2020-10-06
- … ЦIыхухэм хуитыныгъэ щагъуэтым деж зэхуэдэ мэхъу. Зэхуэдэхэр зэкъуэшщ. Динри лъэпкъыцIэри мэкIуэдыж. Псори щхьэхуитщ! Псори зэхуэдэщ! АтIэ, къызжефIэт: лъэпкъ, дин зэхэгъэж пщIы хъурэ абы иужькIэ? Фи бзэ зэтемыхуэмэ, эсперанто зэвгъащIэ. Фызэгухьэ. ФIыуэ фызэрылъагъу. Сэ сIэта «лъэпкъымрэ динымрэ я зэхуэдэныгъэ» бэракъым къыщIэмыувэр хэт щыщми, гущIэгъуншэщ икIи ябгэщ! Дэ псоми ди лъэпкъри ди динри зыщ — ар ЩIы хъурейм цIыхуу тетырщ… ИIэт, къуэшхэ, IэплIэ зэхуэфщIыт! Диныр, лъэпкъыгъэр хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ цIыхулышххэмрэ къахуэвгъанэ…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ цIэрыIуэхэр
2020-10-06
- ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жеIэ адыгэ псалъэжьым. Гувэми щIэхми, цIыхур и блэкIам щыхуеплъэкIыж, и лъабжьэхэр къыщитIэщIыж, къызыхэкIар къыщилъы-хъуэж зы лъэхъэнэ и гъащIэм къыхохуэ. Мылъкутегъуатэ ищIын щхьэкIэкъым, атIэ зыщыщыр, зи хэтыр къищIэн, зыхэпсэукI дунейми нэхъыфIу къыщацIыхун щхьэкIэщ и къуэпсхэр къыщIилъыхъуэр. Апхуэдэ Iуэхур пщэрылъ зыщызымыщIыжа, абыкIэ зэмыупщIыжа щIагъуэ тхакIуэхэм къахэкIагъэнкъым. Ар икIи гурыIуэгъуэ хуэдэщ. ТхакIуэр зытепсэлъыхьыр, зи гугъу ищIыр, зи щхьэфэ иIэбэр гупсысэ пыухыкIам и шыбзэм фIэкIыпIэ имыIэу щIегъэкI, дуней лъагъукIэ гуэрым и щапхъэм ирегъэзагъэ, зыдищIэжми къыфIэмыIуэхуми, лъэпкъ нэщэнэ пыухыкIахэмкIэ еузэд. Къаплъэ нэхърэ къиплъ, жыхуаIэм ещхьу, тхылъеджэр щыщIэупщIэ куэдрэ къыхокI, псалъэм папщIэ, тырку дунейм къыхэхъукIамэ, абы и литературэм щIапIыкIамэ, дэнэ тхакIуэм адыгэ нэщэнэхэр къыздрихыр, адыгэ IуэрыIуатэм и уней пкъыгъуэхэр щызэригъэкъур, адыгэ хабзэм и курыхым щыгъуазэ зыщыхуищIыр, жиIэу. Бэчыжь Лейлэ шэрыуэу зэрыжиIащи, лъэпкъ щIэжым и джэ макъ къыпхыIукIращ, езы тхакIуэр щтэIэщтаблэ щищIыж къыхэкIыу, апхуэдэ «хъуаскIэхэр» къызэпхезыгъэдзыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ цIэрыIуэхэр
2013-11-19
- Ипхъу Неджларэ и къуэ Аттилэрэ я гукъэкIыжхэм щыщщ
-
(КIэухыр. ПэщIэдзэр №223-м итщ)
-
— СэркIэ зэрагъэхь щыIэкъым, сызэбэнынум идэмэ.
- ЩIалитIым дагъэ къызрагъэжэхыжри, зэрыубыдын ялъэмыкIыу зэбэнахэщ, ауэ аргуэру текIуар Хьэмидщ.
- Саугъэтхэр ята нэужь, Уэсмэным Хьэмид зыкъыхуигъазэри, и щIыб къыдэт пщIэгъуалэр къригъэлъэгъуащ:
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ цIэрыIуэхэр
2013-11-16
- Ипхъу Неджларэ и къуэ Аттилэрэ я гукъэкIыжхэм щыщщ
- ХьэкIуцухэр
-
ХьэкIуцухэр адыгэ нэхъ лъэпкъыжьхэм ящыщщ. Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм, псыежэххэу ПсыфIапэрэ Ашэрэ я щIыIукIэ щылъ бгылъэ мэз тIуащIэм и хуабапIэхэм хуэзэрт абыхэм я псэупIэр. Щыпсэу щIыпIэкIи, я бзэкIэ, я хьэл-щэнкIи шапсыгъхэм япэгъунэгъути, натхъуэджхэм ещхьу, хьэкIуцухэри шапсыгъхэм яхэзэрыхьыжащ. ШахэкIей, Хьэджэкъуэ къуажэхэм, ТIуапсэ, Агуей псыхъуэм и Iэгъуэблагъэм иджыри ущрихьэлIэнкIи хъунущ абыхэм ящыщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэ цIэрыIуэхэр