ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Ди нэхъыжьыфIхэр'

Спортыр зи гъащIэ гъусэ

2022-12-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, бэнэкIэмкIэ Совет Союзым щэнейрэ и чемпион, спортым и мастер Къуэдзокъуэ Анатолэ Тембот и къуэр ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыгупагэ адыгэлIхэм хабжэ. Спортыр зи Iэпэгъуу зи гъащIэр езыхьэкIа нэхъыжьыр «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэфIхэм, и ныбжьэгъуфIхэм ящыщщ. куэдым ящIэж Анатолэ и хъыбарыфIхэм ди щIыналъэр щызэлъищIысауэ щыщыта зэманыр. Къуэдзокъуэм и псэм ноби хэлъщ и гъащIэ гъусэу къекIуэкIа спортыр. Ар нэхъыжьхэм я чэнджэщэгъущ, нэхъыщIэхэм я унэтIакIуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

ЖьантIэр зейм и псалъэ

2022-12-13

  • ЖьантIэр зыгъэбжьыфIэ, щIэгъэкъуэн, чэнджэщэгъу, ущиякIуэ къалэнхэм пэлъэщ, щIэблэр зыунэтI, узыгъэгушхуэ щытхъум щымысхь, лъэпкъым теубгъуа нэхъыжьыфI уиIэныр насыпышхуэщ. Псом хуэмыдэу, нобэ — бзэмрэ хабзэмрэ зэманыщIэм къызэдихьа щIэщыгъуэ псоми хэшыпсыхьынкIэ шынагъуэ щыщыIэ лъэхъэнэм. Унагъуэм нэхъыжьыфI исмэ, абы нэхъыщIэхэр доплъей, щапхъэ трах, лъэпкъыпсэ яIуту къохъу, щIалэгъуалэр бзэмрэ хабзэмрэ къыщIотаджэ. Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну ди гуапэщ апхуэдэ зы лъэпкъылI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

АдыгэлI щыпкъэ

2022-10-18

  • Анэкъилъхухэр зэпыщIащ, зэрощIэ хэт нэхъри нэхъыфIу. Абыхэм зэдагуэш гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри. ЖыпIэнумэ, зыр   адрейм и щIэгъэкъуэнщ. Дэтхэнэри къыщалъхуа махуэр ди дежкIэ лъапIэщи, дыхуейщ ар IэфIу ягу къи- нэжыну.
  • ФIыуэ тлъагъу ди къуэшыр, дэлъхур цIыху дыщэщ, Тэрч районым фIы-  уэ къыщацIыху, пщIэ зыхуащI, зи IэщIагъэм хуэпэж, унагъуэм и джэлэс адэ Iущщ, адэшхуэщ, адыгэлI нэсщ. Хур лъэпкъыр зыIэтщ, зэрыгушхуэщ 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м илъэс 80 ныбжьыр зыгъэлъэпIэну Владимир Хьэшорэ и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

ЩIэблэм  я щапхъэ

2021-07-10

  • ЦIыхухэр я теплъэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я хьэл-щэнкIи, я IуэхущIафэкIи зэхуэдэкъым. Абы къыхэкIыу тхузэфIэкIыркъым гулъытэ лей зыбгъэдэлъ цIыху гуащIафIэхэм зэман-зэманкIэрэ я гугъу дымыщIу. Псом хуэмыдэу ар махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зи дуней тетыкIэ укIэлъыплъыну Iэмал зыхуэбгъуэт, къэплъыхъуэми, дагъуэ гуэри щIыхуэпщIыфын щхьэусыгъуэ зыдумылъагъу цIыхуу щытмэ. Апхуэдэщ  си дежкIэ си адэ шыпхъу Феня.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

ЦIыхумрэ лъэхъэнэмрэ

2021-03-02

  • Джырандокъуэ  Михаил  и  гъащIэ   гъуэгуанэр
  • Ди тхыгъэр зытеухуа Джырандокъуэ Михаил Хьэмзэт и къуэр ди республикэми абы и адрыщIкIи фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлIщ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэщ. Республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа IэщIагъэлIхэм ящыщ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Джырандокъуэ Михаил гъуэгуанэ дахэ къикIуащ. И илъэсхэм ящыщ дэтхэнэри къипсэуащ, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ икIи купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ. А хьэлым ноби тетщ ар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Зи  зэфIэкIыр  лъагэ  щIэныгъэлI

2019-08-20

  • Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и агроном, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэм. КъызыхэкIа лъэпкъми къэралми яхуэфащэ, абы и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ цIыху гъуэзэджэхэм ящыщщ ар. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъанийр ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академикщ. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ а лэжьакIуэ емышыжым зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зэрыкупщIафIэм къыхэкIыу, пщIэ инрэ гулъытэ лъагэрэ ноби щагъуэт щIэныгъэм и дунейм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Я псэукIэр нэхъ зэIузэпэщ хъун папщIэ

2019-06-20

  • Иужьрей тхьэмахуэхэм хъыбарыфI зыбжанэ къытIэрыхьащ ди къэралым нэхъыжьхэм щагъуэтыну гулъытэм теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

ЦIыхугъэ  лъагэрэ щIэныгъэ  куурэ

2019-04-16

  • Адыгэхэм игъащIэми къыддекIуэкI лъэпкъ Iущыгъэхэм ящыщу «ГъащIэр матэщIэдзакъым» жыIэгъуэр къанэ щымыIэу хуэпхь хъунущ ди тхыгъэр зытеухуа Слъон Лудин Хьэчим и къуэм, абы къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ. Адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщ а еджагъэшхуэм и щIыбагъ къыдэлъщ IуэхугъуэфI     куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ. ЩIэныгъэм и щыгум нобэ ит Слъон Лудин гъащIэм ехъулIэныгъэу щызыIэригъэхьахэр куэд мэхъу. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м       и профессор цIэрыIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием (РАЕ) и член-корреспондентщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ, Кавказ Ищхъэрэм и физиологхэм, экологхэм, лихенологхэм я щIэныгъэ школым и къызэгъэпэщакIуэщ, Урысей Ботаникэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и членщ. КъищынэмыщIауэ, Европалатэм (Eurochambers) ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Лудин къыхуагъэфэщащ зи лэжьыгъэфIхэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм ират хабзэ дамыгъэ лъапIэри — «Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм папщIэ» медалымрэ щIыхь тхылъымрэ. А текIуэныгъэхэм, зи цIэ къидмыIуа нэгъуэщI ехъулIэныгъэ лъагэхэм ящыщ дэтхэнэми Слъон Лудин хуэзышар бгъэдэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэщ, акъылыфIагъымрэ къэухь къулеймрэщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Гагариныр  зыцIыхуу щытам  и  гукъэкIыжхэр

2019-04-11

  • Пщэдей  илъэс  58-рэ  ирокъу  дуней  псом 
  • щыяпэу  Гагарин  Юрий  хьэршым  зэрылъатэрэ
  • 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м цIыхум и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ лъэхъэнитIу игуэшауэ жыпIэ хъунущ. Ар япэ дыдэу хьэршым зэрылъэтам нэхъ мыхьэнэшхуэ иIащ, сыт хуэдэ революцэми елъытауэ.
  • Зэманыр макIуэ, хьэршыр къэгъэIурыщIэныр псори дызэсэжа Iуэхущ. Ауэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым а гъуэгур илъэс 58-рэ ипэкIэ  Гагарин Юрий зэрыхишар. Аращ абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ дунейр щыIэху щIэмыкIуэдыжынури.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

ГъащIэ  купщIафIэ

2019-04-06

  • КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, абы хуэгъэпса Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIыным теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIах ди республикэм. А Iуэхухэм дапщэщи хэтщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэри.  ЩIыпIэ хасэм и тхьэмадэщ нэхъыжьыфI, цIыху гумызагъэ икIи жэуаплыныгъэ зыхэлъ КъущхьэтIу Хьэутий ПIытIутIэ и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

ГуащIэдэкIым  щIыхь  къызыхуихьа  адыгэлI

2018-09-01

  • Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Урыху къуажэр цIыху цIэрыIуэ куэд къызыдэкIа адыгэ жылэжьщ. Абы и куэщI къитэджыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм, политикэм, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зи цIэр фIыкIэ щыIуа хэкупсэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм  и мэкъумэш IэнатIэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, зи гуащIэдэкI хьэлэлым пщIэ лъагэрэ щIыхьышхуэрэ къызыхудэкIуа Мэрзей Борис ХьэцIыкIу  и къуэр. НэхъыжьыфIым и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Абы хуэдэхэр куэд хъуркъым

2018-03-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бер Къанщобий Лиуан и къуэм и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

И пщIэ, и нэмыс иIыгъыжу

2017-12-21

  • Ди тхыгъэр зытеухуа Джэдгъэф Аслъэмырзэ Исуф и къуэр ди лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщщ. Зи ныбжьыр илъэс 95-рэ иджыблагъэ ирикъуа адыгэлIым ирехьэкI IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ. Ди республикэм къикIуа гъуэгуанэм къыхэбелджылыкI къэхъукъащIэ нэхъыщхьэхэр къанэ щымыIэу и нэгу щIэкIащ Аслъэмырзэ. Ахэр нэрылъагъу щыхъуам и мызакъуэу, ящыщ куэдым жыджэру хэтащ езыри и унагъуэри, ди шIыналъэр егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным я зэфIэкIи, къаруи, щIэныгъи ирахьэлIэу.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

ЩIэблэм я щапхъэ

2017-07-04

  • Хэку зауэшхуэм и фэбжь зылъэмыIэса, абы хэщI зримыта унагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым.   А лъэхъэнэ хьэлъэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм ящыщщ Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) щыпсэу Къалэжьокъуэ (Гугу) Нусэ Нухь и пхъур. Ар 1931 гъэм Кушмэзыкъуей къуажэм къыщалъхуащ, зауэшхуэр къыщыхъеям 5-нэ классым нэса къудейуэ арат.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ

2016-12-20

  • Аушыджэр къуажэм 1938 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыщалъхуащ Жылокъуэ Мухьэмэдин. Кружок зэмылIэу-  жьыгъуэхэм жыджэру хэту (къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ, театр жыпIэми, нэгъуэщIхэми), щытхъу тхылъхэр къыхуагъэфащэурэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ абы.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр