ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Ди къуэш республикэхэм'

Адыгейр фIыуэ уэзыгъэлъагъур

2021-10-09

  • Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Iэтауэ мы тхьэмахуэм ягъэлъэпIащ ди къуэшхэм. Абы и тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. И цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хагъэхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-11-12

  • Мелуанрэ ныкъуэм нэсыну поплъэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс.Республикэм и курортхэм мы гъэм и мазибгъум щыIащ цIыху 1 мелуанрэ мин 200-рэ, нэгъабэ елъытауэ проценти 10-кIэ нэхъыбэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-08-24

  • Абхъазым и Президентыр хах
  • Абхъаз.Пщэдей, шыщхьэуIум и 25-м , хахынущ Абхъаз Республикэм и Президентыр. Апхуэдэуи ягъэбелджылынущ вице-президентыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-08-01

  • Унагъуэ мини 3,8-м яIэрохьэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и унафэщI-хэм илъэсыр къызэрихьэрэ сом мелуан 285-м нэблагъэ трагъэкIуэдащ ещанэ сабийр е къыкIэлъыкIуэр къыщалъхуа унагъуэ быныфIэхэм мазэ къэс ират ахъшэу. Сом мелуан 266,5-р федеральнэ, мелуан 16,7-р республикэ бюджетхэм къыхэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-07-06

  • Адыгэ джэгур зэхаублэ
  • Адыгей. Республикэм и щыхьэр Мейкъуапэ и къалэ паркым и ихьэпIэ нэхъыщхьэм деж махуэку къэс щекIуэкIынущ адыгэ джэгу. Iуэху гуапэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ «Абрэджхэр» ансамблыр. Джэгум ирагъэблагъэ гупыж зыщI дэтхэнэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-04-09

  • Адыгэ кином и махуэхэр
  • Адыгей.УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэу Адыгейм щыIэм и унафэщI Нэгъаплъэ Аскэрбий и жэрдэмкIэ мэлыжьыхьым и 9 — 14-хэм Краснодар иджы япэу щекIуэкIынущ Адыгэ кином и махуэхэр. Кубанькином щагъэлъэгъуэнущ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, абы и хабзэхэм ухэзыгъэгъуазэ фильмхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-03-12

  • Анэхэр лэжьэфын папщIэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым зэрызыхуигъэзам ипкъ иткIэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм 2021 гъэм и кIэм нэсыху щызэфIагъэкIынущ щIыналъэр зыхуеину яслъэхэм хуэдиз яухуэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-03-06

  • Адыгэшым теухуауэ
  • Адыгей.Республикэм къыщыхахынущ адыгэшым теухуа художествен-нэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. Адыгейм ирагъэблагъэ Кавказ Ищхъэрэм и сурэтыщI Iэзэхэр, «Превосходный конь Бечкан» зэпеуэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-03-05

  • «Архъыз»-р зыфIэфIхэм къахохъуэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс.Республикэм и «Архъыз» зыгъэпсэхупIэр къыщызэIуаха 2013 гъэм щегъэжьауэ абы къакIуэхэм я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ. Япэ махуэм къыщыщIэдзауэ нобэ къэсыху ски-пасс жыхуаIэм хуэдэу (лыжэ станцым и щIыпIэм удыхьэну, узыхуейм хуэдизрэ удэкIуеину-укъехыжыну Iэмал къозытщ) мелуан ящащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-03-02

  • Проценти 4,5-кIэ хагъахъуэ
  • Адыгей.Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат зэрыжиIамкIэ, Адыгейм нэгъуэщI щIыпIэхэм иригъашэ мэкъумэшхэкIым проценти 4,5-рэ хагъэхъуэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-02-19

  • Сом меларди 2,6-рэ трагъэкIуэдэнущ
  • Къэрэшей-Шэрджэс. «Архъыз» курортымрэ Кислые псы къыщIэжыпIэмрэ зэпызыщIэ гъуэгур 2021 гъэм яухыну я мурадщ КъШР-м и унафэщIхэм. Республикэм туризмэмкIэ, курортхэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министр Ерчэн Анзор зэрыжиIамкIэ, абы текIуэдэнущ сом меларди 2,6-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-02-09

  • ЛъэныкъуитIыр зэдэлэжьэну зэгуроIуэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и лIыкIуэхэр щыIащ Азербайджаным. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ Азербайджаным и Президент Алиев Ильхамрэ Баку щызэхуэзащ. РеспубликитIым я Iэтащхьэхэр зэгурыIуащ зэдэлэжьэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2019-01-31

  • Бжьахъуэхэр зэгуохьэ
  • Адыгей.Республикэм  къыщызэрагъэпэщащ «Бжьахъуэхэм я урысей лъэпкъ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ организацэм  и щIыналъэ къудамэ. Адыгэ Республикэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, абы къызэщIеубыдэ бжьахъуэ 70.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2018-10-02

  • ИугъащIэ Апсным!
  •  Абхъаз.Абхъазым и Президент Хаджимбэ Рауль иригъэблэгъащ Приднестровье Молдавие Республикэм къикIа, ПМР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщI Щербэ Александр зи пашэ гупыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

2018-09-29

  • Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэ
  • Адыгей. ФокIадэм и 28-м АР-м щагъэлъэпIащ Лъэпкъ фащэм и махуэр. ГуфIэгъуэ Iуэхухэр щекIуэкIащ Мейкъуапэ дэт Къэрал филармонием.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм