ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ТекIуэныгъэ'

ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэр

2023-02-22

  • Хабзэ хъуауэ, цIыху щхьэхуэхэм къищынэмыщIауэ, къэхъугъуэхэм ехьэлIа, тхыдэ, щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъхэр ягъэув. Сыкъыщыхъуа жылэми а хабзэр къыпекIуэкIакъым. Аргудан къуажэм къыщхьэщыт лъагапIэм — Джэрмэншык Iуащхьэм — щыболъагъу революцэмрэ Граждан зауэмрэ хэкIуэдахэм хуагъэува, вагъуэ къуапитху зиIэ фэеплъ иныр. Апхуэдэу ди къуажэр зыгъэдахэ дамыгъэхэм ящыщщ курыт еджапIэ №1-м и гупэм къит «Анэ лIыхъужь» фэеплъыр. Ар жылэм дэсхэм я къарукIэ ягъэуващ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 25-рэ щрикъум ирихьэлIэу икIи къызэIуахащ а махуэшхуэр щагъэлъэпIа 1970 гъэм накъыгъэм и 9-м. Школым и фэеплъ пхъэбгъум тетхащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ щызезыхьа аргудандэс 314-м я цIэ-унэцIэхэр. Къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и щIыхьэпIэм деж щагъэуващ Хэку зауэшхуэм (1941 — 1945) и сэлэтым и фэеплъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

ТекIуэныгъэм и нурым Налшык и уафэр къегъэнэху

2022-06-28

  • 1945 гъэм ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм я парадыр зэрыщыIэрэ илъэс 77-рэ зэрырикъум хуэгъэпсауэ Дзэ щIыхьым и цIэр зезыхьэу къэралым ит къалэ псоми щрагъэкIуэкI урысейпсо Iуэхум хэтащ Налшыки.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

ЛIыхъужьым и гъуэгу

2022-05-14

  • Ачмыжь Айдэмыр къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу
  • Къурей губгъуэжьыр къызэбнэкIрэ Сэтей щхьэпцIанэм уиту зы теуэгъуэ хуэдиз укIуэцIрыкIмэ, адыгэхэр НэкусхьэблэкIэ зэджэ нэгъуей жылэр, нобэ Новкус-Артезиан фIэщыгъэр зезыхьэр, щысщ. Къуажэр мыин дыдэми, зэгуэр цIыху куэд щыпсэууэ щытащ, тхыдэ гъэщIэгъуэни иIэщ. Адыгэхэр псатхьэ жылэкIэ зэджэ къуажитIым зыр Нэкусхьэблэщ, етIуанэри — Псыхуабэ пэмыжыжьэу щыс Къанлыщ. Пхъурылъху жылэщ жаIэурэ пщIэ хуащIу, якIэлъыкIуэу, езыхэри щIэх-щIэхыурэ адыгэхэм къахыхьэу щытащ. Ди лъэпкъым и гугъу ящIрэ и цIэр къраIуэмэ, нэгъуей цIыхубзхэр зэщIотаджэ, щIыжаIэри аращ — я бзылъхугъэ нэхъыжьхэр адыгэхэм ящыщт, фIэлIыкIрэ пщIэрэ зыхурагъэщIат. Нэгъуейхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэм дытепсэлъыхьын хуей щIэхъум зы щхьэусыгъуэ иIэщ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Нэкусхьэблэ деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм и щхьэр хилъхьащ къызыхэкIа лъэпкъым и цIэр щытхъу дахэ пылъу кърезыгъэIуа, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Ачмыжь (кIахэ адыгэбзэкIэ — Ацумыжь) Айдэмыр. Шур щепсых и мащэщ, жаIэ адыгэхэм. Айдэмыр Нэкусхьэблэ щыщIалъхьэжащ, и кхъащхьэри нобэр къыздэсым щызэрахьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

ФIыщIэ мыухыж яхудощI ди нэхъыжьхэм

2022-05-12

  • Налшык щекIуэкIащ республикэм ис хэкупсэхэм ящыщ куэд зэхуэзышэса «Полк уахътыншэ» лъэс зекIуэр. Хэку зауэшхуэм хэта я Iыхьлыхэм я сурэтхэр яIыгъыу, ТекIуэныгъэм хуауса уэрэдхэр жаIэу, Лениным и цIэр зезыхьэ, къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ цIыху минхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

«Полк уахътыншэм» цIыху мин 50 зэхуишэсат

2022-05-12

  • «Полк уахътыншэм» зэхуишэса лъэс зекIуэм хэтын къудей папщIэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIа нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри зэщIигъэуIуащ накъыгъэм и 9-м щыIа мы дауэдапщэм. Адэ-модэкIэ «ура»-хэр щызэхэпхыу, цIыхубэм Налшык и уэрам нэхъыщхьэр ягъэбжьыфIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

МафIэ  мыужьыхым  деж

2022-05-12

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди республикэм щыщу хэкIуэдахэм папщIэ накъыгъэм и 9-м удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ «ЩIыхьым и МафIэ мыужьых» мемориалу Налшык дэтым деж. 

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм  и махуэшхуэм и щIыхькIэ зэрызахуигъэзар

2022-05-12

  • 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 77-рэ ирикъуащ мы гъэм. Абы ехьэлIа Iуэхугъуэ дахэ куэд ди хэкум и щIыпIэ псоми щекIуэкIащ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм и саулыкъукIэ Налшык къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ концертым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зауэм и ветеранхэм, республикэм и цIыхухэм захуигъэзащ хъуэхъу псалъэхэмкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

И унэм еблэгъащ

2022-05-12

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэ Иным папщIэ ехъуэхъуащ зауэм и ветеран Караганов Николай. Республикэм и Iэтащхьэр ветераным и унэм еблэгъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Дэнэ къуажи  къыдэIукIырт

2022-05-12

  • Накъыгъэм и 9-р, ди къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Тэрч щIыналъэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Ветераныр ягъэгушхуащ

2022-05-12

  • «Парадыр и унэм деж» Iуэхур щыдаIыгъащ Налшык къалэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

ЛIыгъэм  и  дерсхэр  ирагъэкIуэкI

2022-05-12

  • УФ-м и Лъэпкъ гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм-рэ дзэ къулыкъур езыхьэкIхэмрэ лIыгъэм и дерс драгъэкIуэкIащ Бахъсэн къалэм дэт, ЩоджэнцIыкIу А. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м гвардейцхэм я нэIэ тету иIэ классым щIэсхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Я адэшхуэхэм яхуэфащэу

2022-05-12

  • ТекIуэныгъэм и парадыр Iэтауэ щекIуэкIащ Нарткъали.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Къэхъундэсхэм  ягъэлъапIэ

2022-05-12

  • Псоми ди зэхуэдэ и махуэшхуэр щагъэлъэпIащ Къэхъун къуажэм. Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щызэхуэсащ жылэм и унафэщIхэр, депутатхэр, нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэр. Фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, къызэхуэсахэр ирагъэблэгъащ курыт еджапIэ №1-м. ШколакIуэхэр зауэм теухуа усэхэм къеджащ, уэрэдхэр жаIащ. УэрэдкIэ нэхъыжьхэм яхуэупсащ уэрэджыIакIуэ Къул ФатIимэ. ХьэхъупащIэ Заур и гъэсэнхэм я къэфэкIэр хьэщIэхэм ягу дыхьащ. 

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Зэманым фагъуэ дэхъунукъым

2022-05-12

  • Накъыгъэм и 9-р, ТекIуэныгъэм и махуэр, Iэтауэ щагъэлъэпIащ Лэскэн районми. ЩIыналъэм и къуажэ псоми къыщызэрагъэпэща махуэшхуэ зэхыхьэхэм, жылэхэм щекIуэкIа «Полк уахътыншэм», я адэшхуэхэм зэрахьа лIыгъэр зэралъытэм и щыхьэту, цIыхушхуэ зэхуишэсат. Дэтхэнэ зы зэIущIэми а махуэм щыжаIахэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхрышар ди хуитыныгъэм, мамырыгъэм щIэбэна нэхъыжьхэм ТекIуэныгъэм щIата уасэр тщымыгъупщэу, абыхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ тлъытэу, сыт хуэдэ щытыкIэ гугъу дыкъихутами, гъащIэ дахэм, псэукIэ зэIузэпэщым дызэрыхущIэкъупхъэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Быж  Хьэцу  и  фэеплъу

2022-05-12

  • Хэку зауэшхуэм и ветеран, КъБАССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и унафэщIым и къуэдзэу лэжьа, подполковник Быж Хьэцу и фэеплъ пхъэбгъу Налшык къыщызэIуахащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ