ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Шыхулъагъуэ'

Гъуэгуанэм пызыщэхэр

2023-01-21

  • «Шыхулъагъуэ» напэкIуэцIыр «Адыгэ псалъэ» газетым иIэу щытащ. Абы къытрадзэрт тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, литературэм теухуа тхыгъэхэр. А напэкIуэцIыр зэман зэхуэмыдэхэм газетым щылэжьа ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм ягъэхьэзыру къекIуэкIащи, дэри абы пытщэну ди гуапэ къудей мыхъуу, ди къалэнуи къыдолъытэ, адыгэ псалъэр гъэIуныр ди пщэрылъщи.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

2018-02-03

  • Тхыдэ
  • Къэбэрдей уэркъхэр  Польшэм щозауэ
  • XVI лIэщIыгъуэм Польшэм къэбэрдей уэркъитху зэрыкIуэгъамрэ иужь-кIэ абыхэм я щхьэ кърикIуамрэ теухуа лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр лыхь (поляк) тхыдэтх Грушницкий Мартинщ. А тхыгъэр Иорданием щыпсэу ди хэкуэгъу Жэмыхъуэ Амжэд зэридзэкIри, «Адыгэ псалъэм» тридзащ. Нобэ псалъэмакъым къыпещэ Германием къикIыжа, Мейкъуапэ щыпсэу еджагъэшхуэ Едыдж Батырай.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

Шыхулъагъуэ

2017-09-30

  • ЩIэныгъэлIым и псалъэ
  • РАН-м и академик Щэуджэн Iэсхьэд:  ЦIыху  гъаблэр  къэкIыгъэ гъаблэм  къыщожьэ
  • Ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэ, биологие щIэныгъэхэм я доктор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и действительнэ член, ЩIДАА-м и академик Щэуджэн Iэсхьэд «Кубаным и зыужьыныгъэм зэрыхуэщхьэпам папщIэ» медалым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

2017-06-24

  • Щэнхабзэ
  • Усыгъэм  и  аллеем  зеубгъу
  • ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит усыгъэм и аллеер тхакIуихкIэ нэхъыбэ хъуащ. УсакIуэ цIэрыIуэ Отаров Керим къызэралъхурэ илъэси 105-рэ щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща Iуэхум цIыху куэд зэхуишэсат. ЗыгъэпсэхупIэ хадэм иджы къыщыппожьэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Отаров Керим, Мокаев Магомед, КIуащ БетIал, Къэшэж Иннэ, Бабаев Ибрэхьим сымэ я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр тету мывэ къырым къы-хэщIыкIа «тхылъхэр».
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

2017-01-28

  • Апхуэдэщ   Абыдэр
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Дзэлыкъуэ куейм щыщ Къармэхьэблэ къуажэм лIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм я пэщIэдзэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIум зэман дэкIмэ «ЩIы хъурейм и щытыкIэр зыубзыху цIыху» цIэр къыфIащыну хэт и гугъэнт? Абыдэхэ Тажудинрэ Женярэ я бынитхум языхэз Мусэщ зи гугъу тщIыр, медицинэ щIэныгъэхэм я докторырщ, профессорырщ, урысей, дунейпсо академиехэм хэтырщ, ЩIДАА-м и академик цIэрыIуэрщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

Зы усакIуэм и плъыфитI

2017-01-28

  • Бемырзэ Зураб и тхылъыщIэм теухуауэ
  • Сэ уэрэд щIыжысIэр, абы къикIыр — сыщIэпсэур — урысхэм я закъуэщ. НэгъуэщIыбзэкIэ уэрэд жысIэн щIэздзэмэ, бзэмыIухэр фейдэ зыхамыхын сату Iуэху хэслъафэм ещхьщ. Си уэрэдым и купщIэр зэрыщыту кIуэдынурэ цIыхухэр къызэрыкIуам хущIегъуэжауэ збгъэдэкIыжынущ.
  • Вертинский Александр
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

IутIыж Борис и цIэкIэ

2016-01-30

  • Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъу Думэн (Iэдэмей) Акилэ къыхилъхьэри, Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ даIыгъри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу нэгъабэ екIуэкIащ ди адыгэ литературэм къыщIэтаджэ, илъэс 17-м къыщыщIэдзауэ илъэс 30-м нэс зи ныбжь тхакIуэ щIалэхэм я зэпеуэ. Абы къагъэхьа рассказхэмрэ новеллэхэмрэ хэплъащ къэпщытакIуэхэм яхэтахэу УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ГТРК-м и унафэщI Фырэ Руслан (къэпщытакIуэхэм я тхьэмадэ), УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэ-ныгъэм и тхьэмадэ Мэзыхьэ Борис, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, кри-   тик Къэрмокъуэ Хьэмид, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Хъуажь Фахъри, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и радиом и редактор, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Аброкъуэ Бэллэ сымэ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

Мы гъэм мэракIуэр IэфIыншэщ

2016-01-30

  • ГЪУКIЭКЪУЛ  Иринэ
  • Рассказ
  • — КIунэ, хьэм ямышхыжын хъыджэбзыжь цIыкIу, мыдэ къакIуэ! — Хьэрун губжьауэ иреч-иресэ.
  • — Сыт къэхъуар, Даа? — езым нэхъ цIыху мамыррэ нэхъ цIыху тыншрэ дунейм зэрытемытыр и нэгум къищу, илъэсипщIым ит хъыджэбз сырыху цIыкIур дадэм бгъэдолъадэ.
  • — А зи унагъуэр бэгъуэн, мы джэдум сыт епщIар?
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

Удзыфэу ла тыкуэн цIыкIу

2016-01-30

  • Тажджэ  Замир
  • Рассказ
  • Iэбубэчыр фIэфIкъым бэзэрым кIуэн. Ауэ, и сатур нэхъ щыкIуатэр абдежщи, пщэдджыжьым жьыуэ къотэджри зегъэхьэзыр: машинэм пыщIа гу цIыкIум ит гъущI хъарым хьэпшырхэр ирегъэтIысхьэри, щIеуфэж. Апхуэдэу умыщIмэ, зэ жьы къыщIэхугъуэм ахэр сымаджэ ирихъункIэ бетэмалщ. АпхуэдизкIэ хуэсакъыу, гумызагъэу мэIэбэ Iэбубэчыри, уеплъыну уасэ иIэкъым. Анэр сабий быдзафэм зэрегугъум хуэдэ къабзэу йогугъу ар  а псэущхьэ цIыкIухэм.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

Гум и фэбжь

2016-01-30

  • НафIэдз   Мухьэмэд
  • Рассказ
  • ГъатхэкIэм и япэ махуэщ. Зауррэ Азрэтрэ Уэлий ялъагъуну къэкIуащ. Зыгъэпсэхугъуэ къудейуэ фIэкIа кърамыдзэж но-бэрей махуэр лIыжьым дежкIэ гуфIэгъуэщ. Абы IэщIыб хуэщIыркъым зэрыцIыкIу лъандэрэ зыщIапIыкIа, лъэлъэжа совет къэралыгъуэм и Iэужьу цIыхухэм Iумпэм ящIыжа хабзэхэр. Ар иджыри мэгугъэ зэманыфI диIам зэгуэр къигъэзэжыну. Совет властыр яубу телевизорым къыщитIысхьэIам деж, и гур зэгуоуд. ЦIыхухэр абы игъэунэхъуауэ, Iей защIэ фIэ-кIа къахуимыхьауэ жызыIэхэр и гум хутегъахуэркъым. ФIы дыдэу къыгуроIуэ: лей зезыхьэхэр щыIащ. Ауэ зэрыкъэралу щхьэ убын хуей?! Езыр зыщIапIыкIар коммунизм ухуэнырт, цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынырт. Иджы, «рыночнэ экономикэм, демократием зегъэужьын», — аращ къулыкъущIэхэм жаIэу зэхэпхыр. Уэлий фIы дыдэу къыгуроIуэ инми цIыкIуми зэпадзыж «демократие» псалъэр ди къэралым къызэрыщемызэгъыр. ЕщIэ Америкэм зебгъэщхькIэ, абы хуэдэ узэрымыхъунур. Дэ ди цIыхухэр а щхьэхуитыныгъэм есакъыми, зэманыр кIуэтэху, лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэр абы зэкъуичынкIэ хъунущ. Идеологие лъэщ зимыIэ къэралыр зыхуэкIуэнур къэщIэгъуейкъым. Уэлий зэрибжымкIэ, илъэс зыбжанэ и пэкIэ екIуэкIа шэшэн зауэми щIэдзапIэ хуэхъуар лъэпкъ зэхэгъэжырщ, цIыхубэр зэрызэкъуэмытырщ. Уи щхьэ ухуитыжынри хъарзынэщ, ауэ ар щхьэзыфIэфIагъым хуэкIуэмэ, абы фIым ухуишэнукъым. ЦIыхум шынэ, укIытэ хэлъын, властым фIэлIыкIын, абы акъылэгъу дэхъуу щытын хуейщ. Арыншамэ, хабзэ щызекIуэ къэрал нэсу ущытыфынукъым.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ

2016-01-30

  • ХъуэкIуэн Антисэ
  • ХъуэкIуэн Антисэ 1957 гъэм Къуэжьыкъуей (Шэрэдж Ищхъэрэ) къуажэм къыщалъхуащ. ЕджапIэм щыщIэса лъандэрэ усэ етх.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ