ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Жыжьэ-гъунэгъу'

ЩIэныгъэ нэхум  и IэфIагъыр

2023-04-15

  • Аруан жылэм дэт курыт школым лIэщIыгъуэ блэкIам и 60 — 80 гъэхэм егъэджакIуэу щылэжьа КIэфо Сталинэт къызыхэкIар щIэныгъэм пщIэ щыхуащI унагъуэщ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытащ и анэ Мэрали, и анэкъилъхухэри. Къыхэдгъэщынщи, КIэфохэ я унагъуэм илъэси 100-м нэсауэ къахуокIуэ анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI ди газет закъуэр. Абы и нэхъыжьхэри къащIэхъуэ щIэблэри лъэпкъ газетым и щIэджыкIакIуэ къудейкъым, атIэ жыджэру ди деж къатхэхэм ящыщщ. И Iыхьлыхэр жану зыхэта а зэман жыжьэм теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм нобэ къыддо-гуашэ КIэфо Сталинэт:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

ЗауэлIым и щIыхьыр

2021-06-24

  • Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм иригъэкIуэкI «Фэеплъым и хъумакIуэ» къэралпсо акцэм къриубыдэу, Май щIыналъэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Хэку зауэшхуэм хэта, хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъытэхэм ящыщ совет зауэлIищым я къупщхьэлъапщхьэ къагъуэтыжахэр щIэлъхьэжыным епха Iуэхухэр. Ахэр зэфIагъэкIащ апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI «Кавказ гъунапкъэ» гупым хэтхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Хэкум папщIэ

2021-06-22

  • Ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэнащ лIэщIыгъуэкIэрэ хэмыгъуэщэжын къэхъукъащIэхэм я лъэужьхэр. Абыхэм я нэхъ хьэлъэхэм, гуащIэхэм, цIыхубэм гуауэ куэдрэ бэлыхь мымащIэрэ къахуэзыхьахэм ящыщщ 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. Гъэунэхуныгъэ ин дыдэу щытащ а зауэр совет къэралыгъуэми абы щыпсэу цIыхухэми я дежкIэ. Ар зэриухынум елъытат къэралым и къэкIуэнури, цIыхухэм яIэну псэукIэри. ЩытыкIэр фIыуэ къызыгурыIуэ совет цIыхухэр а зауэм хэтащ, я гуащIи я гъащIи щымысхьыжу. ТекIуэныгъэм мылъкурэ цIыху гъащIэу халъхьари жыпIэ пэтми пхуэмыIуэтэжыным хуэдиз мэхъу. Нобэ илъэс 80 ирокъу Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Дызыщымыгъуазэ зауэшхуэ

2021-05-29

  • «Урысей цIыхубэ фронт» урысейпсо зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм къыхалъхьэри, щIэуэ къыкъуэкIа архив тхылъымпIэхэмрэ тхыдэ къэхутэныгъэхэмрэ тегъэщIапIэ зыхуэхъуа «Дызыщымыгъуазэ зауэшхуэ» фильмыр Налшык къалэ щыщ студентхэмрэ еджакIуэхэмрэ ирагъэлъэгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Лыхьхэмрэ  адыгэхэмрэ

2021-04-06

  • XVI — XVII лIэщIыгъуэхэм Польшэр зэпымыууэ щIэкъуащ Шэрджэсым зыкъызэрыпищIэным. Лыхьхэм (полякхэм) я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэт: адыгэхэр зауэшыти, дахьэхыурэ я дзэм хашэрт, зауэ къалъыкъуэкIмэ, Кавказым ираша адыгэхэрат пашэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Черкасскэ  пщыхэр

2021-03-23

  • 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м «Вера» радиом и журналист Володихин Дмитрий «Тхыдэм и сыхьэт» зыфIища радионэтыным къригъэблэгъауэ щытащ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Урысейм и къэрал гуманитар университетым (РГГУ) и доцент Шокарев Сергей. Ахэр тепсэлъыхьащ Черкасскэхэ пщы лъэпкъымрэ абыхэм Урысей тхыдэм щаубыд увыпIэм и инагъымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Гуэншэрыкъ

2020-12-03

  • ЩэщI гъэхэм цIыхухъухэм щIымахуэ вакъэу лъатIагъэу яIар гуэншэрыкът. Ар «щыземыкIуэ» адыгэ унагъуэ бгъуэтынутэкъым. Къатыр зиIэр лIакъуэлIэш хуэдэхэрат: пщыхэр, бейгуэлхэр, уэркъхэр…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и гукъэкIыжхэр

2020-09-08

  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №106-м итщ).
  • Карточкэхэр  щыIэжкъым!
  • 1948 гъэм и гъатхэпэ мазэр ди къэралым щыпсэухэм я дежкIэ гуфIэгъуэшхуэу щытащ. Илъэс IэджэкIэ, зауэ зэманми абы иужькIэ илъэситIрэ мазищкIи, цIыхухэм щыгъынхэри ерыскъыхэри карточкэкIэ тыкуэнхэм къыщащэхуу щытат. 1948 гъэм гъатхэпэм и 1-м Совет къэралым и Правительствэм унафэ къещтэ карточкэхэр щимыгъэIэжыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и гукъэкIыжхэр

2020-09-05

  • Гур зыхуеIэм лъэр лъоIэс
  •  Адыгэхэм ди щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхущ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр Хьэбалэ и къуэр.
  • Ар 1926 гъэм щIышылэм и 21-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. ЕхъулIэныгъэ иIэу къуажэ школыр къиуха нэужь Хьэжбэчыр республикэм къыщыдэкI «Къэбэрдей пэж» газетым, радиом щылэжьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Верещагин  Василийрэ Къэбэрдеймрэ

2020-09-03

  • Урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Верещагин Василий 1865 гъэм (абы щыгъуэ ХудожествэхэмкIэ академием щеджэрт), Бытырбыху къыщежьэри, Тифлис кIуауэ щытащ. Куржым и щыхьэрым щыкIуэм, КъэбэрдеймкIэ кIуэцIрыкIащ сурэтыщI щIалэр. Адыгэ куэдым нэIуасэ яхуэхъуащ — абы щыхьэт тохъуэ Верещагиным и гъуэгуанэ тхыгъэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Мэлбахъуэм  и  блокнотхэр

2020-09-01

  • Мэлбахъуэ Тимборэ сытым дежи блокнот къыздрихьэкIырт, и бгъэ жыпым кърихрэ итхыхьу. Зыгуэрхэр абы къеджэну хуэпабгъэрт, хэти игъэгузавэрт — сэрмырауэ пIэрэ зытетхыхьыр жиIэурэ. Псалъэуха шэрыуэкIэ ухуа а тхыгъэ кIэщIхэм укъыщеджэкIэ IупщI мэхъу — унафэщIым блэкI пэтрэ гу зылъита, зыщыгъэгъупщэн хуэмей, жыIэпIэ зыхуимыгъуэта псалъэхэр иритхэу арат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Тырныауз комбинатыр илъэс 80 ирокъу

2020-08-27

  • 1940 гъэм лэжьэн щIидзауэ щытащ Тырныауз дэт комбинатым. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт зауэр къэхъеиным и пэ апхуэдэ IуэхущIапIэ республикэм къызэрыщызэIуахар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Псыхьэ нанэ

2020-07-23

  • Зауэ увыIам цIыхухэр щыгуфIыкI пэтми, абы хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэу къэтхэмрэ гуфIэгъуэр фагъуэ къащищIырт. ЦIыхур гуфIэрт икIи нэщхъейрт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Адыгэ фадафэ щэнхабзэр

2020-07-14

  • Иужьрей зэманым лъэпкъгъэкIуэдыр къы-зыхэкIыу жыхуэтIэ фадэм губжьрэ ихъу-ипкIрэ хэмыту зэпIэзэрыту дытепсэлъыхьыну фыкъызогъэгугъэ. Фадэ ефэныр анэдэлъхуу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл, хьэмэрэ зэхэтлъхьа? Дауэ къызэдекIуэкIа адыгэмрэ фадэмрэ? Къетхьэжьа Iуэхур тэмэму зэпкърыха хъун щхьэкIэ ди адэжьхэм я гупсысэ гъэпсыкIэм дривгъакIуэ: дыкъэзыухъуреихь дунейм и дэтхэнэ теплъэгъуэри гурыIуэгъуэ щыхъур абы и лъабжьэмрэ къежьапIэмрэ къэбгъуэтыжу «укъыкIуэцIрыкIмэщ»: «ТхьэщIагъкIэ зэджэ мэзышхуэр зы мыщхьэщ, уэгум щызеуэ бгъэшхуэр зы джэдыкIэщ» — дыдэвгъэкIуейт дэри псынащхьэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

ЩIалэгъуалэ  зэгухьэныгъэм и къару нэхъыщхьэр

2020-04-28

  • Мы махуэхэм ди республикэм щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомол зэгухьэныгъэр илъэси 100 зэрырикъур. 1991 гъэр къэсу СССР-р лъэлъэжыху совет щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ящыщ куэдым я гъащIэ гъуэгуанэр епхауэ щытащ Лениным и цIэр зезыхьэ союзпсо щIалэгъуалэ коммунист зэгухьэныгъэм (ВЛКСМ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

« Раньше