ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Юбилей'

Псэм къебл уэрэдыр уэ жыIэфи …

2023-09-16

  • «Дунейпсо литературэр сэ солъагъу зы жыг къудамэ дахэшхуэу: къудамэбэу, и къудамэхэри зэмыфэгъуу, ауэ ахэр жыг лъэдакъэхэм щызэрыубыдыжрэ — зы лъэхъыцым хуэкIуэжу.
  • Жыгыр гъащIэм и образщ, и нэщэнэщ», — псалъэ гъэщIэгъуэнхэр Къэжэрым щетх и IэдакъэщIэкIхэм язым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Гамзатов Расул къызэралъхурэ   илъэси 100 ирокъу

2023-09-09

  • Гъуэгуанэ дахэ къэзыкIуа усакIуэ цIэрыIуэ
  • Дагъыстэным и цIыхубэ тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Гамзатов Расул Дагъыстэн АССР-м и Хъунзахъ районым хыхьэ Цадэ жылэм 1923 гъэм фокIадэм и 8-м къыщалъхуащ. Аранинск курыт еджапIэмрэ Авар педучилищэмрэ къиуха нэужь, Гамзатовыр япэщIыкIэ егъэджакIуэу лэжьащ, Авар къэрал театрым и режиссёрым и дэIэпыкъуэгъу IэнатIэм пэрытащ, иужькIэ «Большевик гор» авар газетым и къудамэм и унафэщIу, Дагъыстэн радиокомитетым авар нэтынхэмкIэ и редактору щытащ. 1945 — 1950 гъэхэм ар щеджащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым (Москва). ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта Расул 1951 гъэм Дагъыстэным и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщIу хахащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Профессор цIэрыIуэм и щIыхькIэ

2023-07-08

  • Зи лэжьыгъэр бзэмрэ лъэпкъ тхыдэмрэ епха IэщIагъэлIхэм, дауи, яхэткъым совет, урысей, адыгэ бзэщIэныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэ­хэр джынымкIэ зэфIэкI лъагэрэ щIэныгъэ куурэ зыб­гъэ­дэлъа КIэрашэ Зейнэб Иб­рэхьим и пхъум (1923 -1998) и цIэр зэхэзымыха. Совет Сою­зым, Урысей Федерацэм, нэгъуэщI къэрал куэдым цIэ­рыIуэ щыхъуа адыгэ щIэ­ны­гъэ лэжьакIуэхэм ящыщщ ар. КIэрашэращ Адыгэ Республикэм щыпсэу бзылъхугъэхэм ящы­щу япэу филологие щIэ­ныгъэхэмкIэ доктор, про­фес­сор цIэ лъагэхэр зы­хуа­гъэ­фэщар. Мы гъэмахуэм илъэси 100 ирокъу лъэпкъ еджа­гъэшхуэр къызэралъ­хурэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зи цIэр Iуа щIэныгъэлI

2023-06-14

  • И ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуащ адыгэбзэм зегъэужьыным, ар хъумэным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъэ къудамэм и унафэщI, КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Зэуал Хьэжмурат и къуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м Литературэмрэ гъуазджэмкIэ  и Къэрал саугъэтым и лауреат Бещтокъуэ Хьэбас и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу

2023-06-06

  • Зи псалъэр пэж, зи хъэтIыр лъэщ
  • УсакIуэщ, тхакIуэщ, журналистщ, публицистщ, критикщ, драматургщ Бещтокъуэ Хьэбас. И къалэмыр къызыхуищта дэтхэнэми пэж зэрыхилъхьам ар лъагэ ищIащ. Псэмрэ напэмрэ я унафэм щIэту матхэ. Си гугъэщ усакIуэм пэж жиIэну сыт щыгъуи лIыгъэ къылъыкъуэкIын хуейуэ. Бещтокъуэр абыкIэ щапхъэщ. Ар цIыхубэм я гум зэрыдыхьэрэ куэд щIащ, и усэ сатырхэр зэпадзыж, и гухэлъ лирикэр щIалэгъуалэм я гум щагъафIэ. 2022 гъэм КъБР-м Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреат хъуащ Бещтокъуэ Хьэбас. Дунейм, литературэм, гъуазджэм, цIыхупсэр зыгъэпIейтейхэм усакIуэр щытепсэлъыхькIэ, гупсысэу хилъхьэр уасэ зимыIэщ. Си щхьэкIэ насыпу къэслъытащ си упщIэхэм жэуап къритыну арэзы зэрыхъуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

2023-06-03

  • ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм  щIигъуауэ
  • Лъэпкъ журналистикэм и зыужьыныгъэм зи гуащIэшхуэ езыхьэлIа, щIыналъэр ефIэкIуэным, жылагъуэм щызекIуэ гупсысэр унэтIыным зи къалэмыр шэрыуэу илъэс 50-м щIигъуауэ хуэзыгъэлажьэ цIыху цIэрыIуэхэм ящыщщ ди лэжьэгъу лъапIэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Шал Мухьэмэд Къасым и къуэр. Гупым ди нэхъыжьыфIым и ныбжьыр нобэ, мэкъуауэгъуэм и 3-м, илъэс 75-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ГъащIэм и уэрэдхэр

2023-06-03

  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ
  • Багъэтыр Нинэ нобэ къыщалъхуа махуэщ
  • Ди щIыналъэм и уэрэдус нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ бзылъхугъэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт еджапIэр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ. 1983 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом щолажьэ. А IэнатIэм абы зыкъыщигъэлъэгъуащ зи IэщIагъэм фIыуэ ехъулIэ журналисту. ЦIыхухэм ягу дыхьащ икIи нобэр къыздэсым фIыуэ ялъагъу Багъэтырым къызэригъэпэщ «Макъамэ», «Ди зэIущIапIэм» радиожурналхэр. Ахэр республикэм и щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм я цIыху пашэхэм ятеухуащ. Апхуэдэу а нэтынхэм япэу къыщащIэ литературэм щIэуэ къыхэхъуахэр, республикэм, Налшык щэнхабзэмкIэ я IуэхущIапIэхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм ехьэлIа хъыбарыщIэхэр. Багъэтырыр Урысей Федерацэм и Журналистхэм я союзым хэтщ, Урысейм и Артиадэм и лауреатщ. УсакIуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ «Гъуэгу махуэ», «ГъащIэм и уэрэд» дискхэр къыдэкIащ. Абы и усэхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария» литературэ-художественнэ журналхэм, «Адыгэ псалъэ», «Терек» газетхэм, нэгъуэщIхэми. 2022 гъэм дунейм къытехьащ «Си лъахэ — си уэрэд» зыфIища и япэ тхылъыр. Абы щызэхуэхьэсащ Нинэ и уэрэдхэр, уэрэдыпкъхэр, усэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Артист IэщIагъэм  къыхуигъэщIа

2023-05-27

  • Хьэмыку Жаннэ къыщалъхуа махуэр мы мазэм егъэлъапIэ
  • Хьэмыку Жаннэ Хьэжумар и пхъур Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэм (Москва къалэ) и адыгэ студием щеджащ. Драмэм, кином, эстрадэм я артист унэтIыныгъэмкIэ 1975 гъэм диплом плъыжькIэ еджапIэр къиуха иужь, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щригъэжьауэ, нобэр къыздэсым абы и актрисэ пажэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

2023-05-23

  • Сэфарбий и хъуреягъкIэ
  • КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и ЩIыхь тхылъыр зрата, республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и саугъэтым и лауреат Хьэх Сэфарбий и цIэр хэмытамэ лъэпкъ литературэмрэ журналистикэмрэ ныкъуэ хъунт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ЗауэлI, тхакIуэ, журналист

2023-05-13

  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубж Мухьэдин
  • къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу
  • Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ Гъубж Мухьэдин МэчрэIил и къуэр 1913 гъэм Къэрэгъэш (Иналхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Псыхуабэ дэт пединститутым щIэтIысхьэри, 1935 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Ленин гъуэгу», «Советская молодежь» газетхэм я корреспонденту, литературэ лэжьакIуэу щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Илъэсищэ дэкIами,  и лъэужьыр къэнащ

2023-05-02

  • Къызэралъхурэ мы гъэм накъыгъэм и 1-м илъэсищэ ирокъу совет парт, къэрал лэжьакIуэ, 1969 — 1989 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу лэжьа Къущхьэ КIыщыкъуэ Сэхьид и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зэманыр IуэхукIэ  зыгъэнщIа

2023-04-29

  • Политик, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ  Нэхущ Заурбий
  • и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу
  • Нэхущ Заурбий Къэбэрдей-Балъкъэрым къулыкъу нэхъыщхьэхэм щыпэрытащ Урысей Федерацэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщихъуа лъэхъэнэм техуэу. ЦIыхум и гуащIи зэрихьа IуэхуфIи къыщамылъытэж хъуа зэманым республикэм и цIэр къэрал утыкум фIыкIэ щыгъэIуным уегугъун хуейт, езы щIыналъэми хуитыныгъэм и мыхьэнэр нэсу къызыгурымыIуэу псори зыгуэшыну, зэхэзыкъутэну хэт, демократ хуэдэу зыкъэзылъытэжхэми уащыпэщIэтыну къыпхуихуэрт. А псори зэхуэбгъэхъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм псэукIэ тэмэм щызэфIэбгъэувэнымкIэ сэбэп хъуну закон щхьэхуэхэри къыдэгъэкIын хуейт. Ауэ ар тынштэкъым. Нэхущ Заурбий абы щыгъуэ республикэм и Парламентым и УнафэщIти, хабзэубзыху Iуэхухэр къызыхуэтыншэу зэфIигъэувауэ щытащ. Къапщтэмэ, иджыпсту ди республикэр зытет, зэрылажьэ хабзэхэр абы щыгъуэ къащтахэрщ. Ахэр Урысейми дуней псоми я хабзэ гъэувыкIэхэм и жыпхъэм итщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ

2023-04-25

  • Артисткэ Щэрмэт Людмилэ нобэ къыщалъхуа махуэщ
  • Илъэс 48-рэ хъуауэ театр гъуазджэм пэжкIэ къулыкъу хуэзыщIэ артисткэ емызэшыжщ Щэрмэт Людмилэ СулътIан и пхъур. А зэманым къриубыдэу абы игъэзэщIащ роли 100-м щIигъу, зым нэхърэ адрейр нэхъ гукъинэжу, цIыхухэр хьэщыкъ ищIауэ. И IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым и мызакъуэу, Людмилэ гуп хэтыкIэ зыщIэ цIыху гуапэщ, хьэлэлщ, лъэпкъ Iуэхум гудзакъэ хузиIэ бзылъхугъэ щыпкъэщ. Къыдэлажьэхэми и ныбжьэгъухэми ящIэ ар зэрыгупцIанэр, и Iэр къызыпекIуэкI сыт хуэдэ IуэхукIи зыкъыпщIигъэкъуэну зэрыхьэзырыр, «хьэуэ», «хъунукъым» псалъэхэр абы къызэримыгъэсэбэпыр. ЦIыху къызэрыгуэкI, ауэ зэчий ин зыбгъэдэлъ Щэрмэт Людмилэ и джэгукIэм кIэлъыплъыну Iэмал зиIа псори щыхьэт техъуэфынущ ар сыт хуэдэ ролми зэхуэдэу фIыуэ зэрыпэлъэщым. Образ зэмылIэужьыгъуэхэр гъэщIэгъуэныщэу утыкум щыдегъэлъагъу Людмилэ, псом хуэмыдэу фIы дыдэу къехъулIэу къызолъытэ гушыIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу

2023-04-08

  • ИIэхукIэ гъащIэ Хэкум хуэпсэуащ
  • УсакIуэ цIэрыIуэ Бемырзэ Мухьэдин и Iэдакъэ къыщIэкIа сатыр гунэсхэм я фIыгъэкIэ ар адыгэ псоми фIыуэ ялъэгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Лъэужь нэху къэзыгъэна нэхъыжьыфI

2023-04-04

  • ЦIыху нэсыр дунейм ехыжами, абы и фэеплъыр сакъыу я гум щахъумэ къыдэпсэуахэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щыта куэдым. Зи лэжьыгъэ IэнатIэми щыпэрыту, жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэру псэуа лъэпкъылIхэм ящыщщ Шыгъушэ Хьэбил Мулид и къуэр. Хэкум и къуэ пэжыр, лъэпкъ еджагъэшхуэр псэужамэ, и ныбжьыр нобэ илъэс 80 ирикъунут…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

« Раньше