ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пшынауэ Дарэ

2021-02-27

  • Къэхъуа
  • Хэку зауэшхуэр екIуэ­кIырт. Дарэ щыпсэу къуа­жэр нэмыцэхэм яубыдат. ЗэуапIэм къикIуэсыкIыжу мэзым зыщызыгъэпщкIуа бандэхэм хэтахэр къы­щIэкIыжат. Абыхэм ящыщ зыкъомым я мурадт фашистхэм яхуэлэжьэну, гужьгъэжь зыхуаIэхэм я губампIэр тракъутэну. Апхуэдэ мурад иIэт пшы­науэ дахащэ Дарэ и ужь ихьа щIалэ ерыщ Муриди. Ауэ ар Дарэ тригъэкIуэтащ. «Уэрэ сэрэ гурыщIэ гуэр зэи дяку илъа­къым, сэ нэгъуэщIым псалъэ ­ес­тащ сыхуэпэжыну, — жи­Iащ хъы­джэбзым. — Ар хэтми уэ фIыуэ уощIэ, фы­зэныбжьэ­гъуу щытащ…» «СощIэ, сощIэ! — губ­жьауэ кIият Мурид. — Ауэ ар дэнэ щыIэ иджыпсту? Зауэм щаукIами гъэр хъуами сыткIэ пщIэрэ?!» «СощIэ… Дауэ мыхъуами, сэ Хьэрун сыпэплъэнущ.

  • СощIэ ар къызэрыкIуэжынур». «Ара узытемыкIынур? Гупсысэрт фIыуэ. Абы къигъэзэж ­хъунукъым. Дэ нэмыцэм диубыдащ, къытте­кIуащ. Иджы дызэгупсысын хуейр ди щхьэ Iуэхущ…» «Хьэуэ, Мурид, сэ уэ щхьэгъусэ сыпхуэхъункIэ Iэмал зимыIэщ. Аращи, къашэ нэгъуэщI…» «ЛIо, къыздэкIуэн щымыIэу жыпIэу ара? Уэ пхуэдэр щэрэ минрэщ, хъыджэбзыжь цIыкIу!»
  • А псалъэмакъым иужь-кIэ куэд мыщIэу гъунэгъу къуа­жэм щыщ хъыджэбз къишащ. ХьэгъуэлIы­гъуэр щекIуэкIыну махуэм Мурид Дарэ елъэIуащ и пшынэр иIыгъыу абыхэ я деж кIуэуэ и хьэгъуэлIы­гъуэр хуигъэдэхэну. Пшынауэр арэзы хъуащ.
  • Джэгур ехьэжьауэ екIуэ­кIырт. Абы Мурид къригъэблэгъат я къуажэ старостэри, езым и лэжьэгъу полицайхэри. Ауэ псом хуэмыдэу ар щIэгуфIэр цIыхугъэ къыхуэхъуа нэмыцэ офицеритIи и ­хьэгъуэлIыгъуэм къы­зэрырихьэлIарт. Ахэр шэнтхэм тесу, старостэр ящхьэщыту, адыгэ джэгум еплъырт. Дауи, иджыт ­апхуэдэ япэу щалъагъур.
  • Дарэ гукъыдэж лъэпкъ имыIэ пэтми, и пшынэм еуэрт, зы къафэм зы къа­фэр кIэлъыкIуэу. Мурид лъэныкъуэкIэ къыщыту едаIуэрт а къафэхэм. Ар пэплъэрт Дарэ езым зэхилъхьа «Хьэрун и къа­фэм» еуэным. АрщхьэкIэ пшынауэм ар игу къэ­мыкIыж хуэдэт. Мурид гурыщхъуэ ищIащ Дарэ фIыуэ ­илъагъу, иджыпсту ­зауэм щыIэ, псэуми лIами имыщIэ Хьэрун и къафэм еуэну хуэмейуэ. Абы и шыпхъур къриджащ: «КIуэи Дарэ жеIэ «Хьэрун и къафэм» еуэну». И шыпхъур Дарэ ехъуцацэри къыIукIыжащ: «Идэркъым. Мы дунейм фIыгъуэ теткъым сэ абы сызэреуэн, езы Хьэрун къэмыкIуэ­жауэ», — жиIащ.
  • Мурид занщIэу IэлфIы­цIэу къызэкIуэкIащ, зрич­ри Дарэ бгъэдыхьащ. «Еуэ «Хьэрун и къафэм» бжес­Iакъэ?!» — мыину, ауэ хэкъузауэ жриIащ абы Дарэ. «Сеуэнукъм!» — жиIэри хъыджэбзым и щхьэр ирихьэкIащ. Мурид и кIэра­хъуэр кърипхъуэтри, пшынауэм и гущхьэм триу­нэщIащ…
  • Апхуэдэу дунейм ехы­жауэ щытащ пшынауэ Дарэ. ИужькIэ абы уэрэд хуау­сыжащ.
  • Къагъырмэс  Борис.