ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'КъБР-м и Правительствэм'

Ди гъуэгухэр ефIэкIуэнущ

2023-02-02

  • КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ гъуэгу лэжьыгъэхэр республикэм къызэрыщызэрагъэпэщым теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ЩIыналъэм и зэIузэпэщым и хэкIыпIэхэр

2023-01-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ ухуэныгъэхэмрэ псэупIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ятеухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, министрхэр, щIыналъэхэм я администрацэхэм я унафэщIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ щхьэмыгъазэу къулыкъум пэрыта ди хэкуэгъухэу Абазокъуэ Муратрэ ТхьэкIумащIэ Русланрэ

2023-01-26

  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и УказкIэ ЛIыгъэм и орденхэр къыхуагъэфэщащ хахуагъэ яхэлъу хэкIуэда ди лIыхъужьхэу Абазокъуэ Муратрэ ТхьэкIумащIэ Русланрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нэхъ зэпыщIа мэхъу

2023-01-24

  • Москва къалэм и Люблино районым Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэ зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ жармыкIэ къыщызэIуихащ. Москва правительствэм хэт, Сату IуэхухэмкIэ департаментым и нэIэ щIэту, ар къызэригъэпэщащ КъБР-м сату-экономикэ IуэхухэмкIэ и лIыкIуэу Москварэ Москва областымрэ щыIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Жылагъуэхэм я  теплъэр ирагъэфIакIуэ

2023-01-13

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыхуэзащ «Мирпроект» къалэухуэ институтым и унафэщIхэм я советым и тхьэмадэ, информацэ моделхэм я технологиехэм пыщIа организацэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм (НОТИМ) къалэухуэ лэжьыгъэхэр я лъабжьэу зэтегъэувэнымрэ проектхэр щIынымкIэ и комитетым и унафэщI Шишкин Андрей.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Дэ цIыху мин 904-рэ дохъу!

2023-01-12

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ советым и зэIущIэ. Абы щриплъэжащ 2022 гъэм социально-экономикэ зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ республикэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Республикэм и Iэтащхьэм  поликлиникэхэр къепщытэ

2023-01-10

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек блэкIа илъэсым и иужьрей махуэхэм щы- Iащ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хагъэхьа медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Журналистхэм я  упщIэхэм жэуап ягъуэт

2023-01-10

  • Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ федеральнэ, хэгъэгу, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. Iэтащхьэм жэуап яритащ телевиденэм, газетхэм, радиом, агентствэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ журналистхэм я упщIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«ХъуэпсапIэхэм я псейм» ныбжьыщIэхэр егъэгуфIэ

2022-12-27

  • Ди гуапэ зэрыхъущи, «ХъуэпсапIэхэм я псей» урысейпсо псапащIэ Iуэхугъуэр къэралым и щIыналъэ псоми къыщызэгъэпэщыныр хабзэ дахэу щыуващ Урысей Федерацэм. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я гукъыдэжыр къэзыIэт а IуэхуфIым зыщиубгъуащ ди республикэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Iуащхьэмахуэ» курортым и зыужьыныгъэр зыхуэдэнур

2022-12-24

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ ирагъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа IуэхухэмкIэ Правительствэм и комиссэм и деж «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэ комплексым зегъэужьынымкIэ къыщызэрагъэпэща лэжьакIуэ гупым я зэIущIэ. Назаров Сергей къыхигъэщхьэхукIащ туризмэм и инфраструктурэм зегъэужьынымкIэ проектхэр зэрагъэзащIэр щIагъэхуэбжьэн хуейуэ Урысейм и Президент Путин Владимир къызэригъэувар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрей ныбжьыщIэхэрщ  хэкум и пщэдейр

2022-12-22

  • Республикэм и лIыкIуэхэр щIыгъуу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я урысей зэщIэхъееныгъэм и япэ съездым. Дыгъуасэ зэхуащIыжа а зэхыхьэшхуэр екIуэкIащ «КъэкIуэну гъащIэр сабийхэм я нобэрщ» къыхуеджэныгъэм щIэту. Абы кърихьэлIащ Урысейм и щIыналъэу 89-м, Луганск, Донецк ЦIыхубэ Республикэхэм, Херсон, Запорожье областхэм я лIыкIуэхэр. Съездым и делегатхэм зэакъылэгъуу Iэ яIэтащ мы зэщIэхъееныгъэм «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» цIэр фIэщыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Эльбрус», «Архъыз» пощт маркэхэр

2022-12-22

  • Москва Урысейм и Правительствэм и зэзыгъэуIу центрым щекIуэкIащ «Эльбрус», «Архъыз» курортхэм я теплъэхэр тету къыдагъэкIа художественнэ пощт маркэщIэхэм иращIэкIа зэIущIэ. МаркэщIэ зытет конвертхэр рамкэм ирагъэуващ яхъумэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

АдыгэлI цIэрыIуэм хуэзащ

2022-12-20

  • Республикэм и унафэщI КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Ис- хьэкъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ХъуэпсапIэхэм я псей

2022-12-17

  • Республикэм и УнафэщI КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым щригъэжьащ «ХъуэпсапIэхэм я псей» илъэсыщIэ псапащIэ Iуэхур. Псоми зэрытщIэщи, «Дызэгъусэщ» доброволецхэм я щIалэгъуалэ форумым и жэрдэмкIэ а урысейпсо лэжьыгъэр 2018 гъэм къызэрагъэпэщащ икIи къэралым и Президент Путин Владимир и дэIэпыкъуныгъэкIэ йокIуэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр  ди къарум и хэкIыпIэщ

2022-12-17

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ФедерацэмкIэ Советым Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмрэ дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

« Раньше