ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер Мухьэмэд и къуэр
2021-02-20
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Куэдрэ сымэджауэ дунейм ехыжащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, адыгэ усакIуэ къызэрымыкIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Тхьэгъэзит Зубер Мухьэмэд и къуэр.
- Тхьэгъэзит Зубер 1934 гъэм фокIадэм и 23-м Тэрч къалэм къыщалъхуащ. 1960 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къиуха нэужь «Советская молодежь» республикэ газетым щылэжьащ. 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и къудамэм и унафэщIу щытащ, иужькIэ редактор нэхъыщхьэ къулыкъур къыхуагъэфэщащ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм жэуап зыхь и секретаруи лэжьащ. 1974 гъэм Тхьэгъэзитыр ягъэуващ Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщIу, 1987 гъэм КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и Iэтащхьэу хахащ.
- Тхьэгъэзит З. М. и творчествэмкIэ пасэу наIуэ къищIащ и егъэджакIуэхэм, ущиякIуэхэм — ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал сымэ — яхуэфэщэн щIэблэу зэрыщытыр. А усакIуэ щэджащэхэм, апхуэдэуи урыс усакIуэ-классикхэм я дерсхэр фIыуэ зригъащIэщ, лъэпкъ IуэрыIуатэр къигъэсэбэпурэ и щIэныгъэм хигъахъуэри, Зубер Мухьэмэд и къуэм езым и усыгъэ зэчийр зыхуиунэтIынур тэмэму иубзыхужащ.
- Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр, абы къыщекIуэкI Iуэху псоми езыри зэрыпыщIар, цIыхухэм я гъащIэмкIэ жэуап зэрихьыр, гупагъэмрэ бзаджагъэмрэ я гъунапкъэр здынэсыр, усакIуэм жылагъуэм щигъэзащIэ къалэныр — ахэращ абы и усыгъэр нэхъыщхьэу зытеухуар. Сытым темытхыхьами — и адэжь щIыналъэрами, цIыхубэм Хэку зауэшхуэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэрами, гъащIэмрэ ажалымрэми, щIыуэпсымрэ гурыщIэм-рэми — абы и дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхур къызыхуигъэщIа къалэныр гъэлъэпIэнырщ, ар фIы лэжьыным, Iэужь дахэ иIэным хуэущиинырщ.
- Тхьэгъэзит Зубер «Бгым сыдокI» зыфIища и япэ тхылъыр 1960 гъэм дунейм къытехьащ. Абы къыкIэлъыкIуащ тхылъ щэщIым нэблагъэ, адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIауэ. Абыхэм наIуэ къащIащ адыгэ усыгъэм и гъэпсыкIэщIэм и пашэу ар зэрыщытыр. Тхьэгъэзитым и усэхэр Урысейм ис лъэпкъ куэдым я бзэкIи хамэ къэралыбзэхэмкIи зэрадзэкIащ.
- УсакIуэм и гуащIэшхуэ хилъхьащ урысей, дунейпсо классикхэм я IэдакъэщIэкIхэр ди анэдэлъхуб-зэм къигъэзэгъэным. Абы адыгэбзэкIэ зэридзэкIа тхыгъэ нэхъ инхэм ящыщщ Пушкин Александр усэкIэ тха «Евгений Онегин» и романыр, Руставели Шота «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» и поэмэр. Иджырей литературэм жыджэру зэрыхэлэжьыхьыр Тхьэгъэзит Зубер къигъэлъэгъуащ и литературэ публицистикэмкIи.
- Зубер Мухьэмэд и къуэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ адыгэ литературэмрэ анэдэлъхубзэмрэ зегъэужьыным, щIэныгъэм зегъэубгъуным, цIыхухэр тхылъым дегъэхьэхыным, щIалэгъуалэр гъэсэным, лъэпкъ литературэм щIэблэ къыщIэувэным.
- Тхьэгъэзит З. М. и творчествэр, жылагъуэ лэжьыгъэр щIыпIэ куэдым хэIущIыIу щыхъуащ, гулъытэшхуи къыхуащIащ. Абы къыхуагъэфэщащ ЩIыхь, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Коми Республикэмрэ я ЩIыхь тхылъхэр. Зубер къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр, КъБР-м и Къэрал саугъэтымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомолым и саугъэтымри къратащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэж, усакIуэ цIэрыIуэ, цIыху гуапэ, хэкупсэ нэс Тхьэгъэзит Зубер Мухьэмэд и къуэм и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ дигу илъынщ.
- КIуэкIуэ К. В., Егоровэ Т. Б., Мусуков А. ТI., Мэкъуауэ Т. Э., Къуэдзокъуэ М. М., Алътуд Ю. Къ., Амщыкъуэ Ф. Къ., Аттаев Ж. Ж., Ахъуэхъу Т. Б., Беппаев М. А., Беппаев С. У., Берд Хь. А., Быф А. Ж., Геккиев З. Д., Геляхов А. С., Говоров С. А., Губин Г. С., Дадэ М. А., Жанатаев С. А., Жыджэт А. А., Залиханов М. Ч., Зумакулов Б. М., Зумакуловэ Т. М., Къанокъуэ А. Б., Канунников А. Д., Къардэн М. Н., Къэрмокъуэ Хь. М., КIуэкIуэ Ю. А., Къумал З. М., Къумахуэ М. Л., Къуныжь М. А., Марьяш И. Е., Нэхущ З. А., Рахаев А. И., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., Тау П. Къ., Тату К. Б., Темыркъан Г. Ж., Тхьэгъэзит Ю. М., Ульбашев М. М., Федченкэ Л. М., Фырэ М. Д., Хьэщхъуэжь А. Б., ХьэIупэ Дж. Къу., ХьэфIыцIэ М. М., Хъубий М. Б., Шыбзыхъуэ Б. Д., Шинкаревэ Н. П., Щхьэгуэш А. Л.