|
Зытеухуар 'Къэбэрдей Адыгэ Хасэ'
2020-05-19
- Накъыгъэм и 21-м Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ ирокъу. ЦIыху тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ ар кIыхьт икIи гущIэгъуншэт. Къэралхэм, лъэпкъхэм ящыщ куэд щыгъуазэкъым лъапсэрых зэрыукIым. БлэкIа лIэ-щIыгъуэрэ ныкъуэм а гузэвэгъуэр иджыри цIыхухэм я лъым хэтщ, зауэм и уIэгъэхэри кIыжакъым, сыту жыпIэмэ абы и жьыр нобэ псэу къэбэрдейхэми, кIахэхэми, шэрджэсхэми, шапсыгъхэми къащIеху.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-06-15
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- Анэдэлъхубзэр хъумэным, ар егъэфIэкIуэным, ди бынхэм яIурылъыным, къэкIуэну щIэблэм яхуэхъумэным, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым йогупсыс лъэпкъыр щыIэнымкIэ бзэм иIэ мыхьэнэр къызыгурыIуэ дэтхэнэ адыгэри, ар дэнэ щыпсэуми. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэр Кавказ зауэжьым дуней псом дыщри- къухьащ. Бзэр хъумэным пыщIа гугъуехьхэм я нэхъыбэр абы къыхэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и ЩIыхь дамыгъэр
2019-06-15
- КъАХ-м и ЩIыхь дамыгъэр хуагъэфащэ адыгэ Iуэхум зегъэужьыным, щэнхабзэр хъумэным, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ егъэфIэкIуэным хуэлажьэхэм.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и бгъэхэIу дамыгъэр сэмэгурабгъумкIэ халъхьэ.
- ЩIыхь дамыгъэр зыхуагъэфащэхэр къагъэлъагъуэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм, жылагъуэ IуэхущIапIэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм, къалэ, щIыналъэ (район) къудамэхэм я унафэщIхэм.
- Дамыгъэр зратынум теухуа тхыгъэ кIэщI ягъэхьэзыр. Абы къыхэщын хуейщ зыпэрыт IэнатIэр, адыгэ щэнхабзэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр.
- ЩIыхь дамыгъэр зыхуагъэфэщахэр ирагъэблагъэри, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм е абы и унафэкIэ пщэрылъ зыщащIа къуэдзэм тыгъэр иретыж.
- ЩIыхь дамыгъэр тIэу зы цIыхум иратыркъым.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и
- X зэхуэсышхуэм къыщащтащ.
- Налшык къалэ,
- 2019 гъэм накъыгъэм и 31-м.
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-06-11
- ЗэгурыIуэныгъэм псори доунэ
- Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэр накъыгъэм и 31-м Налшык къалэ щекIуэкIащ. Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхуэсатКъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м и Парламентым, министерствэхэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къикIахьэщIэхэр КъАХ-м къалэхэм-рэ щIыналъэхэмрэ щиIэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр, хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм жыджэру хэтхэр, адыгэ Iуэхум хуэмыщхьэххэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- Адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI «совет» мыхьэнэр зиIэ, ХасэкIэ зэджэ лъэпкъ-демократие зэгухьэныгъэр. Мы зэманым лажьэ «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэр Налшык къыщызэрагъэпэщащ 1990 гъэм накъыгъэм и 7-м. Абы и Уставым илъэси 6 ипэкIэ дыхэплъэжащ икIи къару зиIэ дэфтэру къэтщтауэ дролажьэ. ХабзэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, КъАХ-м зи щхьэ хущытыж жылагъуэ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм Iуэху щещIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
- Адыгэ жьэгум и уэнжакъым
- Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ,
- СызэмыупщIи къэнэжакъым:
- Хэт а жьэгу мафIэр зэщIэзыщIэр?
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- Черкесск, 2016 гъэ
- Хэхэс адыгэхэм я джакIуэ
- Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зэрихьэу Черкесск къалэм дэт Къэрал лъэпкъ библиотекэм щагъэлъэпIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамрэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм теухуа «Мухамед Хафицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья» тхылъыр дунейм къызэрытехьамрэ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я интеллигенцэр, КъШР-м и Iэтащ-хьэм и Администрацэм, Правительствэм, районхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ХьэфIыцIэм куэд щIауэ и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу а щIыналъэм исхэр щызэхуэса пшыхьыр гуапэу, дахэу екIуэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- Лъэпкъ Iуэху
- Адыгэбзэр зыхэт гугъуехьхэр
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Тыркум, Иорданием къикIа щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- Тэрч щIыналъэ, 2018 гъэ
- Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр къапщытэж
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Джылахъстэней къудамэм и отчёт-хэхыныгъэ конференц щекIуэкIащ Тэрч къалэм. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм и жылагъуэ палатэм и пашэ Iухъу Анатолэ, щIыпIэм и Iимам Къэжэр Фураждин, Джылахъстэней Хасэм хыхьэ къуажэ хасэхэм я тхьэмадэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- „Адыгэ пщыщэ“ зэпеуэр, 2016 гъэ
- Хъуащ Кэнжэ къуажэр щэнхабзэм и утыку
- «Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр, 2018 гъэ
- Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, илъэс етхуанэ хъуауэ Кэнжэ жылагъуэм къыщызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэр екIуэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- ЦIэ лъапIэхэр
- «Илъэсым и усакIуэ»
- «Вестник Карачаево-Черкесии» газетым Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфIу къилъытащ КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Ацкъан Руслан.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
|