ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2021

КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ коронавирус зэфыкIхэм я бжыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ зэрыщыхъур

2021-02-11

  • КIуэкIуэ Казбек мазаем и 9-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым, а узыфэм зэрыпэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъы- зыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Ди блэкIар тщымыгъупщэн папщIэ

2021-02-11

  • Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Нарышкин Сергей видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету иригъэкIуэкIащ Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и президиумым и зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм, абы цIыху мамыру хэкIуэдахэм я бжыгъэр ди зэманым языныкъуэхэм зэрыхуейуэ къалъытэу зэрыхуежьар яхуэбдэ зэрымыхъунум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Чурей Дыжьын и ехъулIэныгъэ

2021-02-11

  • Истамбыл къыщалъхуа, хэкум къэкIуэжу Налшык щеджа, Сыхъум щыпсэу Чурей Дыжьын Алий и пхъум Iуэху дахэ къехъулIащ. Абы Абхъаз къэрал университетым доктор диссертацэр щыпхигъэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

ЩIэныгъэлIым гъуэгуанэ купщIафIэр

2021-02-11

  • Философие щIэныгъэхэм я доктор, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIДАА-м и академик, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемкIэ и кафедрэм и щIэныгъэ унафэщI, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Унэж Кашиф Хьэждаут и къуэр къыщацIыхур ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэм я закъуэкъым, атIэ Урысей Федерацэ псом зи цIэр фIыкIэ щыIуа еджагъэшхуэхэм халъытэ. Унэжым лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ инхэр хуищIащ, ноби еш имыщIэу а IэнатIэм пэрытщ, щIалэгъуалэр къэхутэныгъэщIэхэм къыхуриджэу, езым и дуней тетыкIэмрэ Iуэху зехьэкIэмкIэ куэдым щапхъэ яхуэхъуу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

НыбжьыщIэхэр  утыку  къохьэ

2021-02-11

  • Хабзэ хъуауэ, Урысей щIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу ди къэралым и щIыналъэхэм илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ «ЩIэныгъэм хэзышэ лъэбакъуэ» щIэныгъэ-практикэ конференцхэр.  НыбжьыщIэхэр щызэчэнджэщ апхуэдэ зэIущIэ купщIафIэ мы махуэхэм щокIуэкI ди республикэми. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ЩIэныгъэлI, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я республикэпсо советымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Нобэрэ пщэдейрэ

2021-02-11

  • Мазаем и 11, махуэку
  •  
  • Сымаджэм и дунейпсо махуэщ
  • ЩIэныгъэм хэт бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэщ
  • Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр
  • Азербайджаным и налог къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Япониер къэралыгъуэ щхьэхуэ щыхъуа махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дэрэжэгъуэ

2021-02-11

  • ЕкIуэкIыу:3. Унэр зэрагъэщIэращIэ хьэпшып. 5. Сэм ириупщIа. 7. Пхъэгулъым и кумылэ. 10. Шы Iэпслъэпсым щыщ. 11. Адыгэ шхыныгъуэ. 14. Мэкъуауэм къигъэсэбэп Iэмэпсымэ. 15. ЛъагапIэ. 16. Зи лъапэм нэхъ жыжьэ зымылъагъу. 17. Iуэхуншэу уэрамым къыдэнауэ дэт. 19. Теплъэ мыхъумыщIэ зиIэ, Iуплъэгъуей. 22. Пасэрей унащхьэм тралъхьэу щыта къэкIыгъэ. 24. Плъагъупэ хуэдэу къыпфIэщI, ауэ нэпцI. 27. Лы зэрагъавэ. 29. Псы IущIапIэ, къыхэжыпIэ. 30. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адыгэ къуажэ. 31. Щыгъын къыхащIыкIыну ягъэхьэзыра хъурыфэ. 33. Бгы лъапэ. 35. Сабийр зи гъусэу теу. 37. Къаруушхуэ зэхьэлIэн хуей Iуэху. 38. ГъущIыкIэ лъапIэ. 39. ЗызыгъэлIыхъулIыбжь, ихъу-илъ. 42. Iэщ гупышхуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гум телъ дыркъуэ

2021-02-11

  • Мыкъуэжь Анатолэ
  • Поэмэ
  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№13 — 14-хэм итщ)
  •  
  • XVI
  •  
  • Гухэлъыншэу и дунейр ихьыну
  • Ухуэупсэ жагъуэгъуми мыхъуну.
  •  
  • Лъагъуныгъэр — цIыхупсэм и дамэщ,
  • Насып жыгым и дыщэ къудамэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ Iуэхум игъэпIейтейрт

2021-02-11

  • Хьэлъэу сымэджа нэужь, и ныбжьыр илъэс 57-м иту дунейм ехыжащ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакІуэ цІэрыІуэ Бабыгу Эргун Сеф и къуэр (Yıldız). Дунейм къытехьэу зыгуэр къыгурыIуэ зэрыхъурэ хэкупсэу, и адэжь лъахэм гувэми-щIэхми зэригъэзэжынур ищIэу, игури и щхьэри абы епхауэ и гъащIэр ихьащ Эргун.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэфIэкI  ин  зыбгъэдэлъа Щоджэн  Аслъэнбэч

2021-02-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм я щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зи гуащIэ ин хэзылъхьахэм ящыщщ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, зи къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа еджагъэшхуэ, ЩIДАА-м и академик Щоджэн Аслъэнбэч Хьэжумар и къуэр. АдыгэлI щыпкъэр дунейм ехыжащ иджыблагъэ. Псэужамэ, абы и ныбжьыр куэд дэмыкIыу илъэс 85-рэ ирикъунут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Хэхыныгъэхэр  ирагъажьэ

2021-02-11

  • Мы гъэм фокIадэ мазэм Къэрал Думэр щIэуэ хахынущ. Абы зыхуэзыгъэхьэзыр политикэ партхэр, цIыхухэр къызэрыдахьэхын программэм елэжь къудей мыхъуу, гъусэ зыхуащIынум йогупсыс. Псалъэм папщIэ, зи пашэ политикэ партхэр зэрызэгухьэм Iэ щIадзащ Миронов Сергей («Захуагъэм тет Урысей»), Семигин Геннадий («Урысейм и хэкупсэхэр»), Прилепин Захар («Пэжым и телъхьэу»).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Сыхуитщ  сылъэIуэну

2021-02-11

  • Дэ десащ Швейцариер зэрыкъулейм. Апхуэдэу щытын хуейуэ фIэкIаи къэтлъытэркъым, дуней зэрызехьэм зыщызыхъумэф, ЩIы хъурейм къулейуэ тетым я ахъшэр щагъэтIылъ къэралым и кIэн къикIауэ къокIуэкIри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

И  сэбэпи,  и  зэрани  къэлъытауэ

2021-02-11

  • Китайм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ еджапIэхэм жып телефон ирагъэхьыжыркъым илъэси 6 — 14 ныбжьым итхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Зы махуэм  джэгугъуитIым   щытокIуэ

2021-02-11

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 — 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм гъатхэпэм щIэзыдзэжыну и Iыхьэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» и зыгъэсэныгъэхэм Нартсанэ (Кисловодск) къалэм щыпищэн иригъэжьащ мазаем и пэщIэдзэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Адэжьхэм  я  щIэин

2021-02-11

  • Саратов щыщ археологхэм хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Лазаревск къалэ цIыкIум къедза къуажэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. IэщIагъэлIхэм къатIэщIыжащ тхыдэ щIэныгъэм ирилажьэхэр зэIусэну иджыри къыздэсым зыхунэмыса кхъащхьэ Iуащхьэ пщIы бжыгъэхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хы ФIы-цIэ Iуфэм ижькIэрэ Iусыгъа адыгэ-абазэ-убых           лъэпкъ зэрыбыным я щIэинщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше