ХъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ
2021-02-20
- Мы гъэм илъэс 22-рэ мэхъури дунейм и щIыпIэ куэдым щагъэлъапIэ Анэдэлъхубзэм и махуэшхуэр. Къэхъугъэу Тхьэм къигъэщIахэм я нэхъыщхьэхэм халъытэ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Ар бзэ къудейкъым — ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
- Зи анэдэлъхубзэр нэсу къэзымыгъэсэбэп лъэпкъым и къарур хуэмурэ щIокIуэсыкIри, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яхошыпсыхьыж. Аращ 1999 гъэм ЮНЕСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар. Ар траухуауэ щытащ мазаем и 21-м — 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щызэтраукIауэ щытащ. А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи гуащIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ дэкъу-за лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.
- 2000 гъэ лъандэрэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр къэрал куэдым щагъэлъапIэ, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори иригъэгупсысыжу, ди анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызекIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуриджэу.
- Гъэ къэси хуэдэу, мы лъэхъэнэм ди республикэм щокIуэкI Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэхэр. Псом хуэмыдэу лэжьыгъэфIхэр щокIуэкI ку- рыт школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ. Ахэр хуэгъэпсащ ди щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэным, зыIурылъ лъэпкъым емылъытауэ бзэ псори мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэгъэлэжьэным.
- Дэри ди газетым нобэ тыдодзэ лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэм ящыща, профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор Тау Хьэзешэ Хьэлий и къуэм (1936 — 2020) анэдэлъхубзэм теухуауэ иIа тхыгъэхэм ящыщ зы. Абы пкърылъ гупсысэхэр дапщэщи щхьэпэщ зи анэбзэр фIыуэ зылъагъу, абы пщIэ хуэзыщI дэтхэнэм и дежкIи.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.