ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр'

Я хъуэпсапIэхэм хуэкIуэу

2023-07-20

  • «ЩIалэгъуэр дахэгъуэщ» жыIэгъуэм и щIагъ щIэлъ гупсысэр зыхыуигъащIэрт КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къэзыух ныбжьыщIэхэм иджыблагъэ иращIэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым. Къахуиухар иджыри мынахуэми, гугъэрэ дахагъэкIэ яхуапэ пщэдейрей махуэхэм щIалэгъуалэр гурэ псэкIэ зэрахуэпабгъэр, хъуэпсапIэ нэхухэр зэрыхуащIыр псоми я нэгум къищырт. ЕджапIэр къэзыуххэр зэрыпIейтейр къахэщми, я насыпыр я Iэ зэрилъыр зэрызыдащIэжыр гъуащэртэкъым, псоми гуращэ пыухыкIахэр зэраIэр, ар зэщIэн щхьэкIэ лъэкIи къызэрамыгъэнэнур я щытыкIэм къиIуатэрт. Зи хъуэпсапIэхэм япэ лъэбакъуэхэр хуэзыч ныбжьыщIэхэм плъэмыкIыу узрагъэплъакIуэрт, ифI екIыу къэкIуэну махуэхэм гуащIафIэу хэлэжьэнур дэтхэнэрауэ пIэрэ, жыуигъэIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ДАХ-м пщIэ яхуещI

2021-05-15

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм накъыгъэм и 8-м щекIуэкIащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэгъэнщIа

2019-09-28

  • Мы гъэм илъэс 15 мэхъури, ди къэралым щагъэлъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри зэ гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэмэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи. А псоми я къежьапIэр сабий гъэсапIэхэращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

«Баксанский вестник» газетыр илъэс 80 зэрырикъур ягъэлъапIэ

2019-08-08

  • Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пэшышхуэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Баксанский вестник» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

МэшбащIэ Исхьэкъ и щIыхькIэ

2019-06-15

  • Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыгъуасэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ дэтхэнэ зы адыгэри дызэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхьужь цIэ лъапIэр къызэрыхуагъэфэщар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Зи зэфIэкIкIэ къыхэжаныкIахэр ягъэлъапIэ

2019-05-28

  • Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм ЦIыхубзхэм я советым къызэригъэпэщауэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Унагъуэм и дунейпсо махуэм хуэгъэпса пшыхь. Абы щагъэлъэпIащ Налшык дэс унагъуэ нэхъыфIхэм ящыщхэр, щагъэнэIуащ Бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэу хагъэхьахэр, «Налшык и бзылъхугъэ нэхъыфI-2018» цIэр зыфIащахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ЕджапIэм и  илъэс  50-р

2018-10-25

  • Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кременчуг-Константиновскэ жылэм дэт курыт курыт школыр зэраухуэрэ мы махуэхэм илъэс 50 ирикъуащ. ЕджапIэм и гуфIэгъуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ щIыпIэм. Абы жыджэру хэтащ егъэджакIуэхэри, адэ-анэхэри, школакIуэ цIыкIухэри, щIыналъэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Дэрэжэгъуэм и махуэ

2018-09-04

  • ФокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэм и махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмрэ. А гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтыну ди лъахэм къеблэгъащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ, Урысейм и ЛIыхъужь Матовников Александр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Индие щэнхабзэм и хэщIапIэ

2018-07-26

  • КърихьэлIахэм я нэгум гуфIэгъуэр къищу, Iэтауэ иджыблагъэ ягъэлъэпIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Индие щэнхабзэм и центр (хэщIапIэ) къызэрыщызэIуахыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Щапхъэ  зытрах унагъуэхэр

2018-07-19

  • Жылагъуэм пщIэ щызиIэ унагъуэхэр иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Бахъсэн щIыналъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ЕджапIэ  нэхъыщхьэр къызыухахэм диплом плъыжьхэр иратыж

2018-07-10

  • Налшык дэт Театр щхъуантIэм бадзэуэгъуэм и 6-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр мы гъэм диплом плъыжькIэ къэзыухахэм я щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ пшыхь.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Лъэпкъым и щIыгу

2018-04-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иубзыхуа «Анэдэлъхубзэм и мазэ» лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, ди республикэм и щIыналъэхэм, къалэхэм щрагъэкIуэкI абы теухуа зэхыхьэхэр. Гукъинэжу икIи щIэщыгъуэу махуэшхуэ щызэхэтащ Аруан щIыналъэми.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар

2018-03-15

  • Си бзэм сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу
  • Зы адыгэ анэ дыкъилъхуащ.
  • Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,
  • Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар.
  •  Мыкъуэжь Анатолэ.
  •  Дыгъуасэ, гъатхэпэм и 14-м, КъБР-м ПечатымкIэ и унэм зэIущIэ дахэ щекIуэкIащ. Адыгэ тхыбзэм и махуэшхуэр ягъэлъапIэу, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым ирагъэблэгъащ ди республикэм и курыт школхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щезыгъэдж лэжьакIуэ гуп. Зэхыхьэм и жэрдэмщIакIуэщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Iэгуауэ иныр хуаIэту

2018-03-15

  • Налшык дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм гъатхэпэм и 1-м пшыхь щекIуэкIащ, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ илъэс 50 зэрырикъум теухуауэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

ЩIалэгъуалэр псейм доджэрэз

2017-12-30

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ТхыдэмкIэ, филологиемрэ СМИ-мкIэ и институтым и щIыхьэпIэм деж щызэхаша университетпсо ИлъэсыщIэ бал щекIуэкIащ. Маскэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыIулъ, щыгъын хэхахэр зыщыгъ щIалэгъуалэр щызэхуэсат мы гъэм етхуанэу ирагъэкIуэкI апхуэдэ гуфIэгъуэ пшыхьым.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр