ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Унагъуэ мелуанитхум я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ

2021-02-27

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 24-м хэтащ УФ-м и Къэрал Советым и лэжьакIуэ гупым иригъэкIуэкIа зэIущIэм, Урысей Федерацэм стратегие мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэпса, «Ухуэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ къа­лэхэмрэ» проектым теухуауэ щытам.

  • ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ комиссэм и унафэщI Минниханов Рустам. Зэхуэсыр зытраухуа Iуэхухэр зэпкърахыу къэпсэ­лъащ УФ-м и Президентым и дэIэпы­къуэгъу, Къэрал Советым и секретарь ­Левитин Игорь, УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат, ­УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-комму­нальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирек.

  • ЗэIущIэр къыщызэIуихым Левитин Игорь комиссэм хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ жыджэру зэрылажьэм, жэрдэмыщIэхэр къызэрыхалъхьэм папщIэ. Абы къыхигъэщащ къэралым 2030 гъэм нэсыху зэрызиужьыну щIыкIэр щыубзыхуа унэтIыныгъэхэр УФ-м и Правительствэм зэрызэ­хилъхьар. ЗэрамурадымкIэ, 2030 гъэ пщIондэ илъэс къэс унагъуэ мелуанитху нэхърэ мынэхъ мащIэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ Iэмал яIэнущ. Абы ­папщIэ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мелард ухуэн хуейщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэралым метритху къэскIэ зыр къыщагъэщIэрэжыну къапэщытщ, къыхигъэщащ Хуснуллин Марат. Абы зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ  илъэс къэс псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мелуани 120-рэ ятын зэрыхуейр. Унэхэм щIэупщIэр нэхъыбэ ­хъунымкIэ Iэмал нэхъыщхьэри ипотекэр арауэ зэрыщытри жиIащ. Абы я фейдэ хэлъщ цIыхухэми унэхэр зыухуэхэми.
  • Зэхуэсым зыщыхэплъахэм ящыщщ зэгъунэгъу жылэхэм зэдэууэ зегъэужьы­ным, гъуэгухэр укъуэдииным, транспорт, инженер инфраструктурэкIэ ахэр къызэ­гъэ­пэщыным ехьэлIа къалэнхэр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.