ШатэкIэ гъэбэкхъа кIэртIоф
2021-02-27
- КIэртIофыр зэпэплIимэ цIыкIуурэ яупщIатэ. Бжьыныщхьэ укъэбзар щимэ цIыкIуурэ яупщIатэ, бжьыныху укъэбзар шыгъу хэлъу яуб. Тебэ куукIэ дагъэр къагъэплъ, градуси 130 — 140-рэ хъууи, абы халъхьэ кIэртIоф упщIэта гъэжэпхъар, тхъуэплъ хъухукIи зэIащIэурэягъажьэ.
- Бжьын упщIэта халъхьэ, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ, тхъуэплъыфэ къытеуэху, шыбжий плъыжь сыр хьэжа, шыгъу хаудэ, зэIащIэурэ зы дакъикъэ-дакъикъитIкIэ ягъажьэ. Абы шатэ щIакIэ, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, мафIэр ирашэх, тебащхьэр трапIэри, дакъикъи 5 — 8 хуэдизкIэ ягъэбэкхъ. ИтIанэ абы халъхьэ бжьыныху уба, зэIащIэри тебащхьэр трапIэж, мафIэ щабэ дыдэм тету зэIамыщIэу дакъикъи 10 — 15-кIэ ягъэбэкхъ.
- Тебэр мафIэм къыпэрахыжри, пэшхьэкубгъум трагъэувэ, джэдгын хаудэри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 4 — 5-кIэ щагъэт, IэфI къыщIыхьэн, мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ.
- Iэнэм щытрагъэувэкIэ зэIащIэри, тепщэчым иралъхьэ. Пщтыру яшх. ПIастэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): кIэртIоф укъэбзауэ — г 350-рэ, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 80, бжьыныху укъэбзауэ — г 20, сэхуран дагъэу — г 100, шатэу — г 250-рэ, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.