Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр
2021-02-27
- БегъымбарIэпэлъ — Наперстянка. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Кавказым бегъымбарIэпэлъу лIэужьыгъуитху къыщокIри, псори илъэс бжыгъэкIэ мэпсэу, лъабжьэжь быдэ ящI. Гъэгъахэр инхэщ, Iэрамэ кIыхьу зэхэту, удз щхьэкIэхэм къапедзэ, къапщIийхэр, удзыр зыхуэдэ лIэужьыгъуэм елъытауэ, плъыжьхэщ, пшэплъыфэхэщ, гъуэжьхэщ, гъуэжь-хужьыфэхэщ. Зи къапщIийр плъыжь бегъымбарIэпэлъ лIэужьыгъуэр цIыхухэм къагъэкI, КъухьэпIэ ЕвропэмкIэ кърашауэ, адрейхэр езыр-езыру ди щIыпIэхэм къыщокI. Мэзхэм, бгыщхьэхэм уащрохьэлIэ. ЛIэужьыгъуэ псори хущхъуэу къагъэсэбэп.
- БжэмышхлъэщI — Торица обыкновенная. Зы гъэкIэ фIэкIа къэмыкI удз лIэужьыгъуэщ. Гъэгъа цIыкIухэр и щхьэкIэм гъатхэм, гъэмахуэм къыпедзэ. И тхьэмпэхэр кIыхьщ, пагуэщ, и лъабжьэр инкъым. Губгъуэхэм, гъуэгубгъухэм, псэупIэхэм я гъунэгъуу, пшахъуа-лъэ щIыпIэхэм къыщокI. Iэщым яшх.
- Бжэндэхъу — Василёк. ЛIэужьыгъуэ куэду гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Бжэндэхъу лIэужьыгъуэхэр я гъэгъахэм я щытыкIэкIэ, я жылэхэмкIэ, я тхьэмпэхэмрэ пкъыхэмрэ зэрыгъэпсамкIэ зэтохуэ. Ахэр зэрызэщхьэщыкI щытыкIи теплъи яIэщ. Ди щIыпIэм уащыхуозэ гъитIкIэ, нэхъыбэкIэ къэкI бжэндэхъухэм. Ахэр къыщокI мэкъупIэхэм, хъупIэхэм, дыгъафIэ джабэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, гъурцхэм яхэту. Бжьэхэм фо къыхах.
- Бэрэжьей — Бузина черная. Зи лъагагъыр метри 4 — 8 нэс жыгщ. И пхъафэр хужь-щхъуафэщ. Бэрэжьейм тхьэмпэ къищIа нэужь гъатхэм и кIэм, гъэмахуэм гъэгъа хужь, мэ дахэ къызыкIэриххэр Iэрамэхэу къудамэ щхьэкIэхэм къапедзэ. Мэзхэм, мэзыбгъухэм къыщокI. Адыгэхэм унэ хадэхэм, жыг хадэхэм къыщагъэкI, хущхъуэ къыхах. И пхъэр псым куэдрэ хэлъми фыркъым. Бэрэжьей лIэужьыгъуэхэр 40-м нос. Абыхэм ящыщыу 11-м ди къэралым езыр-езыру къыщыкIыу урохьэлIэ.
- БэрэтIинэ — Мята. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Ди щIыпIэхэм узыщыхуэзэ бэрэтIинэхэр илъэс зыбжанэкIэ къокI. Лъабжьэжь ящI. Я лъагагъыр см 30 — 40 — 100-м нос. Зэрызэщхьым къищынэмыщIауэ, абыхэм зэрызэщхьэщыкI щытыкIэхэри яIэщ. Медицинэм къыщагъэсэбэп. Адыгэхэр куэд щIауэ ироIэзэ.
- Хьэкъун Барэсбий.