIэмыгубзыгъэр.
  •  
  • КъэбгъэщIар ящыгъупщэмэ…
  • Зы лъэныкъуэкIэ Iейуэ къыщIэкIынукъым дунейпсо поэзием ущыгъуэзэныр, ар Iэзэу уи тхыгъэхэм къыщыбгъэсэбэпыныр. Ауэ, цIэ-унэцIэ уиIэжу, усакIуэу зыкъыщыплъытэжкIэ, уи макъ уиIэжын зэрыхуейр пщIэжынри игъуэджэу къыщIэкIынукъым. Хэт ижь къыпщIихуми — ар емыкIукъым, узыдэплъеин щыгу уимыIэу лъагапIэхэм узэрыдэмыкIыфынури щэхукъым. УщымыгенийкIэ, жамыIа пхужыIэнукъым. Ауэ щыхъукIи, усэ щыптх-къыщыбгъэщIкIэ, зыми емыщхьу уэ езым уи макъ, уи хъэтI уимыIэжмэ, уусакIуэкъым, къэбгъэщI псори икIэм-икIэжым псыхэкIуадэ хъужу, уремесленникыу аркъудейщ (пIалъэ кIэщIым — илъэс зыбгъупщIым — къэбгъэщIар ящыгъупщэмэ, аракъэ псыхэкIуадэ хъужыр).
  • Хьэту Пётр.
  •  
  • Тхыдэ
  • Пасэрей Iэщэхэр
  • Археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж пасэрей Iэщэхэм ящыщщ джыдэр. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, мывэм къыхащIыкI зэрыхъу лъандэрэ пасэрейхэр джыдэм ирищакIуэу, иризауэу къэгъуэгурыкIуащ, ар шабзэми джатэми нэхърэ нэхъ пасэу къытехьащ дунейм. ЩIы щIагъым куэдыкIейуэ къыщIэкIыж пэтрэ, зэзэмызэххэщ нарт хъыбархэм джыдэм и цIэ къыщраIуэр: Iэщэу къежьами, абы и Iэщэ «къалэныр» хуэм-хуэмурэ фIэкIуэдри, унагъуэм щызэрахьэ Iэмэпсымэ хъуащ. Джыдэм Iэщэ «къалэн» щиIам пасэрей адыгэхэр абы зэреджэу щытар нэгъуэщI псалъэщ — «уэщ» («уэн» псалъэм и лъабжьэгъущ, ар щыхьэт тохъуэ джыдэр пасэрейхэм Iэщэу зэрызэрахьам). «Джыдэ» псалъэр нэгъуэщIыбзэм къыхэкIащ, ар адыгэбзэм къыщыхыхьам щыгъуэ джыдэм «Iэщэ» мыхьэнэ иIэжакъым — унагъуэм щызэрахьэ Iэмэпсымэ хъуакIэт (абы нэхърэ нэхъ IэщэфI къагупсысати), аращ хамэбзэм къыхэкIа псалъэм («джыдэм») адыгэ псалъэр («уэщ»-р) иригъэкIуэтын, абы и пIэ иувэн щIыхузэфIэкIар.
  • «Уэщ» псалъэр лъэныкъуэ егъэза хъуа щхьэкIэ, ар адыгэбзэм хэкIуэдыкIыжакъым: «джыдэм» нэхърэ нэхъ мащIэрэ къагъэсэбэпми, адыгэбзэм ноби къыщызэтенащ, и мыхьэнэм зэрызихъуэжа щIагъуэ щымыIэу. Шабзэми джатэми нэхърэ нэхъыжьщ уэщыр — пасэрей цIыхум япэ дыдэ къищта Iэщэщ ар: япэщIыкIэ мывэм (псалъэм папщIэ, щтаучым), иужькIэ гъущIым (бронзэм) къыхищIыкIыурэ. Шабзэр, иужькIэ джатэр зэри-хьэ хъуа нэужь, пасэрейм гу лъитащ шабзэри джатэри уэщым нэхърэ зэрынэхъ Iэрыхуэм. Ар щхьэусыгъуэ хуэхъури, уэщыр IэщIыб ищIыжащ пасэрейм, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ар унэм къринэри, шабзэрэ джатэкIэ зызэщIиузэдащ. Псэ быдэу къыщIэкIащ а тIур: адыгэхэм шабзэри джатэри зэрахьащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэ пщIондэ. Япэ дыдэ къежьа Iэщэм — уэщым — апхуэдэ гъащIэ иIакъым; нэхъ гъащIэ кIыхь хъуащ уэщым къытехъукIыжа Iэщэр — маит хъужыр (секирэ жыхуаIэр).
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Къуий здэщыIэм … къыщрахыркъым. 3. УкIытэ зиIэм насып … 7. … къэрабгъэ нысащIэ гъэшынэщ. 8. … ныкъуэрэ зэрыщIэркъым. 9. … щыкъун и пщIыхьщ. 12. Ахъшэр … хуэдэщ. 13. … здэщымыIэм дзыгъуэ щоятэ. 17. Къандзэгурэ … гу егъэуфэрэнкI. 20. Куэд зыгъэщIа куэд … 21. Уэшх блэкIам … кIэлъумыщтэ. 22. … имылъмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ. 23. Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ …
  • Къехыу: 1. Мыщащхьэ плъагъуу, … лъэужь умылъыхъуэ. 2. … къэтэджамрэ щIалэу къэзышамрэ щIегъуэжыркъым. 4. … къашэри, вынэ ирищIащ. 5. … и зекIуапIэ и кIуэдыжыпIэщ. 6. Бэр зэкъуэтмэ, батэ … 10. Зумыхьэри уимыIэри … 11. Зым и зэран … йокI. 14. Лы зышхар … йофэж. 15. Зи цIэ ираIуэ бжэщхьэIу … 16. И анэ еплъи, ипхъу … 18. … зытI, … йохуэж. 19. Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы … .
  • Зэхэзылъхьар Бицу Жаннэщ.
  • ЩIышылэм и 14-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 3. Амыщ. 5. Вынэ. 6. Дзыбэ. 7. Уанэ. 8. КIэс. 9. ЧыцI. 12. Мест. 14. Iулъхьэ. 16. Чынт. 17. Арму. 19. Фо. 20. Нэд. 21. Гъудэ. 22. Уд.
  • Къехыу: 1. Набдзэ. 2. Шэрэз. 4. Щхьэпс. 5. Выуэч. 10. Гъум. 11. Сэ. 13. Тутын. 14. Iужажэ. 15. Хьэм. 16. Чэф. 18. Уэд.

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2023-01-14

  • ЖыIэгъуэхэр
  • Къэзыгъуэт зэпымыууэ мэлъыхъуэ
  • Щэм щыщу щхьэм текIуадэр зыщ, къэнар щхьэншагъэм ехь.
  • Япэу уи тхьэкIумэм къицырхъар зэхъуэкIыжыгъуейщ: пэжми пцIыми.
  • Псэм бэмпIэгъуэ телъмэ, узыншагъэми IэфI щIэлъкъым.
  • Псэр зыгуэрым и IэмыщIэ илъмэ, хьэзаб телъщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-12-30

  • ИлъэсыщIэ Iэнэм
  • Бабыщ гъэжьа, мыIэрысэ илъу
  • Бабыщ гъэкъэбзар зэгуамыгъэжу псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж. Бабыщ гъущам и щIыбми и кIуэцIми шыгъурэ шыбжийрэ фIыуэ щахуэ. АдэкIэ мыIэрысэр, нэхъ цIыкIуурэ къыхахри, ятхьэщI, якIхэр кърач, ялъэщIыж. МыIэрысэхэр бабыщ кIуэцIым иралъхьэри, псы щIыIэ тIэкIу иракIэж, бабыщыр мастэIуданэкIэ зэгуадэж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-12-17

  • И чэзущ
  • Дыгъэгъазэ
  • «Декабрь» псалъэр бжыгъэкIэ пщIы «децем» къытекIащ. Нэгумэ Шорэ щIымахуэпэ мазэу етх: «чимахопемазе». Иджырей адыгэбзэ макъ щI-р Нэгумэм и тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ нэхъыбэм хьэрф ч-кIэ, иныкъуэми ш-кIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-12-10

  • Прозэу тха усэ
  • ХъуэпсапIэ  жыжьэ
  • Гупсысэ нэкIэпсыжэхэм задебгъэхьэхыу ущытыныр лIы хьэлкъым, ауэ уи щхьэ пцIы хуэбупсыжкIэ сыт, — гухэпсыхагъэ зыхалъагъуэнкIэ хъуну хъуэпсапIэ щэху гуэрхэр сэри си гум щызогъафIэ…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-12-03

  • Чэнджэщхэр
  • ЩIэщыгъуэр гуакIуэщ
  • ФIыщIэ зыхуэфащэр цIыхум Iейуэ хэлъыр зыгъэмащIэу фIыуэ хэлъыр зыгъэбагъуэрщ.
  • Хьэ пэтрэ, щыбгъэкIмэ, хэплъыхь ещI.
  • ЦIыху зи жагъуэ къулейсызщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-11-26

  • Хабзэм щыщ
  • ХьэщIэгъуакIуэ, уэкъулэ
  • «Хьэщlэр уеджэу хьэщlэгъуакlуэ къыумышэ, ауэ къакIуэмэ, ухуэмынэщхъей!» — жиlэу псалъэжь щыlэщ. Абы къикlыр хьэщIэр къыпхуэкlуамэ, нэщхъейуэ ухущымыту, къыщIэкlуар хуэщlэ. Ар нэхъыбэу зытражыlыхьыр, ипэкIэ мылъку щхьэкIэ лъэlуакIуэ кlуэ куэдрэ къэхъуу щытащ. Ар сыт хуэдэ хьэщIэуи, сыт хуэдэ мылъку щхьэкlэ къокlуэлlауи щрет, хуумыщIэмэ, улIтэкъым.
  • Езым и къару закъуэкlэ хузэмыгъэпэщми, и ныбжьэгъу зыдигъэIэпыкъурти, и хьэщIэм и Iуэхур хузэфIигъэкIырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-11-19

  • Шхыныгъуэхэр
  • Пщагъэ зыхэлъ лэкъум
  • ПщагъэкIэ гъэтэджа тхьэвыр сэхуран дагъэ зыщыхуа Iэнэм тралъхьэри, хуэплIимэ щIыкIэу, ину, и Iувагъыр мм 3 — 4 хъууэ яху. Тхьэвыр см 4 — 5 и бгъуагъыу, см 12 — 13 и кIыхьагъыу щимэурэ е плIимэурэ зэпаупщIри, тэджын щхьэкIэ дакъикъэ зытхухкIэ щагъэлъ. ИтIанэ сэхуран дагъэ е тхъу къэплъа зэрыт шыуаным хадзэри, зэрагъэдзэкIыурэ дакъикъи 3 — 4-кIэ, тхъуэплъ дахэ хъуху, ягъажьэ. Дзасэм фIаIуурэ къыхахыж, дагъэр е тхъур пагъэжын щхьэкIэ. Яшх хуабэу, шатэ, фо, кхъуей и гъусэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-11-12

  • Фэ фщIэрэ?
  • Абрэмывэ
  • Миф мывэ лIэужьыгъуэ, къызэрымыкIуэу ину. Нарт эпосым, псысэхэм къыхохуэ лIыхъужьым (шым, фадэм) и къарур къралъытэу. Псалъэм папщIэ, «Сосрыкъуэ и пшыналъэм» лIыхъужьым и теплъэр къыщиIуатэкIэ, абы и щхьэр абрэмывэм хуегъадэ. ДжэгукIэ лIэужьыгъуэу нартыр (иныжьыр) абрэмывэм натIэкIэ (е IэкIэ, лъакъуэкIэ) еуэу бгым дрихуеижын хуейщ. Нартхэ я гъукIэ Дэбэч абрэмывэр и сыджщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-10-29

  • Сабийхэм папщIэ
  • СурэтыщI
  • Итщ ди хадэм бжьыхьэр,
  • Жыгхэр кърелэкI.
  • Сэри сыкIэлъохьэр,
  • Къыздэсщтауэ лэч.
  • ИщIэр сфIэдахащэу
  • Бжьыхьэми солъэIу:
  • «Къысхуэгъанэ, дыщэ,
  • Сэри злэну тIэкIу!»

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

2022-10-22

  • ГушыIэми ауанми  пэж гуэр хэлъщ
  • Пэжыр псоми фIыуэ ялъагъу, ар я щхьэм хуэмыгъэза къудеймэ.
  • Делэр къыпщытхъумэ, мыделэж хуэдэу къыпщохъу.
  • Гуащэм и нысэр игъэгушхуэн фIэщIу: «Ди нысэ цIыкIум и псэкIэ тхьэ соIуэ», — жиIэрти, нысащIэр мыгувэу: «Си псэкIэ тхьэ соIуэ», — жиIэу утыку ихьащ.
  • Зи щхьэ щытхъурейр ныкъуэделэщи, зи фыз щытхъурейр делэ дыдэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-10-15

  • Прозэу тха усэхэр
  • ГъащIэ пэж
  • ЦIыхушхуэм гъащIэ пэжкIэ псэун щыщIидзэр и пкъыр дунейм ехыжа нэужькIэщ. Дуней гъащIэм и Iэмалыншагъэхэм, и хэкIыпIэншагъэхэм ирихулIэурэ зэсэж Iэхъулъэхъу куэдыкIейм яIэщIэкIыу, бампIэхэм, гуауэхэм, щэIухэм, гызхэм я зэхуакум къадищIыкIа и IуэхущIафэ лъагэхэр, псэм къыхищIыкIа и телъыджэхэр хэт дежкIи наIуэ хъуа нэужькIэщ цIыхушхуэм и гъащIэ нэсым, гъащIэ пэжым щыщIидзэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-10-08

  • Прозэу тха усэ
  • Уэрэд
  • Макъамэ гуэрым сынешэж, макъамэ гуэрым сыхогъуащэ. Ди уафэм нэпс зэрыщIигъэжыр макъамэ щэхум къыджеIэж. Псалъэншэщ. Уафэри гъунэншэщ. КуууIуэщ. КуууIуэщи, гупсысэри еуIэ. УIэгъэр нэхъри гуауэ кIуапIэщ. Псэр сыту лъапIэ… Макъамэм щIэлъри аракъэ… Зыгуэрым и псэ, гум и плъыфэ…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-10-01

  • ЦIыкIухэм папщIэ  Iуащхьэ щыгум
  • Цыжьбанэр гъуэлъыжрэ пэт ныбжьэгъум и фий макъ къызэхихащ. Ар къыщыщIэкIым къилъэгъуащ и ныбжьэгъур уафэм зэрыдэплъейр. Цыжьбанэр къызэрыщIэкIар зэхимыхауэ абы и нэр уафэм етат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис